Урысыбзэм и махуэр щIэлъапIэрУрысыбзэм и махуэр Урысейм и мызакъуэу, дуней псом щыпсэу цIыху мелуан 260-м щIигъум илъэс 15 хъуауэ ягъэлъапIэ, ООН-м къищта бзихым (франджыбзэ, китаибзэ, инджылызыбзэ, испаныбзэ, урысыбзэ, хьэрыпыбзэ), дуней псом и бзэ нэхъыщхьи 5-м ящыщщи. Урысыбзэм и махуэм иджыри Пушкиным и махуэкIэ йоджэ, усакIуэ цIэрыIуэм и цIэр иджырей урыс литературэбзэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхам къыхэкIыу. БлэкIа илъэсхэми хуэдэу, Урысыбзэм и махуэр мэкъуауэгъуэм и 6-м къэралым щагъэлъэпIэнущ. Пушкиным и махуэр япэу Урысейм щагъэлъэпIащ 1880 гъэм, усакIуэм и япэ фэеплъ цIэрыIуэр Москва щыщагъэувам. УФ-м и Президентым и унафэмкIэ, 2011 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-р Урысыбзэм и махуэу игъэуващ икIи урыс литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Пушкин Александр къыщалъхуа махуэр гъэ къэс ягъэлъэпIэну къыхилъхьащ. Пушкиныр Москва 1799 гъэм накъыгъэм и 26-м (иджыреймкIэ мэкъуауэгъуэм и 6-м) къыщалъхуащ. Ар щIэдзапIэ хуэхъуащ урысыбзэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми зыщегъэужьыным. Тхыдэм уриплъэжмэ, Урысыбзэм и махуэр къэралым щыгъэлъэпIэныр япэу къыхэзылъхьауэ щытар журналист Клименкэ Иванщ. Кърымыр Урысейм къыгуэмыхьэж ипэкIэ, республикэм и урыс зэгухьэныгъэм, 2007 гъэм щыщIэдзауэ, мэкъуауэгъуэм и 6-м гъэ къэс Пушкиным и махуэр «Великое русское слово» фестивалыр къызэрагъэпэщурэ ягъэлъапIэу щытащ, урысыбзэм, абы и тхыдэм, и зыужьыныгъэм гулъытэ хуащIу. ЗэрытщIэщи, Пушкиным и щIэинхэр къэлъытэгъуейщ, абы и тхыгъэхэм зыщыщ лъэпкъкIи, зэрыт динкIи ныбжькIи зэщхьэщыкI цIыхухэр зэкъуагъэувэр, ахэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIыр, дуней псом щымащIэкъым абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр. Пушкин Александр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу Урысейм и щIыналъэхэм балигъхэми сабийхэми папщIэ зэхыхьэхэр, конференцэхэр, семинархэр, концертхэр щокIуэкI. Налшык къалэми усакIуэшхуэм и махуэр гукъинэжу щагъэлъапIэр. Абы ирихьэлIэу сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ зэIущIэ гукъинэжхэр къызэрагъэпэщ. ЦIыкIухэр Пушкиным и таурыхъхэм «щохьэщIэр», усакIуэм и тхыгъэхэр зи лъабжьэ сурэтхэр ящI, викторинэ мэджэгу, макъамэ, усэ къеджэнкIэ зэпеуэхэм я зэфIэкI щоплъыж, усэхэмрэ таурыхъхэм щыщ пычыгъуэхэмрэ къоджэ, таурыхъхэм къыхэщ лIыхъужьхэр зыхэт театр теплъэгъуэхэр утыку кърахьэ. КъинэмыщIауэ, мы махуэм ирихьэлIэу библиотекэм и лэжьакIуэхэм Пушкин Александр и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр щызэхуэхьэса дапхъэхэр ягъэув, тхакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ щIэблэм ягу къагъэкIыж, и фэеплъым деж щызэхуос, удз гъэгъахэр тралъхьэ. Урысыбзэр телевиденэм, радиом, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, Интеренет къыдэкIыгъуэхэм къагъэсэбэп. Социальнэ напэкIуэцIхэми урысыбзэм, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуащI. Урысыбзэр къэралыбзэу щагъэуващ Урысейм, Белоруссием, Приднестровскэ Молдавэ Республикэм, Осетие Ипщэм, Абхъазым, Гагаузием, Румынием и щIыналъэхэм ящыщу старообрядцы-липоване жыхуаIэхэр щыпсэухэм, Къэзахъстаным, Къыргъызстаным, Таджикистаным. Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, урысыбзэм и зыужьыныгъэм, къабзагъэм хэщIыныгъэ игъуэтауэ къалъытэ. Интернетым, IэмалыщIэхэм я зэранкIэ абы хамэ къэралыбзэхэр куэду къыхыхьащ. Урысыбзэр яхъумэжын, абы зрагъэужьын, абы и фIыпIэр щIэблэхэм ящIэн папщIэ къэрал Iуэху щIын хуейуэ къилъытэу иджыблагъэ Президент Путин тепсэлъыхьащ, программэ щхьэхуэ мыгувэу ягъэбелджылыну унафи щыIэщ. ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ Интернетымрэ урыс литературэбзэр къыщызыгъэсэбэпхэр, пэжырытхэм тетхэр гъэгушхуэным и зэману къалъытэ. ЩIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм я бзэу дуней псом къыщалъытэ урысыбзэм и пщIэр нэхъри къэIэтын хуейщ. 2025 гъэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэм кърикIуамкIэ, дуней псом нэхъ щIэупщIэ щызиIэу къалъыта бзэхэм я ебгъуанэщ урысыбзэр. Апхуэдэ щIэупщIэ абы зэриIэр Урысейм щыпсэухэм я дежкIэ гуапэщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
20.07.2026 - 12:04 →
НОБЭ
| ||




