ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ![]() КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм текIуэныгъэ къыщихьащ. Зэхьэзэхуэр Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм зэхишащ ЮстицэмкIэ урысейпсо къэрал университетым щIыгъуу. Хабзэ зэрыхъуам тету, абы я зэфIэкI щагъэлъагъуэ Урысейми хамэ къэралхэми щызэфIэува суд пристав IэнатIэм и къежьапIэм, зэрызиужьам, IэнатIэр иджырей мардэхэм тету зэрылажьэм теухуауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм. Зэхыхьэм илъэс куэдкIэ Урысейм и ФССП-м деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщIу щыта Чичканов Валерий и цIэр зэрехьэ. Iэрыс Iэсият.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||





