Зыужьыныгъэхэм хуэунэтIа лэжьыгъэхэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ пэхуэщIэу 12 иджыпсту щагъэзащIэ. Абыхэм щхьэкIэ мы гъэм бюджет зэхуэмыдэхэм сом мелард 14,3-рэ къаутIыпщынущ, абы щыщу сом мелард 11,7-р къэрал бюджетым ейуэ. ЩIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар щIыпIэ инфраструктурэмрэ республикэм и социальнэ IэнатIэхэмрэ егъэфIэкIуэнырщ. НобэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэ, къыщагъэщIэрэщIэж, къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыж объект зэхуэмыдэу 140-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, спортым епха IуэхущIапIэхэр, гъуэгу хозяйствэмрэ псэупIэ-коммунальнэ инфраструктурэмрэ я IэнатIэхэр. Апхуэдэуи, зэхъуэкIыныгъэфIхэр хыболъагъуэ республикэм и экономикэми. ЖыпIэнурамэ, 2026 гъэм и щIышылэм - мэлыжьыхьым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым проценти 3,8-кIэ хэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ. КъищынэмыщIауэ, ди щIыналъэм и хэхъуэми зиIэтащ: дызэрыт илъэсым и япэ мазиплIым республикэ бюджетым проценти 8-кIэ къыхэхъуащ. Абы нэмыщI, КъБР-м езым и хэхъуэр (налог, налог ахъшэу щымытхэри хэту) нэхъыбэж хъуащ икIи процент I3 къигъэлъэгъуащ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
12.08.2026 - 13:27 →
Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь
12.08.2026 - 12:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 12:00 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




