Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и II-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм щIышылэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №7-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэм ятеухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ къищтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн, мы къыкIэлъыкIуэхэр абы хэгъэхьауэ: Дячкинэ А.Б. - «Базис» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь производственно-коммерческэ фирмэм и унафэщI нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ) Чочаевэ А.Б. - «Ренессанс» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и коммерческэ унафэщIыр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ). 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м №53-УГ
Поделиться:
Читать также:
06.08.2026 - 11:06 →
ДыщIэгушхуэ хъунухэр ди куэдщ
05.08.2026 - 15:57 →
ЕгъэджакIуэхэр ягъэгушхуэ
05.08.2026 - 11:09 →
Об охоте и о сохранении охотничьих ресурсов и о внесении изменений в отдельные законодательные акты Российской Федерации
28.07.2026 - 16:53 →
Бжыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ
25.07.2026 - 16:00 →
Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ
| ||




