ГущIэм щымыужьыхыж фэеплъ

ГъащIэр апхуэдизкIэ теплъэгъуэ куэду зэхэтщи, ныбжьым и зы далэ къэпкIуауэ ущызэплъэкIыжкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абыхэм узэрамыщIыкIыу, цIыху сэфэтым урамыхуу укъызэрызэтенэр. «ЦIыхуфэр Iувщ, хуэмышэчын къытрилъхьэркъым», – жыхуаIэр пэжщ, армыхъумэ узыпэмыплъэу къэхъухэм я щхьэкIуэм цIыхум зригъэужьынтэкъым, псэ тыншыгъуи къаритынтэкъым. ГъэщIэгъуэнращи, апхуэдэ къэхъугъэ хьэлъэхэм Iуданэпсу къешэкIащ цIыхум и гъащIэм хэлъ гукъэкIыж IэфI псори. Гуауэм и щIагъ щIэлъщ цIыхугум щыблэ лъагъуныгъэ мафIэр зымыгъэкIуасэ, къэзылъхуам, къыдалъхуам, къилъхуам яхуиIэ гурыщIэр. Аращ цIыхур щызыгъэIэр, гугъэхэр езыгъэщIыр, унагъуэ щIыбагъ къезыгъэлъыхъуэр.
«Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ идолъхьэ Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Лосэн Хьэужан и къалэмыпэм къыщIэкIа зы тхыгъэ. Анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр щIэблэм зыхезыгъащIэ икIи къезыгъащтэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщщ Хьэужан. ЗэрыегъэджакIуэфIым къыдэкIуэу, ар тхэнми хуэхамэкъым. Дыхуейт а зэфIэкIымкIэ егъэджакIуэр цIыхухэм гъунэгъуу къедгъэцIыхуну. «Гум и джэ макъ» зыфIища и Iуэтэжыр пэжу къэхъуа Iуэхугъуэм теужьыкIащ, гъэгъуныгъэм укъыхуриджэу зэхэлъхьащ, Iуэтэж жыпхъэм иту гъэпсащ. Анэм и гуIэгъуэхэмрэ анэкъилъхум и гузэвэгъуэмрэ щызэщIэжьыуэ тхыгъэм мотив къуэж куэд иIэщ, зы къэIуэтэгъуэр щызэфIэкIым деж, ар зэхэзыхым нэгъуэщI къыпигъэувэжыну Iэмал къриту. ДызыщIэдэIур Iуэтэжыр зи къалэмыпэ къыщIэкIа Лосэн Хьэужан и макъращи, абы и псалъэ зэпыщэкIэм Iэмал къыдет къэIуэтэжакIуэм дыдэгумэщIыну, жиIэр къапщтэу е къыумыщтэу уи еплъыкIэ зэбгъэпэщыжыну.

 

Гум и джэ макъ

ЛыкIэ, лъыкIэ къыбгухьэ псори IэфIщ. IэфIщ адэ-анэр, гъащIэ къыузэратам нэхъ щхьэусыгъуэ имыIэми. IэфIщ къыбдалъхуахэр, узэтIыркъми-узэшыркъми, зы шынакъ уошхыкI, зы псысэ уодаIуэ, зы адэ-анэм я унафэ ущIэтщ, узэгъусэщ сытым дежи. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ зэман кIэщIкIэ узэкIэщIэкIами, зы унэ укъокIуэлIэж, махуэм бгъэхъар зэхубоIуэтэж. Зыгуэрым лей къытехьамэ, игъащIэм зэщыхьауэ умыщIэжыну, зэкъуоувэри къыщхьэщож. Арат адэ-анэм дызыхуагъасэр – узэрылъагъумэ, узэрыIыгъмэ, хамэхэми пщIэ къыпхуащIынущ, дзыхэнущ. БзаджащIэ цIыкIухэри къыптегушхуэнукъым. Зыми хуэмыдэу, унагъуэм ис сабий нэхъыжьхэри балигъхэри нэхъ зытегужьеикIауэ щыт хабзэр нэхъыщIэ цIыкIуращ.
Ди унагъуэми псоми дгъафIэу зы хъыджэбз нэхъыщIэ цIыкIу диIэт. Пэжщ, дыщыхузэгуэпи къэхъурт сабий нэхъыжьхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адэ-анэр абы зэи ешхыдэртэкъым, мыр пщIакъым, модрейр пщIакъым жаIэу зэи и жагъуэ ящIыртэкъым. Папэрэ мамэрэ дэнэ кIуэми здашэрт, и мыгъусэу а тIум языхэзыр зыщIыпIэ кIуами, зыщыгуфIыкIын гуэр къыхуимыхьу къэкIуэжыртэкъым. Майе цIыкIу щIыкIафIэт, нэфIэгуфIэт, дахэ цIыкIут, цIыхум защигъэнщIыртэкъым, псом хуэмыдэу ди анэр зыми пищIынутэкъым. ГъащIэм хуэнэхъуеиншэт, щызекIуэкIэ и лъакъуэ цIыкIухэр гъуэрыгъуэурэ зэблихъуу дэпкIейурэ гъуэгум кърикIуэу си нэгу щIэтщ.
Гъэмахуэщ, дунейр дыгъэпс дахэщ. Хадэм уихьэмэ, псори щхъуэкIэплъыкIэщ, тхыпхъэщIыпхъэ хэдыкIам ещхьу. Хьэсэхэр удзыфэ дахэщ, нартыхум я щхьэц къыдадзахэр зым ейр плъыжьыфэщ, адрейм ейр гъуэжьыфэщ, иныкъуэхэр удзыфафэщ. МыIэрысэ пасэр джабэплъ дахэу тхьэмпэ щхъуантIэхэм къахоплъыжьыкI. Анэм уцэрэфыжауэ игъэжьа щIакхъуэ хъурей тхъуэплъышхуэм IыхьэфI зырыз къыгуитхъырти, ди Iэр къису къыдитырт, шыгъу тIэкIу щIыдгъужырти, бжьын цIынэ, балыджэ хъуагъащIэ тшхыну Iэджэрэ хадэм дихьэурэ дыщис къэхъурт, мами тщIыгъуу. Сытуи IэфIт! Дуней псор дэра хуэдэт зейр, сыт ди гукъеуэт? Ди анэр гупсэт, ди адэр псэут!
Ауэ гъащIэр гъащIэщ, зы къэхъугъэм адрейр ехъуэж, упэмыплъагъэххэу зы фIыгъуэ гуэр е мыгъуагъэ гуэр къызыкъуихыныр и щэнщ. Майе илъэсипщI фIэкIа щымыхъум, сэ унагъуэ сихьагъащIэт. Апхуэдэм деж укъызыхэкIа унагъуэм нэхъ ухуогумэщI, уигу къокIрей, псоми уахуозэш, езыхэри ущыкIуэжынум пэплъэу щысщ, къахуэмыгъэсу.
Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ мазэхэм гъуэгубгъум деж дохъушыкъуейдэсхэм бэзэр къыщызэIуахауэ пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щащэ хабзэт. Си шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIури яхэтт а сатуущIэхэм, уеблэмэ псоми ятекIуэжат. Пэгун хьэлъэр дримыгъэхыу ди анэм худихырти, къэкIуэжырт. Сыкъэсыжа щыжиIэм, пэгун нэщIитIыр игъэкIыргъыу дуней гуфIэгъуэр иIэу къыдэлъэдэжырт, мамэ къыжриIэну псалъэ дахэхэм хуэпIащIэу. Апхуэдэу зэгуэрым сатууфI ищIауэ пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжащ Майе. Ар иджыри хуейт дэкIыну, ауэ мамэ хуидакъым:
 – Хъунщ ар зы махуэкIэ. ТIыси IэфIу шхэ, зыгъэпсэху, узыхуейр щIэ.
АрщхьэкIэ, шхэн имыдэу, дагъэ пщтырым къыхихыжа лэкъум пIэрэпIэщэжыр къищтэри дэкIащ сагъыз къищэхуну, къэкIуэжмэ шхэну жиIэри.
Ди анэр щIэгузавэр езыми къыгурымыIуэжу пIейтейрт, и гур егъэлеяуэ ину къеуэрт. Лэкъум гъэжьэныр иухри, хьэкъущыкъухэр зэхитхьэщIэжащ, я пIи иригъэзэгъэжащ. Тхъупсым зэрихьэ шыпсым джэдыщIэ иукIам щыщ лы Iыхьэ тIурытI хэлъу тепщэчитI, лэкъумхэр зэрылъ зы тепщэч, пIастэ хуабэ зэрылъ нэгъуэщI зыи Iэнэм къытригъэуващ.
«Жэщ хъунущ, щхьэ къэгувэрэ мы Iейр, шхынри мэупщIыIуж?» – жиIэу здегупсысым, фочауэ макъ къэIуащ. Сытуи макъейт, сытуи шынагъуэт! Езыми къыгурымыIуэжу «Майе!» жиIэри кIиящ, щIэпхъуащи, хъыджэбз цIыкIур здэкIуа унагъуэм мажэ.
А унагъуэр зытес уэрамым утехьэн папщIэ, уэрам ныкъуэ иджыри ижын хуейт. Мажэ, мажэ, нэсыркъым… Сытуи кIыхьт а ныкъуэр, хьэмэ и лъэр зэблэмыкIыу ара? «Майе» и тхьэкIумэм къиIуар, хьэмэ къыщыхъуу ара? Гъы макъ хьэмэ зэрыгъэкIий макъ зэхихыр? ГурыIуэгъуэншэщ… Мажэ, тохьэ уэрам шынагъуэм. Дэнэ мыпхуэдиз цIыхур къыздикIар, щхьэ зэрызехьэрэ, щхьэ зэрыгъэкIийрэ псори? Аргуэру и тхьэкIумэм къоIуэ: «Iуфш псынщIэу!» Хэт Iуашынур, дэнэ здашэнур?! Нэсащ псори щызэхэт щIыпIэм. Зэпылэлу дэIэпыкъуэгъу псынщIэм иралъхьэ Майе. Анэ тхьэмыщкIэм и макъыр езым зэхихыжыркъыми мэкIий: «Дэнэ здэфхьыр, къызэфтыж си сабийр?!» АрщхьэкIэ дунейр къытоункIыфIэ…
ЩIалэ нэхъыжьыр унагъуэ хъужри щхьэхуэу тIысауэ, ауэ тпэмыжыжьэу псэурт. Ар тест а уэрам шынагъуэм. Абыи къызэхихащ фочауэ макъыр. КъыдэцIэфтри, и шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIум и цIэр жаIэурэ хэти кIийуэ, хэти гъыуэ къыщызэхихым, зричащ. Аргуэру «яукIащ» псалъэр и тхьэкIумэм къиIуащ. Дэлъэдэжри, блыным фIэлъ фочыр къыфIихауэ ипщэкIэ дожей, нэсащи, и нитIыр къихуу яхоплъэ, мэкIий:
 – Сыт къэхъуар, сыт Майе къыщыщIар, дэнэ здашэр, сыт щIашэр?!
ИхъуреягъкIэ «Майе» жаIэурэ сабийхэри балигъхэри зэхэпхъауэ щытщи зэщIогъуагэ. Щтэщащи, и фочыпэр шияуэ и пIэм йоуджыхь, ауэ зригъэпщэнур хэт?! ИхъуреягъкIэ щытыр и Iыхьлыщ, и благъэщ, и хьэблэгъущ:
 – Хэт сыт етщIа икIи къыдищIэфыну? Къэхъуа дыдэр сыт? ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм щхьэ Iуиша?
ХъыжьпIыжьщ, ауэ и щхьэр мэлажьэ, и гур губзыгъэщ. Маплъэри, и анэр къелъагъу.
 – Мамэ! – зедз и анэмкIэ лIым. Анэм и нэр мащIэу къызэтрехри «Майе» жеIэри къыхокъугъыкI, хуэмурэ къызэфIагъэувэ.
 – Мышэ, уэри щхьэ пIыгъ мы фоч угъурсызыр? Мышэ, думыгъэунэхъу! – мэгузэсэж мамэ.
 – Мышэ, Мышэ, псынщIэу скорэм дыкIэлъыгъакIуэ, ар псэущ иджыри! – къоджэ фочыр здэщыIа унагъуэм я цIыхухъу нэхъыжьыр.
Машинэм зрадзэри якIэлъыкIуащ, ауэ пщIэншэрыкIуэт. ЩыIуашым и псэр хэкIат а тхьэмыщкIэ цIыкIум. ЦIыхур нэгъуэщIу яхузэхэгъэкIынутэкъыми, Iурагъэшауэ арат. Майе и закъуэтэкъым Iуашар, фочыр «къызыIэщIэуа» щIалэ цIыкIури IуашакIэт, уеблэмэ къуажэм дагъэбзэхыкIат, етIуанэ хьэдагъэ къэмыхъу щIыкIэ, жаIэри.
Къэхъуар мырат. Зэдэлъхузэшыпхъу, я бжыхь кIапэ зэтауэ, зэгъунэгъуу псэурт. Дэлъхум и къуэм, тхьэкIумэкIыхь ещэну, и адэ шыпхъум и щхьэгъусэм и фочыр къыIихащ. Фочыр зейр къэкIуэжри, блыным фIэмылъыжу щилъагъум, къэгубжьауэ здэщыIэмкIэ щIэупщIащ. И щхьэгъусэм хуэгубжьри, илъэсий фIэкIа мыхъу, къахьауэ япI я къуэ цIыкIур фочыр къихьыжыну игъэкIуащ. ЩIалэр дэстэкъым, цIыхухъу нэхъыжьри хадэм итт. ЦIыхубзым жэм ишу Iуэм исти, «папэ сыкъигъэкIуащ» сабийм щыжиIэм, пэш плIанэпэм къуэт фоч узэдар къищтэжыну жриIащ. Фочыр иIыгъыу пщIантIэм къыщыдэкIыжым ирихьэлIэу а унагъуэм я хъыджэбз цIыкIумрэ Майе цIыкIумрэ гуфIэжу уэршэрурэ къехыжырт.
 – Сыноуэ, – жиIащ жаIэ, Майе фочыр тригъапсэри.
 – Шэ илъыххэкъым абы, тхьэ укъызэмыуэн, – къыпыгуфIыкIыу жэуап иритыжащ.
ЩIалэ цIыкIум фочыр зэфIигъэпкIри, шэ зэрилъыр иригъэлъэгъуащ. Абы и ужькIэ еуащ. Къилъэтащ ажалыр зи пэм пылъ бдзапцIэшэр, зэи къэмытэджыжыну щIы фIыцIэм си гуащэ сурэт цIыкIур хэзыIулIар.
Ар къызэрыхъурэ илъэс пщIырыпщI Iэджэ дэкIыжащ, ауэ куэдрэ согупсыс: «ЗэрыIуашар нэхъыфI? Сымаджэщым якIэлъымыкIуамэ, хэтми, зыгуэр къыIэщIэукIэнут. ИтIанэ лIыукI хъуауэ аратэкъэ?» – жысIэурэ.
ЩIалэ цIыкIухэм зэзэуэн, зэбэныныр я хьэлщ. Мышэ апхуэдэтэкъым, уеблэмэ и къуэш нэхъыщIэ цIыкIуитIым, щещхьэфауи къыхэкIыу, ешхыдэрейт, зэхэуауэ зэхихыжмэ. ИтIани куэдрэ жиIэрейт:
 – Абы щыгъуэ къэхъуар сщIатэмэ, силъ сщIэжатэкъэ?!
Сабийр фочхьыж зыгъэкIуа адэрат Мышэ игъэкъуаншэр. Къуаншэт фочыр узэдауэ плIанэпэм дэзыгъэувэжа щIалэри, къищтэжыну жезыIа цIыхубзри. Хэтыт абы мыкъуаншэу яхэтыр? Пэжщ, зыри хуеякъым апхуэдэ къэхъуну! Ари къызгуроIуэ! Дауэ мыхъуами, сыхуейтэкъым Мышэ лIыукI хъуну. Нобэр къыздэсым яхуэзгъэгъуфыркъым унагъуитIми, псом хуэмыдэу, фочыр зей унагъуэм, зэфэну псыр къэмыжа сабийм и гъащIэр зэрыIахам щхьэкIэ. Яхуигъэгъуфакъым Мыши, и Iупэр зэтежми, фIэхъус-сэлам зэIэпахми, и гум дыркъуэр телъащ псэуху, къезауэу, къеузу, и нэпсыр къыщIихуу.
«И натIэм къритхат», – жаIэ. Ауэ ари си фIэщ схуэгъэхъуркъым, абыхэм Майе и псэ махэ цIыкIур хахауэ къызолъытэри.
Дэлъхум, нысэм, къуэм я цIэ къисIуэфакъым – сэ ахэр зэгуэр фIы дыдэу слъагъуу щытащ, икIи зэи ягъэбиякъым си адэ-анэм. ЗэщхьэгъуситIыр дунейм ехыжащ, я псэр згъэгузэвэнуи сыхуейкъым.
Хьэлъэщ мыпхуэдэ щIэщхъу гуауэм, гукъутэм утепсэлъыхьыну, ауэ гум и джэ макъым срихулIащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик