Адыгэ тхакIуэхэм траухуэТхылъыщIэ «Адыгские (адыгейские, кабардинские, черкесские, черкесского зарубежья) писатели XIX-XXI вв.» биобиблиографие псалъалъэм и етIуанэ томым хэлэжьыхьыжри, Налшык и «Принт центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIыжащ. Тхылъым тхыгъэ 136-рэ къызэщIеубыдэр. Абы къыщыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Кавказ Ищхъэрэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Мысырым, Франджым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм) щыпсэу адыгэ тхакIуэхэм, IуэрыIуатэджхэм, литературэджхэм, я гъащIэмрэ гуащIэмрэ, я тхыгъэхэм теухуахэр. Гуманитарнэ къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и секторым и щIэныгъэлI-литературэджхэу БакIуу Хъанджэрий, ТIымыжь Хьэмыщэ, Тхьэгъэзит Юрэ, Алъхъэс Светланэ, ХьэкIуащэ Мадинэ, Хьэвжокъуэ Людмилэ, щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Шакъ Марьянэ, Къэжэр Иннэ сымэ мы псалъалъэр илъэсийм и кIуэцIкIэ ягъэхьэзыращ. Псалъалъэм хагъэхьащ къэралым щыцIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу ХьэкIуащэ Андрейрэ Хьэщхъуэжь Раисэрэ я лэжьыгъэхэри. Томищ хъу (2021, 2022, 2023), тхакIуэ 400 къызэщIэзыубыдэ тхылъхэр институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и секторым и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Хьэвжокъуэ Людмилэ жэуап зыхь и редактору дунейм къытехьащ. Тхылъхэм щызэхуэхьэсыжащ адыгэ литературэм къежьапIэ хуэхъуа джэгуакIуэхэм, усакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ нобэм къэсыху зэригъэгъуэта ехъулIэныгъэхэр. Псалъалъэр зэхэзыгъэува къэхутакIуэхэм гулъытэ ин хуащIащ адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм, ахэр зэпкърыхыным, ахэм къагъэлъагъуэ зэфIэкIымрэ Iэзагъэмрэ гъэбелджылыным. Зэхуахьэсыжащ совет зэманым литературэм зи цIэ хэкIуэдыкIа тхакIуэ щхьэхуэхэмрэ абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэмрэ. XX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм – XXI-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм литературэм япэ лъэбакъуэ хэзыча тхакIуэ щIалэхэм иджы япэу щIэныгъэм я цIэ къыщраIуащ. Псалъалъэр зэхэзыгъэувахэм гулъытэ хуащIащ адыгэ, къэбэрдей, шэрджэс диалектым тет, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ тхакIуэхэм, ахэр зэрытхэ бзэм (адыгей, къэбэрдей-шэрджэс, урыс, хьэрып, тырку, инджылыз, нэмыцэ) емылъытауэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми ди щэнхабзэм, литературэм я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абыхэм я гъащIэмрэ гуащIэмрэ лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэр щыгъэгъуэзэн зэрыхуейр – аращ мы лэжьыгъэшхуэр зытеухуэжар. Псалъалъэм къыщыхьа дэтхэнэ зы тхыгъэри урысыбзэрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ тхащ, «Сочинения», «Литература о творчестве» библиографие гуэдзэнхэри щIыгъужащ. Лэжьыгъэр яхуэгъэзащ щIэныгъэлI-литературэджхэм, культурологхэм, курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я егъэджакIуэхэм, филолог IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт студентхэмрэ аспирантхэмрэ, адыгэ литературэм и тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэн псоми. Псалъалъэм и етIуанэ томыр и бжыгъэр ебзыхьэкIауэ къызэрыдэкIам къыхэкIыу, тхылъыр щIэупщIэ псоми зыIэрагъэхьэну Iэмал яIакъым. Абы къыхэкIыу, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ (шэрджэс) Академием и президент, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и Федеральнэ зэхуэсым хэт Къанокъуэ Арсен и мылъкукIэ мы гъэм лэжьыгъэр щIэрыщIэу къыдагъэкIыжащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




