ЦIыхубэм яхуэгъэза псалъэ
УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщIхэм къыхалъхьа жэрдэмыр къыдаIыгъащ Налшык къалэ администрацэмрэ къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» арт-залымрэ. Иджы къалэдэсхэмрэ республикэм ди хьэщIэхэмрэ Iэмал яIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэ цIэрыIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Къэшэж Иннэ, Зумакуловэ Танзиля, Отаров Керим, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэм зыщагъэгъуэзэну. Щэнхабзэ, литературэ щIэинхэм нэхъыбэ щыгъэгъуэзэным гулъытэ зэрыхуащIым мыхьэнэшхуэ иIэщ. УзыщыгуфIыкIынщ къалэм и автобус къэувыIэпIэхэр зэрагъэдахэри.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||





Налшык мы зэманым щагъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэхэм ятеухуа Iуэху щхьэпэ. Головком, ЩоджэнцIыкIум, Къуэныкъуейм, Ашурэм, Кировым, Вовчок, нэгъуэщIхэми я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я автобус къэувыIэпIэхэм деж адыгэ, балъкъэр литературэхэм я классикхэм я усэхэр зытет абджыпсхэр щагъэуващ.