Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим

Македоние Ищхъэрэм и къалащхьэ Скопье бадзэуэгъуэм и 6 – 12-м щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс тIощIым щIимыгъуахэм спорт бэнэкIэмкIэ Европэм и зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIат алыдж-урым бэнэкIэмрэ бэнэкIэ хуитымкIэ щIалэгъуалэм я нэхъ лъэщ дыдэхэр.

Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту европэ зэхьэзэхуэм зэфIэкI лъагэ иIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ ди лъахэгъу Къазмахуэ Сэлим. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 63-м нэс зи хьэ­лъагъхэм я деж абы домбеякъ медалыр къыщихьащ. Ещанэ увыпIэм щыщIэбэна «финал цIыкIум» Сэлим щыхигъэщIащ Грецием щыщ и хьэрхуэрэгъур 8:0-у. Абы къегъэлъагъуэ и тепщэныгъэр шэч къы­зэтумыхьэу зэрыщытар.
Къазмахуэ Сэлим зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ тренер цIэрыIуэ Нэгъуей Азэмэт.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться: