Ди фIэхъусхэрДи фIэхъус зэхыкIэм и лъабжьэщ хабзэр. Ахэр лIэужьыгъуэ-лIэужьыгъуэурэ зэщхьэщокI. ГъуэгурыкIуэм жепIэр, гуп ухыхьа нэужь, нэхъыжьхэм уащыхуэзэкIэ фIэхъус зэрыпхыр зэтеухуэркъым, псалъэм папщIэ. Дэтхэнэ фIэхъус хыкIэми щIэлъщ лъэпкъ гупсысэрэ щIагъыбзэрэ. А гупсысэр куущ, куэдрэ утепсэлъыхьыфынущ. КIУРАШЫН БетIал «Ди фIэхъусхэр» жиIэу итхауэ щытар теухуащ ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ фIэхъус хабзэхэм. Къыхегъэщ, ар лъэпкъым и дуней тетыкIэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар икIи абы дызэригъэдахэр. КIурашыныр и псалъэхэм щыхьэт тохъуэж тхакIуэшхуэ Шортэн Аскэрбий и гупсысэхэмкIи. ГЪУЭТ Синэ. Дунейр къызэриухуэрэ, цIыхухэм хабзэ зэрахуэхъуащи, псалъэми Iуэхуми зэрыщIадзэр фIэхъус-сэламщ. Адэ ижь-ижьыж лъандэрэ зэман жыжьэм цIыхухэр зэрихьэлIамэ, Iэщэ зэрамыIыгъыр, яIыгъыпэу щытми, Iэщэм хуемыкIуэну дзыхь зэрызэхуащIым и нэщэнэу Iэубыдыр къыщежьа лъэхъэнэм дыщIидзауэ ди нобэм къэс къадекIуэкIыу лъэпкъ къэс езым и сэлам ехыкIэ иIэжщ. Абыхэм ящыщ куэдыр я мыхьэнэкIэ зэтехуэ пэтми, дэтхэнэ лъэпкъми и сэлам зэхыкIэр абы и дуней тетыкIэм, хьэл-щэным, и гупсысэкIэм, зэрыт диным, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм епхащ. Ахэр зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ мэхъу. «ЦIыхухэр я фэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, ягукIи зэхуэдэкъым», жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар пэжщ. Апхуэдэ дыдэуи пэжщ лъэпкъхэр фэкIэ зэрызэмыщхьым ещхьыркъабзэу, я бзэкIи, я фащэкIи, я шхыныгъуэкIи, я хабзэкIи, я бзыпхъэкIи, я сэлам ехыкIэкIи зэрызэмыщхьыр. Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ: цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэми, я дуней тетыкIэми, я гупсысэкIэми, я хьэл-щэнми захъуэж. Ауэ лъэпкъым (ар инми цIыкIуми) нэгъуэщIым ейр нэхъ сокIу жиIэрэ езым и фащэр хьэрэм ищIмэ, дидзыхрэ и бзэм иримыпсэлъэжмэ, и хабзэрэ и бзыпхъэрэ ихъуэжмэ, нэгъуэщIым хошыпсыхьыж. Мис аращ итIанэ псэуну зыхуэмыфащэ лъэпкъ кIуэдыжыпакIэ узэджэ хъунур. Апхуэдэу щыщыткIэ хущIэкъун хуейщ лъэпкъым ехьэлIа фIы псори егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным, хъумэжыным. Адыгэ тхакIуэшхуэ Шортэн Аскэрбий мыпхуэдэу итхыгъащ: «Адыгэ фIэхъусхэм, хабзэхэм уащыхэплъэкIэ Iэмал имыIэу мыбы гу лъыботэ: фIэхъусхэм, хабзэхэм икъу-икъужкIэ цIыхур ягъэлъапIэ, абы и щIыхьыр яIэт, абы нэмыщIкIэ лэжьыгъэр цIыху гупхэм я гуащIэдэкIыу зэрыщытам унегъэплъыс. ФIэхъусхэм лэжьыгъэм ехьэлIа хабзэхэм мылъкукIэ зэхэгъэж ящIыркъым. Абы къыдегъэлъагъу адыгэ фIэхъусыжьхэмрэ хабзэжьхэмрэ ныбжьышхуэ зэраIэр, ахэр пасэ зэманым зэрызэфIэувар, иужькIэ, пщыгъэ-пщылIыгъэри я нэгу зэрыщIэкIар... Адыгэ фIэхъусхэр сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэми хуэгъэпсащ, хуэхьэзырщ. Ахэр сыт щыгъуи хабзэм и лъэдийщ, ткIийщ, дэтхэнэ зыми ищIэни игъэзэщIэни хуейщ. Дэнэ щIыпIэ укъыщыхутами, жыпIэнумрэ пщIэнумрэ къыбжаIэ а фIэхъусхэмрэ хабзэхэмрэ». Адыгэ фIэхъусхэм теухуауэ псалъэ жызыIа щIэныгъэлIым тэмэму гу лъитащ абыхэмрэ хабзэхэмрэ цIыхур зэрагъэлъапIэм, зэраIэтым. ди лъэпкъым и дэтхэнэ лIакъуэми - ар жьыуи, щIэуи, цIыхухъууи, цIыхубзуи, цIыкIууи, инуи ирехъуи — цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэм джэлэс хуэхъу адыгэ фIэхъусхэр ищIэн къудейм къыщымынэу, игъэзэщIэн хуейуэ Шортэным къызэрилъытэр икъукIэ тэмэмщ. Ижь-ижьыж къыщежьэу лъэхъэнэ гугъусыгъу Iэджэм къызэприхыу лъэпкъым ди нобэм къигъэса адыгэ фIэхъусхэр, Iэмал зэриIэкIэ, дымыгъэкIуэдыжу, ди бзэрэ ди щхьэрэ дыщыхуиткIэ, къэдгъэсэбэпыпхъэщ. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. Дэ ди фIэхъусхэр нэхъыбэрэ къэдгъэсэбэпыху, а псалъэ дахэ, псалъэ гуапэхэм я гъащIэм къыпищэурэ, дяпэкIи гъуэгуанэ кIыхь якIунущ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




