Пшынэм и макъыр Хэкум щегъэIу

Шэуджэн Алан Сирием къи­Iэп­хъукIыжа адыгэ щIалэщ, унагъуэщ, Налшык щопсэу. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым менеджментымкIэ и къудамэр ­къиухащ. ЦIыхухъум и щхьэц, жьа­кIэ-пащIэр зэкIуу зыщI лэ­жьакIуэщ, и щхьэгъусэмрэ езымрэ яIэщ лъэпкъ макъамэхэр щагъэзащIэ «ШоКъу» дуэ­тыр. Алан Хэкум, макъамэм, адыгэ дунейм теухуауэ и гупсысэхэр дигу дыхьащи, фэри фыщыдогъэгъуазэ. 

- Япэу сыт щыгъуэ укъихьэжат Хэкум? Сыт абы щыгъуэ зыхэпщIар?
- 2012 гъэм сыкъэкIуэжащ, абы сринасыпыфIэу. Хэкур илъагъуну щIэхъуэпсу щытащ си адэш­хуэр, сэри ар плъапIэ схуэхъуат. Аращ хэлъар сыкъэкIуэжыным – сыкъэхъуэпсауэ аращ. 
- Макъамэм, пшынэм дауэ удихьэха?
- Си анэшхуэр адыгэ пшынэ еуэу щытащ. Сэ ар слъэгъуакъым и­гъащIэм. Ауэ си гугъэщ пшынэм хуэсщIа лъагъуныгъэр сымы­лъагъухха си анэшхуэм и деж къыщежьауэ. 2008 гъэм япэу къэс­щтащ пшынэр – ди адэр къызэлъэIуащ къафэ гуэр къизгъэкIыфу зезгъасэу, сыхуеуэну. Си тхьэкIумэм наушникыр ислъхьэурэ зи гугъу ищIа макъамэм седаIуэрти, пшынэм къизгъэкIыжу зез­гъасэрт сэр-сэру. Пшынэ Iэпэм си Iэпэхэр зэрытезагъэм, адэр къыщIызэлъэIуа къафэр къизгъэкIыф зэрыхъуам гу лъыстэжа нэужь, пшынауэ сыхъуну сщIащ мурад. 
- Лъэпкъым зихъумэжынымкIэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яIэ адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм?
- Ди дадэжьхэм яхэлъа хабзэмрэ щэнхабзэмрэ схъумэным, ар макъамэм къыхэзнэным согугъу. Псалъэм папщIэ, сыхуейщ цIыхухэр иджырей макъамэхэм едаIуэм нэмыщI, пасэрей уэрэдыжьхэри зэхахыну, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм я IукIэр зыхащIэну. Си гугъэмкIэ, лъэпкъым и макъамэ Iэмэпсымэхэр щэнхабзэм и купщIэр зыхъумэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ. 
- Сирием анэдэлъхубзэр дауэ щыфхуэхъума?
- Унагъуэм адыгэбзэщ дызэрыпсэлъар сытым щыгъуи. Ар хабзэти, нэгъуэщIу дегупсысыну дигу къэкIыххэртэкъым. Си сабиигъуэр Адыгэ Хасэм щызгъэкIуауи жыпIэ хъунущ. 
- ПшынэкIэ узэуэ къафэжьхэм хъыбархэри яIэу къы­щIэ­кIынщ…
- Дауи. Макъамэ, уэрэдыжь къэс гъащIэм къыхэIукIыж хъыба­рщ. А хъыбарыр зэрызыхэсщIэм елъытащ ар зэрызгъэзэщIэнури. 
- Уи макъамэ альбомым дауэ дедэIуэну?
- «Алан Шэуджэн» е «Alan Shawdjan» жиIэу интернетым къы­щыплъыхъуэмэ, къигъэлъэгъуэнущ. 
- Къул Даянэрэ уэрэ къызэвгъэпэща «ШоКъу» дуэтым и ­гугъу уэзгъэщIынут.
- НэхъапэкIэ дызыхэта «Джэрпэджэж» гупыр зэбгрылъэлъыжащ, ди жагъуэ зэрыхъущи. КъызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ щIа­литI, Къуэдзокъуэ Тимуррэ Хъалил Булатрэ, Германием Iэп­хъуащ, абы проектхэр щагъэхьэзыр. ДызэпэIэщIэ пэтми, дызэрощIэ икIи дызэрыIыгъщ. ФIыуэ къыдэхъулIэ Iуэхур адэкIэ зэрыдгъэкIуэтэнум, адыгэ макъамэр зэрыдгъэIунум дегупсысырт Даянэрэ сэрэ. Арати, макъамэм дызэделэжьыну мурад тщIащ. ЗыфIэтщынIа хуейти, «шокъу» псалъэм къикIыр дигу ирихьри (зэуэ, зы­пэмыплъэ), абы дыкъытеувыIащ. Ар ди унэцIэхэм я къыщIэдзапIэхэр зэпыдгъэувэми, техуэрт. «ШоКъу» зыфIэтщащ, абы тету. 
- Алан, адыгэу ущытыну гугъу?
- Хьэуэри нтIэри хуэбгъэкIуэфынущ а упщIэм… СызэрыцIыкIурэ сы­щIапIыкIащ адыгэ хабзэм. Хамэ щIыпIэм сыкъыщыхъуа пэтми, ди щэнхабзэр си Iэпкълъэпкъым игуэшащ, лъэпкъ гурыгъузхэр зыхызощIэ. Ар фIыщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыкъоплъри, гъащIэм къыщыхъуу урохьэлIэ хабзэми цIыхугъэми пэщIэуэ Iуэхугъуэ гуемыIухэм. Мис абы щыгъуэм деж зыгуэрхэм хабзэ якIэлъызепхьэну къызэрамылэжьым согупсыс. Ауэ, сэ си напэм себэкъуэфынукъым. Мис ар гугъущ. 
- Хэкум адыгэ унагъуэ дахэ щыбухуащ. Ар уи хъуэпсапIэм хэ­тауэ къыщIэкIынущ…
- Апхуэдэу щхьэтечауэ сегупсысыртэкъым унагъуэ Iуэхум. Ауэ, дауи, сыхуейт адыгэ бзылъхугъэ гъащIэ гъусэ схуэхъуну. 
- Быным бзэр яIурылъыным фызэрегугъур сощIэ…
- Ди зэманым гугъущ быным бзэр къабзэу Iурылъу къыдэбгъэ­кIуэтеиныр. УрысыбзэкIэ упсэлъэн хуей щIэхъун щхьэусыгъуэхэр куэд мэхъу, зэрытщIэщи. Абы нэмыщIи, телевизорымрэ телефонымрэ урысыбзэщ зэрыгъэпсар. Ауэ иужь дитщ быным бзэр яIурытлъхьэну, фIыуэ едгъэлъагъуну. Щапхъэ яIэн хуейщи, унагъуэм адыгэбзэкIэ дыщопсалъэ, йодаIуэ адыгэ уэрэдхэр зэ­рыжытIэм, ялъагъу адыгэ къафэ дыкъызэрыфэр. Хъыджэбз нэхъы­жьыр – Адыиф - «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм макIуэри, абы щаIэну дерсхэм хуэпIащIэу апхуэдэщ. 

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: