Эбзеев Борис Сэфар и къуэр дунейм ехыжащ

Политик къызэрымыкIуэ, щIэныгъэлI, къэрал къулыкъущIэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и унафэщIу 2008 – 2011 гъэхэм щыта Эбзеев Борис Сэфар и къуэр дунейм ехыжащ.
Урысейм и Конституцэ судым хэткIэрэ, Борис Сэфар и къуэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ къэрал хабзэхэр зэфIэгъэувэным, урысей къэралыгъуэм и лъабжьэхэр гъэбыдэным.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек интернетым щиIэ напэкIуэцIым абы теухуауэ щитхащ: «Иужьрей илъэсхэми ар лэжьащ, юрист IэщIагъэр къыхэзыхахэм и щIэныгъэрэ IэзагъэкIэ ядэгуашэу, Урысей Федерацэм и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм хэтащ.
Эбзеев Борис зыцIыхуу щыта псоми ягу къагъэкIыжынущ ар хэкупсэу, цIыху зэпIэзэрыту, пэжу, зи IэщIагъэм фIы дыдэу хэзыщIыкI лэжьакIуэу зэрыщытар, къыщалъхуа республикэми, зэрыкъэралуи заужьыным абы хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэр.
Борис Сэфар и къуэм и унагъуэм щыщхэм, абы и ныбжьэгъуу, и лэжьэгъуу щытахэм си гум къыбгъэдэкIыу сахуогузавэ.
Абы и фэеплъ нэхур сыт щыгъуи дигу илъынщ».

Поделиться: