Зэманым ижь зыщIихуа сурэтхэр

КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, СурэтыщIхэм я урысей академием, СССР-м, КъБР-м, Сочэ къалэм я сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, СурэтыщIхэм я дунейпсо федерацэм хэта Акъсырэ МуIэед Алий и къуэр псэужамэ, и ныбжьыр мазаем и 23-м илъэс 90 ирикъунут.

Япэ адыгэ профессиональнэ сурэтыщI Акъсырэ МуIэед Псыгуэнсу къуажэм 1931 гъэм къыщалъхуащ. Сурэт щIынымкIэ абы зэфIэкI инхэр зэрыбгъэдэлъыр пасэу республикэм исхэм къалъытащ. 1947 гъэм ирихьэлIэу ар къэралым и еджапIэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зым - Саратов къалэм дэт художественнэ училищэм - еджакIуэ ягъэкIуащ. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, къигъэзэжащ. 1981-1984 гъэхэм КъБАССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэ-ныгъэм и унафэщIу лэжьащ. 1968, 1981, 1982, 1983 гъэхэм СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, СССР-мрэ РСФСР-мрэ я творческэ союзхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я правленэхэм я пленумым я союзпсо съездхэм я лIыкIуэу щытащ.
Акъсырэм и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ ин яIэщ. Ахэр щахъумэ Налшык, Ставрополь щыIэ художественнэ музейхэм я фондхэм. КъищынэмыщIауэ, Урысейм и щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу цIыху щхьэхуэхэми абы и сурэтхэр зэхуахьэс. МуIэед и лэжьыгъэхэм апхуэдэ щIэупщIэ щIаIэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ зыIэригъэхьа щIэныгъэм зэпымыууэ зэрыхигъэхъуэным зэрыхущIэкъуар, къигъэсэбэп Iэмалхэм зэрызригъэужьар.
1952 гъэм щыщIэдзауэ Акъсырэ МуIэед жыджэру хэтащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм, Москва, Ленинград къалэхэм (1957, 1983, 1995 гъэхэм) щекIуэкIа декадэ выставкэхэм. 60 гъэхэм къыщыщIэдзауэ 90 гъэхэм пщIондэ КъБР-м и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Дон Iус Ростов, Винницэ, Краснодар, Орджоникидзе, Ставрополь къалэхэм къыщызэрагъэпэща выставкэхэм Акъсырэм и лэжьыгъэхэр утыку къыщрахьащ. Налшык, Москва, Ставрополь, Пятигорск къалэхэм, нэгъуэщI щIыналъэхэми и щхьэзакъуэ гъэлъэгъуэныгъэхэр зыбжанэрэ щекIуэкIащ. А псом къыдэкIуэу абы и сурэтхэр Иорданием, Сирием къыщызэрагъэпэща дунейпсо выставкэхэми щагъэлъэгъуащ.
Зи адэ-анэр пасэу зыфIэкIуэда, сабиигъуэ дыдж зиIа Акъсырэр пасэу есат гъащIэм и гугъуехьхэр къызэринэкIыфу.  Абы и сурэтхэм, портретхэм, натюрмортхэм къыщигъэлъэгъуэжащ и нэгу щIэкIа Хэку зауэшхуэ лъэхъэнэм хилъагъукIа гугъуехьхэр, гузэвэгъуэхэр. А лэжьыгъэхэр художникым и гъащIэм и гъуджэ щIэхъуар зыхэпсэукIа зэманым ижь къызэрыщIихуарщ. Аращ Акъсырэм и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр нэгъуэщIхэм я лэжьыгъэхэм щIыхэмыгъуащэр. Апхуэдэу бгы уардэхэр, сэхуран гъэгъахэр, дыгъэ бзийхэр зытеджэгухь щIыуэпсыр, гъэм и зэманхэм я теплъэ дахэхэр, натюрмортхэр, удз гъэгъахэр, бзылъхугъэхэм я сурэтхэр, республикэм и теплъэхэр къызэрыщ и сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр удэзыхьэхщ, узыгъэгупсысэщ. Абыхэм щыболъагъу и Хэкум, щIыуэпсым хуиIэ лъагъуныгъэ иныр.
Акъсырэм республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэхэр къалъытащ. 2001 гъэм ар КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат хъуащ.
Акъсырэ МуIэед и IэщIагъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм и фIыщIэ хэлът сыт щыгъуи абы и Iуэхухэр къыдэзыIыгъыу, и щIэдзапIэхэм тезыгъэгушхуа, дэIэпыкъуэгъуу къыкъуэта и щхьэгъусэ Лидэ. ЦIыхухэм гукъыдэжрэ гуапагъэрэ езыт, купщIэ зыхэлъ, зи плъыфэхэр зэгъэкIуа и лэжьыгъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуащ хабзэ, нэмыс, зэгурыIуэ зэрылъ МуIэед и унагъуэ дахэр. НэхъыжьыфIыр иригушхуэрт и IэщIагъэм и къуэмрэ и пхъурылъхумрэ зэрыпащэм, и сурэтхэр цIыхухэм щIэщыгъуэ зэращыхъум, зэхуэгуэпэным ягухэр къызэрыхуигъэушым, лэжьыгъэхэм ящIэлъ хуабагъэм я псэм зэрызригъэужьым.
СурэтыщI Iэзэм и IэщIагъэм ехъулIэныгъэрэ зэфIэкIрэ къагъэлъагъуэу пащащ и къуэ Михаилрэ и къуэрылъху Тамарэрэ. Я адэм, адэшхуэм хуэдэу, ахэр жанр, техникэ зэмылIэужьыгъуэм щолажьэ. Михаил республикэ, урысейпсо, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм зыбжанэрэ хэтащ, и лэжьыгъэхэр Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов къалэхэм, Англием, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щагъэлъэгъуащ. И адэм хуэфащэ къуэ Михаил къызэрищIыкIам и щыхьэтщ КъБР-м гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ и Къэрал саугъэтым, «Искусство народов мира» дунейпсо саугъэтым я лауреат зэрыхъуар. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр куэд мэхъу.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр гъуазджэм, дахагъэм зэрызэришалIэм и щыхьэтщ Тамарэ и адэ Михаилрэ зыщыщ лъэпкъкIэ нэмыцэ и анэ Викториерэ. Тамарэ и адэ-анэри, и адэшхуэ МуIэеди я IэщIагъэкIэ зэрысурэтыщIым къыдэкIуэу, и адэшхуэ Бюлл Лев (и анэмкIэ) Ставрополь къалэм и музей-заповедникым и сурэтыщI-реставраторт. ЗэрыцIыкIурэ гъуазджэм щIапIыкIа, и Iыхьлыхэр зи щапхъэгъэлъагъуэ Тамарэ сурэт щIыным димыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, хъыджэбзым мурад быдэ ищIащ хуабжьу дэзыхьэх сурэт щIыным хуеджэну. ИкIи ар зригъэхъулIащ. Санкт-Петербург и Художественнэ школымрэ Гъуазджэхэмрэ щэнхабзэмкIэ и институтымрэ ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Иджыпсту Санкт-Петербург къалэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, и щхьэзакъуэ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэригъэпэщащ. Гу зылъыптэращи, Акъсырэхэ я сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм нэхъыбэу гуапагъэр, нэхугъэр, хуабагъэр йобэкI. Ахэр щхъуэкIэплъыкIэщ, плъыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхэухуэнащ. ГъащIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым я теплъэ дахэхэр къызэрыщ   сурэтхэм ущеплъкIэ гур хагъахъуэ, гуапагъэм ухуагъэуш. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэ зыми нэгъуэщIхэм къыщхьэщыкI хъэтI иIэжщ.
Михаил зэрыжиIэмкIэ, нигъэсауэ къилъытэ и лэжьыгъэхэм еплъыху зыгуэрхэр щIэуэ хелъхьэж. Псом нэхъ игу дыхьэу къилъытэ сурэтхэр и адэ МуIэедрэ ипхъу Тамарэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэрщ.
Республикэм и гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Акъсырэ МуIэед и ныбжьыр илъэс 85-рэ хъууэ 2016 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м дунейм ехыжащ. СурэтыщIым и фэеплъыр яхъумэ и унагъуэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм. Абы Iэдакъэм къыщIэкIа лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ республикэм и тхыдэ напэкIуэцIхэр. Хэку зауэшхуэр, щIыналъэм и щIыуэпс къулейр, абы и цIыхухэм ящыщу республикэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуахэр къызэрыщхэр щIэх-щIэхыурэ цIыхухэм я пащхьэ илъхьэн, щIэблэм егъэцIыхун хуейщ. Ахэр щыхьэт тохъуэ ди щIыналъэр зэрыдахэм, абы щыпсэухэр зэрыгуащIафIэм, зэрыузыншэм, нобэрей зэманым зэрыпэджэжым. ЗэрыжаIэу, лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. Хэт ищIэрэ, МуIэед и IэщIагъэм къыпызыщэну, и лъэужьым ирикIуэну сурэтыщIхэр иджыри Акъсырэхэ я лъэпкъым къыхэкIынкIэ хъунщ.

Арщыдан Линэ.
Поделиться: