Къэрэндащми гъуэгуанэ къикIуащ

    Пасэм, мывэ лъэхъэнэм, щакIуэ гуэрым мывэ папцIэкIэ бгъуэнщIагъым къыщритхъат цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я тхыпхъэ. Зэманыр кIуащ…  Тхыбзэр къежьащ. Ассирием тхыбзэ дамыгъэхэр  пхъэ упсакIэ ятIэ псыфым къыхэщIыкIа жыпхъэм къыщратхъэрт, итIанэ ар мафIэм ирагъэужырт.
ЩIыр къазэрыхуэупсар

    XIV лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Европэм и сурэтыщIхэм къагъэсэбэпын щIадзащ бдзапцIэ, дзэху, дыжьын зэхэгъэвам къыхэщIыкIа Iэмэпсымэ. АпхуэдэкIэ и сурэтхэр ищIу щытащ Боттичелли цIэрыIуэм. Европэм а зэманым къыщIигъэкIыу щыта тхылъымпIэр егъэлеяуэ быдэт, и щIыIур быркъуэшыркъуэт. ГъущI Iэмэпсымэ упэмцIакIэ апхуэдэ тхылъымпIэм ущытхэну тыншт. XVI лIэщIыгъуэм и кум Камберленд пащтыхьыгъуэм щыщ мэлыхъуэхэм къагъуэтащ гъущIыкIэ фIыцIэ лIэужьыгъуэ щабэ. И фэр бдзапцIэм ейм зэрещхьым къыхэкIыу, абы хагъэзэрыхьат. Ауэ ар зэрымыбдзапцIэр, фочышэ къыхэпщIыкI зэрымыхъур къащыгурыIуэм, а гъущIыкIэ лIэужьыгъуэм графиткIэ еджэ хъуащ. Ар мэлыхъуэхэм къагъэсэбэпырт мэлхэм дамыгъэ щытращIэкIэ.
Къапщтэмэ, графитыр тхыгъэм къыщагъэсэбэпу щытащ пасэрей алыджхэм. АрщхьэкIэ, иужьым ар яIэщIэхужри, илъэс минитIым нэблагъэкIэ къытрагъэзэжакъым. I656 гъэм гъущIыкIэхэм ятеухуа трактат къыдэкIащ. Абы япэу щытепсэлъыхьащ графитым. Ар «grafo» алыдж псалъэм къытехъукIащ, «сотхэ» жиIэу къокI. Къэрэндащыр тырку псалъэм къытекIащ: «кара» – «фIыцIэ», «даш» – «мывэ» къокI.
Зыужьыныгъэхэр игъуэтащ
        Камберлендым графитыр щымащIэт. Инджылыз парламентым ар къэралым ирашыну хуит ищIыртэкъым, а хабзэм ебакъуэм и судыр укIкIэ ящIэрт. Ауэрэ, къызыхащIыкIыр мащIэ щыхъум, Инджылызым къэрэндащ къыщыщIагъэкIыныр щызэпагъэуащ.
    ИужькIэ, графит зыщIэлъ щIыпIэ къулей къыщагъуэтащ Урысейми, нэгъуэщI къэралхэми. Ауэ ар лIэужьыгъуэ къабзэу зэрыщымытым къыхэкIыу, Камберленд щащIу щыта шэкъэм хуэдэ къыхэпщIыкIыфыртэкъым.
    Графит къэрэндащым и къыщIэгъэкIыныр щIэрыщIэу щаублэжар I970 гъэхэрщ, франджы IэпщIэлъапщIэ Жак Конте Николэрэ венэ IэпщIэлъапщIэ Хардмут Йозефрэ шэкъэ зэрызэхащIэ IэмалыщIэ къыщагупсысарщ. IэмалыщIэм ипкъ иткIэ, графит порошокыр ятIэмрэ псымрэ хагъэзэрыхьырти, плъыфэ зэрырат Iэмэпсымэ щхьэхуэм пхырагъэкIыжырт. КIапсэ фIыцIэ кIыхьым и теплъэр иIэ хъуа нэужь, цIыкIу-цIыкIуу зэпаупщIыжырти, быдагъ къащтэн папщIэ мафIэм ирагъэурт. Шэкъэр зэрызэхащIэм елъытауэ, къэрэндащыр нэхъ быдэуи, нэхъ щабэуи тхэуэ къызэрыдагъэкI Iэмал къагупсысащ. А Iэмалыр нобэми хъума хъуащ.
    Графит къэрэндащ къыщIэгъэкIыныр Урысейм щызыублар Ломоносов Михаилщ. Графит къыщыщIах щIыпIэрэ мэзрэкIэ къулей къэралым а Iуэхур щегъэжьэгъуафIэт. КъыщыщIадзар Архангельск губерниерщ. Ломоносов Михаилщ къэрэндащыр къызэрапщытэ мардэр - гроссыр -  къэзыгупсысар.
ЛIэужьыгъуэ куэду щыIэщ
    Къэрэндащ къыщIэгъэкIыным щIэхыу зыужьыныгъэ щигъуэтащ къэрал куэдым. Абы папщIэ къагъэсэбэпырт жыг лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр. Пхъэхуеймрэ псеймрэ а Iэхум хэзагъэртэкъым. Хъарзынэу езэгъырт можжевельникыр, кедр плъыжьыр.
    Ди къэралым къыщагъэсэбэп сыбыр кедрым, щихум, екIэпцIэм, бзихум я пхъэхэр. Нэхъ цIанлъэу щытын папщIэ пхъэм зэщIрагъэфырт шэху.
    Америкэм щыщ Таусенд Кросс Алонсо I869 гъэм гъущI къэрэндащыр къигупсысащ. Графит шэкъэр гъущIым къыхэщIыкIа шэкъалъэ цIыкIум иралъхьэрти, узыхуей кIыхьагъкIэ и пэр къибгъэкIуэт хъууэ ящIырт. Апхуэдэу, цанг къэрэндащыр къежьащ.
    Механическэ къэрэндащхэр куэду къыщагъэсэбэп космосым, сыту жыпIэмэ, абы щыIэ щытыкIэми хьэпшыпым и фIагъыр хъума щохъу. Япэу ар къызыгурыIуар совет космонавтхэрщ.
    Къэрэндащым и къуапих плъыфэр I85I гъэм къыхилъхьащ Faber-Castell фабрикэм и тет граф Лотар фон Фабер-Кастель. Апхуэдэ теплъэ зиIэ къэрэндащым уритхэну тыншщ - Iэпхъуамбэхэр иригъэшыркъым. Зэпэхъурей теплъэ зиIэхэм къащхьэщыкIыуи, ахэр ущытхэ стIолыщхьэ джафэм тозагъэ.
    
Къэрэндащым щапхъэ тетхмэ…
    Къэрэндащым гу зылъытапхъэ фIагъыу плIы хэлъщ. Ахэр цIыхум и хьэл-щэным хипщэфамэ, тыншу псэунут.
    Япэр: утхэн щхьэкIэ, къэрэндащыр щIэх-щIэхыурэ пыбупсыкIын хуейщ. Абы гугъуехь пыщIауэ щытынкIи хъунщ, ауэ итIанэ фIы дыдэу тхэнущ. ЦIыхури аращ. Гугъуехьыр ишэчыфу зригъасэмэ, иужьым абы хъер къыхухэкIыжынущ.
    ЕтIуанэр: къэрэндащкIэ ущытхэм деж, щыуагъэу къэплъытэхэр хьэфэтегъэкIкIэ тебгъэкIыж мэхъу. ЦIыхуми и щыуагъэхэр игъэзэкIуэжыфу зригъасэмэ, гъуэгу пэжым гъунэгъу хуэхъунущ.
    Ещанэр: къэрэндащым и теплъэракъым и фIагъыр къызэращIэр, атIэ абы и кIуэцIым илъ графитырщ. Апхуэдэу, цIыхури кIэлъыплъын хуейщ и гум щекIуэкIхэм.
    ЕплIанэр: къэрэндащкIэ утха нэужь, тхылъымпIэм лъэужь къытренэ. ЦIыхуми лъэужь къигъэнапхъэщ.
    Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм цIыхур хуигъэсэфынущ къэрэндащ къызэрыгуэкIым.
Тумаринсон Генрих.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
    

 

«Тайны XX века» журналым къитхыжащ.
Поделиться: