Адыгэ лIакъуэхэр

Жэнейхэр

Пасэм щыгъуэ жэнэ адыгэ лъэпкъым и цIыхухэр куэд хъууэ, щIышхуи яIыгъыу щытащ. Ахэр щыпсэуащ Псыжь и ижьырабгъу бгъуэщIым. Жэнейхэм я щIым къуэкIыпIэмкIи къухьэпIэмкIи жыжьэу зыщиукъуэдийрт, ипщэ лъэныкъуэмкIэ ар Кавказ къуршэм еуалIэрт. Хуэбгъэфащэ хъунущ, жэнейхэр езыхэм нэхърэ нэхъ гуащIэмащIэ лъэпкъхэр зрагъэдаIуэу, ахэри яхэту тхыдэ тхыгъэжьхэм кIахэ адыгэу къыхэщхэрауэ.
Жэней адыгэ лъэпкъым щхьэхуитыныгъэр зыпищI щымыIэу къэгъуэгурыкIуащ. Ахэр лIыгъэ яхэлъу куэдрэ езэуащ кърым тэтэрхэм. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм пащтыхь быдапIэхэр щагъэуву, къэзакъхэр къыIуагъэтIысхьэу хуежьа нэужь, жэнейхэр Псыжь и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зыхэмыкI зауэ кIыхьхэм, Кавказ зауэжьым, ИстамбылакIуэм жэней адыгэхэм ящыщу къелар мащIэщ. Иджы зэгуэр лъэщу щыта жэней лъэпкъым щыщу къэнахэм я жылэр Пщыщ псым Iус Чэрэней и закъуэщ.
Жэнейхэр, адыгей литературэбзэм иропсалъэ.

КIэмыргуейхэр

«КIэмыргуей» псалъэм и мыхьэнэр гурыIуэгъуащэу щыткъым, ауэ а фIэщыгъэцIэр зезыхьэ адыгэ лъэпкъыр ижь-ижьыж лъандэрэ Лабэшхуэрэ Щхьэгуащэрэ я тIуащIэм щопсэу.
КIэмыргуейхэм я бзэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэхэм я псэлъэкIэм нэхъ ещхьщ, къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ игъащIэми ягъэблагъэу къэгъуэгурыкIуэми. КIэмыргуей пщыхэр къалъытэ Инал и лIакъуэхэм (къэбэрдей, беслъэней пщыхэр къызытехъукIахэм) къахэкIауэ, езы лъэпкъхэм я къежьапIэр зыуэ.
Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, XIX лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу унагъуэ мини 5 хъууэ щытащ. Ахэр хуэщIауэ псэурт: Iэщыр яхуэбагъуэрт, ящIри пшэрти, гъавэ бэв къытрахырт. Абыхэм сату дащIырт я гъунэгъу лъэпкъхэм. Лъэпкъым хуиту зрагъэужьакъым увыIэгъуэ имыIэу къатеуэу щыта бийхэм. КIэмыргуейхэри, адрей адыгэ лъэпкъхэми хуэдэу, лъэщу япэщIэтащ кърым тэтэрхэм, Индыл къызэпрыкIыу Кавказ Ищхъэрэм и губгъуэ хуитхэм къитIысхьэу щыта нэгъуейхэм, нэгъуэщIхэми. Кавказ зауэм иужькIэ кIэмыргуейхэм я бжыгъэм фIыуэ хэщIащ: зауэм хэкIуэдахэм мынэхъ мащIэ емынэ узым ихьащ, куэди хэкум икIыжащ.
КIэмыргуейхэр нобэ щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум, Сирием, Иорданием. Адыгей литературэбзэм и лъабжьэщ кIэмыргуей диалектыр.

Къэбэрдейхэр

Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъщ. XII лIэщIыгъуэм Тмутараканыр Византие къэралыгъуэм и бжьым щIэхуа нэужь адыгэ зэгухьэныгъэм хэтхэм щхьэхуэ защIу хуежьащ. Абы ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм и курыт щIыналъэхэм къыщыунэхуащ зи щхьэ и унафэ зыщIыж Къэбэрдейр икIи къэбэрдей субэтносыр зэтеувэн щIидзащ. XIII лIэщIыгъуэм монгол-тэтэрхэм я зекIуэм Кавказым и лъэпкъ-политикэ ухуэкIэм зихъуэжащ. А лъэхъэнэм къыдежьащ нэгъуэщI лъэпкъхэр адыгэхэм къызэреджэ «шэрджэс» псалъэри.
XII-XIV лIэщIыгъуэхэм Кавказ Ищхъэрэм и курыт щIыналъэм адыгэ зэгухьэныгъэщIэ къыщыунэхуащ. А къэралыгъуэмрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ «къэбэрдейкIэ» еджэ хъуащ. XV илъэсищэм и япэ Iыхьэм Федерализмэм и хабзэхэм Къэбэрдейм зыщаужьащ. А лъэхъэнэм лъэ быдэкIэ уващ пщыгъуэр, зауэлI хабзэхэр, зэдэлажьэу хуежьащ жылагъуэ институтхэр: пщышхуэр (пщы уэлийр), хасэр, хеящIэр. Къэбэрдей адыгэхэм я щэнхабзэ, я жылагъуэ зэхэтыкIэр адрей лъэпкъхэм щапхъэ яхуэхъуу хуежьащ.
1557 гъэм урысхэмрэ адыгэхэмрэ зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэ зращIылIащ. Ар нэхъри игъэбыдащ 1561 гъэм адыгэпщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней (Марие) Иван IV щхьэгъусэу зэрыритам. А зэпыщIэныгъэр иригъэфIэкIуащ XVI лIэщIыгъуэм хэкум икIыу адыгэпщ зыбжанэ къулыкъу ящIэну Москва зэрыкIуам. Ахэр тхыдэм пщы Черкасскэхэу ихуащ.
XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейр зыIэщIэлъэнур яхузэрымыгъэгъуэту Тыркумрэ Урысеймрэ зэныкъуэкъу зэпыту екIуэкIащ. 1739 гъэм Белград щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ар зыми IэщIэмылъ къэрал щхьэхуиту къалъытауэ щытащ. АрщхьэкIэ а лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм щегъэжьауэ Урысейр хущIэкъуащ Къэбэрдейр, зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэр, зыIэщIилъхьэну. Кавказ зауэм и япэ лъэхъэнэм (1763 – 1822 гъэхэм) къриубыдэу Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэдащ. Кавказ зауэр I864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухащ, пащтыхьым и дзэхэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ щIыналъэхэр иубыдауэ. Псэууэ къэна адыгэхэм я нэхъыбэр залымыгъэкIэ я хэкум ирагъэкIащ.
I92I гъэм Къэбэрдей адыгэхэм езыхэм я къэралыгъуэ ягъуэтащ – РСФСР-м хэт Къэбэрдей Автономнэ округ яIэ хъуащ. I922 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Автономнэ округ къызэрагъэпэщащ, I936 гъэм – Къэбэрдей-Балъкъэр АССР. 1992 гъэм республикэм и фIэщыгъэцIэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ хъуащ.
Къэбэрдейхэр нобэ адыгэ лъэпкъ нэхъ инхэм ящыщ зыщ, адрей адыгэхэм хуэдэу дунейм нэхъ къызэрыщацIыхур шэрджэсущ. Я хэкур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэрщ. Урысей Федерацэм къэбэрдей адыгэу мин 520,I-рэ исщ, абы щыщу мин 490-м щIигъу зыщыпсэур Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Апхуэдэу Къэбэрдей адыгэхэр щопсэу Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ – Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, СНГ-м хыхьэ къэралхэм, нэгъуэщIхэми.
Къэбэрдей адыгэхэр лъэпкъкIэ «къэбэрдейуэ» ятх, къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм (адыгэбзэм) иропсалъэхэр (диалект зыбжанэ иIэщ).

 

Думэн Хьэсэн.
Поделиться: