Псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ

Узун-Яйлэм и уней IуэрыIуатэ псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ

Узун-Яйлэ унафэ (къэбэрдей унафэ) – жызыIэмрэ щIыжиIэмрэ елъытауэ и мыхьэнэр тIууэ зэщхьэщокI. ГушыIэм тету къэбэрдейм я «дагъуэр» яIуэтэн хъумэ, «кIэ зимыIэ зэхэс», «гъунэ зимыIэ псалъэ» – ар «къэбэрдей (узун-яйлэ) унафэщ». Езы къэбэрдейхэм «унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, щыуагъэу къремыгъэзэж» жыхуаIэу «Унафэр къремышынэуэж!» – жаIэ. Жэбагъы къыщIэна уэсятхэм хуахь: «ТIэухеежьэ къэвмыублэ», «Псалъэр тIэужыIэу жывмыIэ». НэгъуэщIу жыпIэмэ, унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, а зэ къэхьыгъуэм щыпкъэм тету, ней-нэфI хэмыту къэхьын хуейщ
Унафэгъу (тIысэгъу) – къотIысылIэу къопсэлъэфын, унафэ къыбдищтэныр зыхуэфащэ, къызытехуэ.
Х′эвэщIэн (гуемыIу жыIэкIэ) – лей жыIэн, хуэмыфащэу псэлъэн, «къэвэн». 
Хъурыпэ пыуд – Iуэхупэ кърихьэжьар Iэпыудын. ЖыIэпIэ-щIапIэ цIыхур щрамыгъахуэм деж жаIэ. 
Хьэгъэ – напэншагъэ, хабзэншагъэ; «цIыхугъэм», «адыгагъэм», «уэркъыгъэм» я антониму къокIуэ.  
ЦIэ тын, цIэ щытын – цIэрыIуэ хъун. Псалъэм папщIэ: «Ягъэнхэ цIэ ятас». 
Адыгэ псалъэжь нэгъэсауэ Узун-Яйлэ щызекIуэхэм щыщ 
Гугъум щIэсыкI′ыр лIыфIс – гугъуехьым щIапIыкIыр удэфэнкъым, жыхуиIэщ. «МылIэр лIы мэхъу» жыхуиIэ псалъэжьым ещхьщ. Гузэвэгъуэ ихуэр Iэмалибгъум йопхъуэри, унэхъунуми щхьэусыгъуибгъукIэ зыщIeуфэ. 
Зэхуэмыдэ зэдэфэркъым, зэмыфэгъу зэрышэркъым – хэкурысхэм мы псалъэжьым «цIыхугъэрэ акъылрэкIэ пхуэмыфащэ пэшэгъу умыщI» жыхуаIэу халъхьэ мыхьэнэм къыдэкIуэу, лъэпкъ-лIакъуэ зэхэгъэж мыхьэнэр нэхъ къыхагъэщу Узун-Яйлэм къыщапсэлъ.
И махуэр къэмысу и вагъуэр ижас – дунейм тетуи темытуи ямыщIэжу лIам хужаIэ. 
Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдкъым – лъэпкъ къыхэкIам (уэркъым) и пкъыр гъуащэкъым, зэкIужщ, къуданщ, жыхуиIэщ. 
Мыгъуэр икI′эс – тхьэмыщкIэныр сыт щыгъуи гугъуехьщ, жьантIэкIэщ. 
НэщIмазэр хьейнатIэм и фIэрэфIэгъуэс – нэщI мазэу цIыху быдэм, хьэщIэмыгъашхэм и унэ уихьамэ, зегъэфIэрафIэ, «мынэщIмазэу щытамэ, удгъэшхэнт» жыхуиIэу. 
Псалъэм и пэжыр игъуэс – хэт жимыIэми – иребзылъхугъэ, иренэхъыщIэ – псалъэр пэжмэ, игъуэу къэщтапхъэщ.
ПщыфIыр жылэм я унэIутс – пщым и къалэныр жылэм къыщыжынращ, къэхъумэнращ. 
ПщIэгъуалэр делэм и кIуэдыжыгъуэс – «пщIэгъуалэм лъэпкъкIэ, жылагъуэ нэмыскIэ зыхуэмыфащэр иремышэс», жыхуиIэщ; «щIэх фIей мэхъури» жари тражыIыхьыж. 
ТIэухеежьэ къэвмыублэ, зэкъуэшитI нэхъыжь къэвмыублэ, фыззэтех къэвмыублэ – Жэбагъы къыщIэна псалъэжьхэм ящыщщ. 
ТIысыпIэмрэ унафэмрэ пщым ейс, хабзэмрэ зауэмрэ уэркъым ейс – жыжьэу тхыдэмкIэ уIэбэжмэ, адыгэм жылагъуэ къалэнхэр зэригуэшауэ жыхуаIэр. 
Узыдэсыр жьантIэс – жьантIэм ущIэмыкъу, ар пхуэфащэмэ, а узыдэс щIыпIэр уэ жьантIэ пщIынщ, щысхэм уи дежкIэ зыкъагъэзэнщ. 
УзыщамыщIэм уи щыгъынщи, узыщащIэм уи акъылщ. 
УлIмэ улIакъуэс, нэмыс уиIэмэ убеслъэнс
– лIыгъэ пхэлъмэ, уи лъэпкъыр ялъытэнщ, нэмыс къыпхуащIмэ, ууэркъщ (убеслъэнс), жыхуиIэщ. 
Утыку зэрихьэр лъапэщи къызэрикIыжыр напэщ. 
Ущымыхъунум ущымыуэ
– уи Iуэху къыздимыкIынум ущымыгушхуэ, зыщомыгъэлъагъуэ, жыхуиIэщ. 
Ущысу укъэзымылъагъум ущыту зыкъомыгъэлъагъу – укъэзымылъытэм пщIэ лей хуэпщI щхьэкIэ укъилъытэнкъым, жыхуиIэщ. 
Уэркъ пшыналъэ ибжыкI′ыркъым – уэрэд, хъуэхъу, къафэ, теуэ-тепкIэ сытхэр уэркъым хуэфащэркъым, жыхуиIэщ. 
Уэркъ уэркъ дауэ ищIыркъым – уэркъыгъэм ущIэдэу нэужь, уи уэркъыгъэм шэч къыхубохьыж, жыхуиIэщ. 
Х′абзэжь х′экужь къранэркъым (къыщанэркъым) – Хэкур убгынэ щхьэкIэ, хабзэр уздэкIуэм здыбохь, лIэужькIэрэ умыгъэкIуэду зыбохьэ жыхуиIэщ. 
Х′абзэмрэ бзэмрэ здэщымыIэм адыг′э щыIэкъым – Жэбагъы къыщIэна псалъэжьхэм ящыщу Узун-Яйлэм щыжаIэ. 
Хабзэр убзэ зыфIэщIым пщIэнум и ныкъуэр хегъанэ – «Хабзэр убзэ зыфIэщIым хабзэ кIэлъызомыхьэ»; «Хабзэ зымыщIэм убзэ къыщохъу» жыхуиIэ псалъэжьхэм яхуэдэщ. 
ХьэщIэщыр хьэщкъым – хьэщIэщым унафэшхуэ къыщащтэкIэ, цIыхухъу хьэщIэшхуэ щызэхэскIэ, щIэмытыпхъэ – сабий, бзылъхугъэ, къихьэ-нихьэ – щIагъыхьэркъым. 
ШхупцIатэхьэ кIуати, мэрамысащIэу къыщIэнэжас. 
ЩхьэкIуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ
– инжыджей (КъШР), кIахэ адыгэхэми мыпхуэдэу жаIэ, Къэбэрдей ТIуащIэм «Лъакъуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ» жэу щызекIуэ псалъэжьым и вариантщ.
Iэдэжым шэси узытесыр сэ къызэт – «Уищхьэ-сищхьэ нэхърэ сищхьэ гуэр» жыхуиIэм хуэдэщ.   

 

Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться:

Читать также: