Лъэпкъым и тхыдэм щыщ

Къэхутэныгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, япэ дыдэу цIыхур Африкэм къикIри, Кавказымрэ зэрыщыту Евразиемрэ къэкIуащ илъэс мелуан I,7-рэ хуэдиз ипэкIэ. Кавказ Ишхъэрэм цIыхухэр щопсэу абыхэм я тхыдэм зэрыщIидзэрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, палеолитым (пасэ дыдэ мывэ лъэхъэнэм) абы щыхьэт техъуэ куэд къыщагъуэтащ. Ди щIыналъэм щыпсэухэр тенджыз Курыхымрэ Азие ЦIыкIумрэ я цIыхухэм экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ быдэу япыщIауэ къекIуэкIащ.
А зэпыщIэныгъэхэр псом хуэмыдэу нэхъ быдэ хъуащ домбеякъым и лъэхъэнэм (ди эрэр къэсыным илъэс мини 4 - мини 3,5-рэ иIэжу). Абы и щыхьэтщ Мейкъуапэ археологие щэнхабзэр. А зэманым щIыпIэм щызэфIэувами, абы хуабжьу яжь къыщIихуащ пасэрей къуэкIыпIэ цивилизацэхэм я ехъулIэныгъэхэу къахыхьахэм. А псори шумерхэм е хурритхэм, нэхъ хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Азие ЦIыкIум къикIа хьэтхэм къыхуахьауэ къыщIэкIынущ.
Мыбдеж къыщыхэдгъэщхьэхукIын хуейщ языныкъуэ IэщIагъэлIхэм мыпхуэдэ щытыкIэр цIыхухэр зэрыIэпхъуэпшахъуэм и Iэужьу зэрыжаIэр. Ахэр захуэщ, Азие ЦIыкIумрэ Кавказымрэ а зэман жыжьэм зэIыхьлы лъэпкъхэр зэрыщыпсэуар къэплъытэмэ – Азие ЦIыкIум – хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ, Кавказ Ищхъэрэм – синдхэмрэ меотхэмрэ. ИужькIэ абыхэм къатепщIыкIащ адыгэ лъэпкъхэр, абыхэм лъыкIэ япэгъунэгъу убыххэр, абхъазхэр, абазэхэр. А псори зы бзэкIэ псалъэрт. Зэрытлъагъущи, Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ. Абыхэм лIэщIыгъуэ куэдкIэ яIыгъащ щIыналъэм и нэхъ щIыпIэфIхэр. Кавказ Ищхъэрэр зэблэкIыпIэу щытащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу мыбы къакIуэхэмрэ, езы щIыналъэм щыпсэухэмрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зызэпащIэрт.
Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ къызытехъукIа хьэтхэм, синдхэм, меотхэм япэ дыдэу закъыпызыщIар алыджхэр къызытехъукIахэрщ е езы алыджхэрщ. Абы къыхэкIыу, дэ зэщхь куэд дыщрохьэлIэ ди щэнхабзэхэм. Псом япэу зэгъэпщэныгъэхэр щынэхъыбэщ IуэрыIуатэм, къыддекIуэкI хабзэхэм.
«Сосрыкъуэрэ Iэдиихурэ» нарт хъыбарым къеIуэтэж бгыщхьэм, щыхупIэм и деж Инжыдж псым и къежьапIэм быдапIэ тетауэ. Абы щыпсэурт зэщхьэгъуситI. ЛIыр зекIуэм ехъулIэрт. АрщхьэкIэ Псэбыдэ (арат абы и цIэр) ар къезыгъэхъулIэр и щхьэгъусэ Iэдииху дахащэрт. Псэбыдэ зекIуэ къыщикIыжкIэ абы и Iэ лыдитIыр чэщанэм къыдишиикIырти, жэщ нэхъ пшагъуэ кIыфI дыдэр, узыпхымыкIыфынур, къигъэнэхурт, дунейр пшэ фIыцIэжьхэм щыщIилъафэкIи арат. Арат IэдиихукIэ щIеджэри.
Зэрытлъагъущи, пасэрей алыдж тхьэгуащэ Герэрэ Iэдиихурэ ягъэзащIэ къалэнхэр зэтохуэ: Герэ Трое и деж дуней щытыкIэр щызэрехъуэкIыф икIи ахейхэм щадоIэпыкъу, Инжыдж къызэпрыкIыжын папщIэ Iэдииху и лIым дэIэпыкъуу зэрыщытам хуэдэу. А зэтехуэныгъэр ауэ сытми къэхъуакъым. Ауэ гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым Iэдииху и цIэр къызытехъукIар адыгэ нарт IуэрыIуатэм къызэрыхэщми. АрщхьэкIэ Гомер деж дыщрихьэлIэркъым Герэ «IэблэхужькIэ» щIеджэу щытам и щхьэусыгъуэм. Алыджхэм я деж Герэ къыщокIуэ тхьэгуащэу, ауэ Iэдииху бзылъхугъэ къызэрыгуэкIщ, итIани дуней щытыкIэр зэрехъуэкIыф.
«Сосрыкъуэрэ Iэдиихурэ» хъыбарым уигу къегъэкIыж «Герэрэ Леандррэ» алыдж хъыбарри. Герэ апхуэдэ дыдэу щыпсэуащ тенджыз Iуфэм Iут чэщанэм. Iэдииху хуэдэу абыи уэздыгъэкIэ жэщым тенджызыр игъэнэхурт икIи езым фIыуэ илъэгъуа Леандр дэIэпыкъурт къыхуэзэн папщIэ Дарданелл псы дэжыпIэм къызэпрысыкIыну. Ар псым хокIуадэ, Герэ тенджызыр зэригъэнэху уэздыгъэр жьым игъэункIыфIа иужь. Гу лъытапхъэщ Дарданелл псы дэжыпIэр хьэтхэр щыпсэуа щIыпIэм зэрыщыIэм. Абы къигъэлъагъуэр зыщ: хъыбарыр хьэтхэм зэрейр.
Гомер и IэдакъэщIэкIхэмрэ «Нарт» эпосымрэ зэбгъапщэ зэрыхъунум и щапхъэщ мыхэр: а) Гомер и эпосым къызэрыхэщымкIэ, Еленэ троянхэм ядыгъу, ахейхэм иужьрейхэм зауэ иращIылIэ. Абы къыхэкIыу Трое зэхакъутэпауэ щытащ.
б) «Испыхэм ядыгъуа Сэтэней Уэзырмэс я пашэу нартхэм хуит къызэращIыжар» хъыбарым къыщыгъэлъэгъуащ ЖьакIэ Хужь зи Iэтащхьэ испыхэм, нарт балигъхэр зекIуэ жыжьэ куэдрэ къэтыну щыкIуа зэманым зрагъэхьэлIэу, псоми фIыуэ ялъагъу Сэтэней гуащэр зэрадыгъуар. Ар зымыхъумэфа нарт ныбжьыщIэхэр къэгулэзат. Щэнейрэ ахэр хущIэкъуащ ЖьакIэ Хужьым и быдапIэм, Сэтэней щаIыгъым, дыхьэну. АрщхьэкIэ къащтэфакъым. ИтIанэ нартхэр кIуащ Уэрсэрыжь и деж. А фызыжьым и закъуэт абыхэм чэнджэщ къезытыфынур.
КъажриIащ, Уэзырмэс хахуэр къадэмыIэпыкъумэ, ахэр испыхэм зэрапэмылъэщынур. АрщхьэкIэ нартхэр Уэзырмэс щелъэIум, иужьрейм къахуигъэуващ зекIуэм Гуэргуэныжь хьилэшыр здашэну.
Уэзырмэс и шы пцIэгъуэплъым уанэ трилъхьащ, кхъуахъуэ Гуэргуэныжь кхъуэпIащэм тест. Гъуэгум здытетым Гуэргуэныжь зытес кхъуэпIащэр лIащ, нартышхэм кIуэкIэкIэ ядэмыхъуу. Езым фIыуэ илъагъу кхъуэпIащэр къимыгъэнэн папщIэ, Гуэргуэныжь ар и дамэм трилъхьэри нартхэм якIэлъыущащ. Испыхэм я быдапIэм ебгъэрыкIуэн и пэ къихуэу Гуэргуэныжь Уэзырмэс елъэIуащ кхъуэпIащэ лIар и дамэм телъу нартхэм япэ иту кIуэну хуит къищIыну. Апхуэдэуи хъуащ.
Испыхэм я шабзэшэхэр кхъуэпIащэ лIам и пкъым къытехуэрт, абы къыхэкIыуи нартхэм зыри къалъэIэсакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ испыхэм я быдапIэр зэтракъутэщ, езыхэр зэтраукIэри, Сэтэней хуит къащIыжащ.
Мы хъыбарыр, Троян зауэр зэрекIуэкIам теухуауэ дызыщыгъуазэхэр зэбгъапщэмэ, къаугъэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэ зыбжанэ, апхуэдэу ахейхэмрэ данайхэмрэ Трое щыпсэухэм егъэщIылIауэ къагъэсэбэпа хьилагъэхэр зэщхь хуэдэщ: япэрауэ, Троем и пащтыхь Приам и къуэ Парис Спартэм и тет Менелай зэрыщымыIэр къигъэсэбэпащ икIи абы и фыз Еленэ идыгъури, Троем ишащ. Сэтэней испыхэм зэраубыдам теухуа хъыбарми Гомер Еленэ зэрадыгъуам теухуауэ Илиадэм къыщиIуэтэжхэри зэтохуэ мыпхуэдэ щIыкIэкIэ: япэ хъыбарым нарт балигъ псори зекIуэ ежьат, Елени Парис щидыгъуар и лIыр унэм щыщымыIэм щыгъуэщ. ЕтIуанэрауэ, Уэрсэрыжь нартхэм къажриIащ Уэзырмэс хахуэр икIи губзыгъэр зыдамыгъэIэпыкъумэ, испыхэм зэратемыкIуэфынур. Ауэ мыдрейм къахуигъэуващ Гуэргуэныжь кхъуахъуэр зыщIагъуну. Иужьрейм и фIыгъэкIэщ испыхэр зэрыхагъэщIари.
Гомер Илиадэм къыщеIуатэ Ахиллес здамышэмэ, ахейхэм Троер къызэрамыщтэфынур. Ахиллес и анэ Фетидэ ищIэрт ар зауэм кIуэмэ, Трое и деж зэрыщыхэкIуэдэнур. Абы къыхэкIыу и къуэр цIыхубз щыгъынкIэ ехуапэри, Скирос хытIыгум и пащтыхь Ликамед ипхъухэм яхегъапщкIуэ. Ещанэрауэ, нарт хъыбархэми Гомер къиIуэтэжахэми Гуэргуэныжьрэ Ахиллесрэ хьилагъэкIэ утыку ирашэри къаукI.

Унэж Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
Поделиться: