Дуней гъэдахэу анэ лъапIэ

Махуэшхуэ зэхыхьэхэр

Хабзэ хъуауэ, щэкIуэгъуэ мазэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм ди къэралым щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. Быным я дунейр зыгъэнэху, я гъащIэр зыгъэхуабэ, бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ гуакIуэ икIи гуапэ анэм теухуа Iуэхугъуэ куэд дэнэкIи къыщызэрагъэпэщ къэрал унафэкIэ махуэгъэпсым къыщыхагъэбелджылыкIа а махуэшхуэм ирихьэлIэу. Анэм и махуэр екIуу щагъэлъэпIащ ди республикэми. Абы епха зэхыхьэхэр, зэхуэсхэр, пшыхьхэр, зэхуэзэхэр щекIуэкIащ еджапIэхэми, гъэсапIэхэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми.

«Урысей гвардием» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм махуэшхуэм ирихьэлIэ гулъытэ хуащIащ къулыкъур езыхьэкIыу зи псэр зыта я лэжьэгъуу щытахэм я анэхэм. Тыгъэ гуапэхэр яIыгъыу ахэр яхуэкIуащ милицэм и сержант нэхъыжьу щыта тутыкъу Тимрррэ милицэм и сержант нэхъыщIэу щыта Къандэхъу Алимрэ я анэхэм деж. Абыхэм Анэм и махуэмкIэ зыхуагъэзащ Тытыкъу Пагуэрэ Къандэхъу Риммэрэ, я ныбжьыэгъухэм ятеухуа гукъэкIыжхэмкIэ ядэгуэшащ, бын гузэвэгъуэ дяпэкIэ зэи ямылъагъуну ехъуэхъуащ. Анэхэм я нэпсхэр къыщIэкIащ, я къуэхэм я ныбжьэгъухэм къыхуащIа гулъытэри фIыщIэ ин ящIащ.

- Анэм и махуэмкIэ ди гуапэу дехъуэхъуащ я къалэнхэр ягъэзащIэу зи псэр зыта ди лэжьэгъухэр къэзылъхуахэм, - жиIащ полицэм и лейтенант Бэрокъуэ Астемыр. – Зы ани бынкIэ мыгуIэну Тхьэм долъэIу. А гуауэр зылъыIэсами Тхьэм IэтыгъуафIэ яхуищI.

Шхын IэфI зэдашхауэ, гукъэкIыжхэмкIэ\ анэхэм я гур ягъэсабырауэ зэбгъэдэкIыжащ хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ.

Махуэшхуэр екIуу щагъэлъэпIащ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэми». «Альтернатива» фIэщыгъэр зиIэ, щапхъэ зытрах творческэ гупымрэ «Урысейм и гугъапIэ» Бзылъхугъэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм ди республикэм щиIэ къудамэм хэтхэмрэ Анэм и махуэм хуагъэхьэзырат макъамэрэ усэу зэхэухуэна программэ. Абы къызэщIиубыдэрт анэмрэ бынымрэ я зэхуаку дэлъын хуей пщIэр, намысыр, гуапагъэр, дахагъэр, гу щабагъэр къызыхэщ усэхэр, уэрэдхэр, теплъэгъуэ цIыкIухэр. Iуэхур щекIуэкI сабий академием а гъэсэныгъэ унэтIыныгъэм гулъытэшхуэ зэригъуэтыр нэрылъагъу дыдэт. Ар къагъэлъагъуэрт зэхуэсым хэт сабийхэм Iуэхум хуаIэ жэуаплыныгъэм, махуэшхуэм хуагъэхьэзыра IэрыщI хьэпшыпхэмрэ сурэтхэмрэ ящIэлъ купщIэм. «ДыгъафIэ къалэм» и еджакIуэхэм ящыщ зыбжанэм видео роликхэри трахат, я унагъуэм, я анэхэм ятеухуауэ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр хуабжьу яфIэхьэлэмэтащ зэхуэсым кърихьэлIахэм. Интернетым и онлайн щытыкIэри къагъэсэбэпу ирагъэкIуэкIа зэхуэсым кIэлъыплъыфащ Iуэхугъэр зыфIэхьэлэмэт куэд.

- ЕгъэджакIуэ Iэзэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Жэмбэч Маритэ сыт щыгъуи къызэрегъэпэщ гъэсэныгъэм епха Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр. Абы и зэфIэкIым къихьахэм ящыщщ «Альтернатива» зэгухьэныгъэр. Абы хэтщ я ныбжькIи зэфIэкIкIи зэхуэмыдэ ныбжьыщIэхэр, - жеIэ щIэныгъэ гуэдзэн ныбжьыщIэхэм щрагъэгъуэт республикэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ, егъэджакIуэ цIэрыIуэ Безрокъуэ Еленэ. - Маритэ и нэIэм щIэт сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым и инагъыр нобэрей зэIущIэм наIуэ къищIауэ къысщохъу сэ.

 Адыгэ усакIуэхэм фIы лъагъуныгъэкIэ анэхэм зэрыхуэусэм гу лъыдэзыгъэтахэм ящыщщ япэ классым щыщIэдзауэ епщIанэм нэс щеджэ сабийхэр. Сабийхэм ягу дыхьа усэхэр ягъэзэщIащ. Абы и закъуэкъым. ЗэIущIэм зыкърезыхьэлIа анэхэм ящыщу Къудей Лидэ, Шэрий Маринэ, Букинэ Еленэ сымэ, нэгъуэщIхэри жыджэру хэтащ зэIущIэ дахэм. Абыхэм ягъэзэщIащ анэм теухуа уэрэдхэр, ькъеджащ усэ купщIафIэхэм, тепсэлъыхьащ я унагъуэхэм бын гъэсэныгъэм щрат мыхьэнэм.

Зи цIэ къитIуа анэхэм зэхуэсым щратащ удз гъэгъахэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ. «Урысейм и гугъапIэ» Бзылъхугъэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм ди республикэм щиIэ къудамэм къыбгъэдэкI дамыгъэхэри хуагъэфэщащ абыхэм.

Си анэ лъапIэу дуней гъэдахэ, 

Си гъащIэ гъуэгур схуэзыгъэнэху.

Псом я нэхъ лъапIэу анэ гумахэ,

 Ирехъу уи гъащIэр уэ насып гъуэгу.

 Дунейм тетынкъым уи гум нэхъ хуабэ,

Уи Iэм нэхъ щаби ямыгъуэтын.

 Си анэ, къыздэплъэм сфIэфIщ уи Iэ щабэр,

Ирехъу уи дыгъэр къуэмыхьэжын.

ДыпщIащ си анэ, уэ насыпыфIэ.

Тхэплъхьащ нэхъыфIу щыIэм я щэн,

ТхуэпщIащ уэ гъащIэр гъатхэм и плъыфэ.

 Ирехъу уи гъащIэр фIым щымыщIэн.

ЗэIущIэр зэрауха усэхэм ящыщщ мы сатырхэр. АбыхэмкIэ дэри дахуопсэ анэ псоми.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: