Убых лIыхъужьхэр

Гёнен къалэм (Тырку Республикэ) дыщыщыIа махуэм Гюролрэ Гъазмирэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыжраIащ убых зэш цIэрыIуэхэм я кхъэлъахэу Маньяс вилайетым хыхьэ Хъундж жылэ цIыкIум дэтыр дагъэлъагъуныр зэрафIэигъуэр.

Мухьэмэд адыгэм и тхыдэм химыщIыкIрэ сыт хуэдэ къэрали щыцIэрыIуэ и лъэпкъэгъухэм ящыщу зи цIэр имыщIэрэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Убых лъэпкъым къыхэкIа Бэрзэджхэ Дэгумыкъуэрэ Джырандыкъуэрэ (дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Дэгумыкъуэ и къуэшым и къуэщ Джырандыкъуэ) Кавказ зауэжьым щыгъуэ убыхыщIыр зэрахъумар, псэемыблэжу я лъэпкъым къызэрыщхьэщыжар, лIыгъэ яхэлъу зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтар къытхуиIуэтэжащ гъуэгу дытетыху.
Хъундж жылэм дынэсащ зы сыхьэтым щIигъу зэман зыхьа гъуэгуанэр къызэднэкIа нэужь. Убых жылэу щытам мащIэщ дэсыжыр. ГъущI Гюрол и шыпхъур абы щыпсэурти, жылэм щекIуэкI гъащIэм фIыуэ хищIыкIырт, и лъэпкъэгъу зэкъуэшитIым я кхъэлъахэр ибгынэртэкъым.
Бэрзэджхэ я кхъэлъахэр кхъэ дыхьэпIэм пэжыжьэкъым, абы сын зыбжанэ тетщ, ауэ ипэ ит мрамор зэпэплIимитIым Дэгумыкъуэрэ Джырандыкъуэрэ я цIэхэр тетхащ, тхыгъэ кIэщI щIыгъужу:
«Хьэжы Бэрзэдж Дэгумыкъуэ (1780 - 1846 гъ гъ.)
КавказыщIыр къэзэунымкIэ Урыс пащтыхьыгъуэм иригъэкIуэкIа политикэм убыххэр щигъэкIуэтыгъуафIэтэкъым - 1829 - 1848 гъэхэм бгырысхэм я лъахэр псэемыблэжу яхъумащ.
Мемориал сыныр хуагъэуващ убых лъэпкъым и лIыхъужь пашэм.
И фэеплъыр нэху Тхьэм ищI».

«Хьэжы Бэрзэдж Джырандыкъуэ (1802 - 1880 гъгъ.)
Кавказ зауэм и лъэхъэнэм убыххэм я лъэпкъ-щхьэхуитыныгъэ зэщIэхъееныгъэр и унафэ щIэту щытащ. 1846 - 1864 гъэхэм - убыххэм я иужьрей лIыхъужь пашэщ, Плевнэ (1878 гъэ, Болгарие) деж щекIуэкIа зауэм уэсмэныдзэм и унафэщI хахуэу хэтащ.
Мемориал сыныр убых лIыхъужьымрэ абы и щхьэгъусэ Едыдж Айшэрэ (1899 гъэм дунейм ехыжащ) я кхъащхьэм тетщ».
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Дэгумыкъуэ щыпсэуащ Сочэ псым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ, хым сыхьэтитI хуэдиз гъуэгуанэкIэ пэжыжьэ щIыпIэм. 1823 гъэм щегъэжьауэ убыххэм я дзэзешэу щытащ, аращ зи фIыщIэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iута урыс быдапIищыр 1840 гъэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ зэрызэтракъутэфар, абы иужькIи Лазаревское, Вельяминовское, Михайловское быдапIэхэри къащтауэ щытащ убыххэм.
Инджылыз зыплъыхьакIуэ Бёлл Джеймс гу лъитауэ щытащ Дэгумыкъуэ и дзэм хэт цIыхухъухэр Iэщэ-фащэкIэ зэрызэщIэузэдам, «Бэрзэдж дэтхэнэми зэуапIэ губгъуэм зауэлIи 150-м нэблагъэ иришэфынущ. А лъэпкъым и закъуэ зауэлI мини 3 къигъэувыфынущ», - итхащ Бёлл. Бэрзэджхэ ящыщщ Саад-Джэрий Адагвэ-ипэ, XIX лIэщIыгъуэм екIуэкIа зэхэуэхэм убых дзэзешэу яIар. Ар 1823 гъэм лIа нэужь, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Бэрзэдж Дэгумыкъуэщ лъэпкъ тхьэмадэ, убых дзэзешэ хъуар. Бёлл зэритхыжымкIэ, ар «нэ щхъуафэ лыдхэр зиIэ цIыху лъагэт. И Iулыджыр къыхуэзыхьыр цIэрыIуэ хъуа и унагъуэцIэм и закъуэтэкъым, Хьэжы зэрыхъуаратэкъым, атIэ зэрыхахуэрт, зэрыжыджэрырт, зэрыакъылыфIэрт».
ЗыплъыхьакIуэм къызэриIуэтэжымкIэ, Дэгумыкъуэ муслъымэн хабзэхэр зыгъэзащIэ цIыхут, фадэ ефэртэкъым, езыр къэгубжьыгъуафIэт, шынэ зымыщIэт. И щIалэгъуэм къыщыщIэдзауэ зекIуэ куэдрэ ежьащ. 1827 гъэм щегъэжьауэ лъэпкъ цIыкIу къэс щхьэхуэ-щхьэхуэу дзэ мащIэ иIэжу зэрыщытым и бийуэ къэуващ, икIи дзэ зэгухьэныгъэ ин къызэгъэпэщыным иужь ихьэри, ТIуапсырэ Гагрэрэ я зэхуаку дэс псори зылI и быну, дзэ лъэрызехьэу зэкъуигъэуващ, езыри дзэзешэ щхьэмыгъазэ хъуащ. Мис абы щыгъуэщ Бёлл Джеймс Бэрзэдж Дэгумыкъуэ «Шэрджэс Вашингтон» щыфIищар.
Абы нэхърэ мынэхъ тIасхъэу зауэ Iуэхухэм къыпищащ, дзэзешэ цIэрыIуи хъуащ Дэгумыкъуэ и къуэшым и къуэ Бэрзэдж Джырандыкъуи. Джырандыкъуэ 1880 гъэм дунейм ехыжа нэужь, Хъундж жылэм щыщIалъхьащ.
Лъэпкъым и къуэ пэжыр, хэкум и къыщхьэщыжакIуэр ящыгъупщэркъым цIыхубэм. Тхыдэм къыхэщу куэдрэ дызрихьэлIэ убых зэкъуэшхэм я кхъэлъахэр иджы къыздэсым егугъуу Тыркум зэрыщызэрахьэр цIыхугъэм, адыгагъэм щыщ Iуэхущ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: