Уае Дадэр Налшыки къыдыхьат![]() МахуитI и пэкIэ Налшык и гъущI гъуэгу вокзалым цIыхуи 100 бжыгъэхэм гуапэу къыщрагъэблэгъащ Уае Дадэм и мафIэгу гъэщIэрэщIар. Ди республикэм къэсын и пэкIэ абы гъуэгуанэ кIыхь къызэпичащ, дыгъэгъазэм и 5-м Устюг Иным къыщежьэри, Урысейм и къалэ 37-мрэ зэщIигъэхьащ. МафIэгум тхыдэ гъэщIэгъуэни къыдокIуэкI - 1956 гъэм Коломенск заводым иужьрейуэ щащIа П36 жыхуаIэращ ар. Урысейм и гъущI гъуэгу Музейм и утыкум пIалъэ кIыхькIэ итауэ, нэгъабэ зэрагъэпэщыжри, сабии балигъи игъэгуфIэн къалэн иIэу къежьащ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2025 - 13:57 →
ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу артисткэ
14.11.2025 - 11:56 →
И лэжьыгъэм иринасыпыфIэщ
13.11.2025 - 09:58 →
И зэфIэкIыр инт
12.11.2025 - 17:55 →
IэпэIэсэ
12.11.2025 - 14:08 →
Дыщэ хьэмэ дыжьын?
| ||




