Хьэрып къэралым си адэм сызэрыщыхуэзар

(Хъыбар)
Куэд дэмыкIыу дэ хьэщIэщым дыкъэкIуэжащ. «Болэтей къуажэм щыщ фхэт? Мо щIалэм укъелъыхъуэ, Хьэмид», - жаIэу зэхызох. Ар зызогъэцIыху, сызыщIэс пэшым изогъэблагъэри, соупщI:
- Болэтей къуажэу хэт сымэ щыIэ, дауэ фи гъащIэр щыфхьрэ мы хамэ щIыпIэм, адыгэхэр фызэрыIыгъ? Мамсырыкъуэ МуIэед щыIэ, ар пцIыхурэ?
- Уэлэхьи, соцIыхум, - жи Хьэжмусэ (арат щIалэм и цIэр), си адэм и ныбжьэгъу дыдэм.
- АтIэ ар дауэ къэдгъуэта хъуну? Абы и благъэ гуэр къызэлъэIуащ сэлам есхыжыну, - щыжысIэм, ар занщIэу къыщылъэтащ.
- Хьэмус къалэм дэсщ, сыкIуэнщи, хъыбар пхуезгъэщIэнщ, - къыпыгуфIыкIащ щIалэр. АрщхьэкIэ сэ здакъым, «пщэдджыжь машинэкIэ дыкIуэнщ», жысIэри.
Нэху зэрыщу гупым ди нэхъыжьым къыджиIащ Дамаск къалэм и тхьэмадэм деж деблэгъэн зэрыхуейр.
Iуэхур апхуэдэу щыхъум, Хьэжмусэ жызоIэ:
- Уэлэхьи, дэ Хьэмус дыкIуэ мыхъу, ауэ уэ МуIэед зыгуэрурэ хъыбар схуегъащIэ.
Хьэжмусэ, «хьэуэ» къыхимыгъэкIыу, гъуэгу техьащ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу дыкъэсыжащи, абы хъыбар къызжеIэж:
- МуIэед сымаджэщым къыщIашыжа къудейщ, операцэ ящIауэ унэм щIэлъщ.
Нэху мэщри, Дамаск къалэм и щIыпIэ хьэлэмэтхэм зыплъыхьакIуэ дашэ. Музей гуэрым дыщIэту зылI къызбгъэдохьэри, къызоупщI:
- Уэра МуIэед щIэупщIар? – жери.
- Уэлэхьи, сэрам, - жызоIэ сэ. – Уэ хэт ухъуну?
- Сэ абы срикъуэшщ, - жи. – МуIэед сымаджэти, сэ сыкъэкIуащ.
Абдеж музейм занщIэу дыкъыщIокIыжри, ар си гъусэу, хьэщIэщым сыкъокIуэж. А махуэмрэ жэщымрэ си адэ къуэшымрэ сэрэ дызэгъусащ, дызэбгъэдэсащ, куэдми дытепсэлъыхьащ.
- Иджы сэ семыжьэжу хъунукъым. АдэкIэ дауэ тщIыну? – къызэупщIащ си адэ къуэшыр.
- Сэ Хьэмус сынэкIуэнщ, Тхьэм жиIэмэ, - жысIэри ар езгъэжьэжащ.
- МахуитI-щы докIри, Пальмирэ къалэм дыкIуэну дожьэ. Мухьэмэд къызбгъэдохьэри къызжеIэ:
- Пальмирэ дыщыкIуэкIэ Хьэмус къалэми дыдыхьэнущ зы сыхьэт зыдгъэпсэхунуи, уи адэм дыхуэзэнщ.
Ар си гурыфIыгъуэу дежьащ. АрщхьэкIэ цIыху псоми сэ си Iуэхур я Iуэху?
- ДыкъэмыувыIэу Пальмирэ нэс дыкIуэмэ, нэхъыфIщ, - жаIэри, Хьэмус дыдэмыхьэу дыкIуэну къыщIидзыжащ.
Сэ си фэм зихъуэжу щIидзащ, сыту жыпIэмэ а зырат хэкIыпIэу сиIэжыр, ар мыхъумэ, Iуэхум сыпыкIат. «Сыт сщIэн-тIэ, Алыхьым иухауэ къыщIэкIынкъым си адэм сыIуплъэжыну», - сыгупсысэу сыздэщысым, машинэм и гъуджэмкIэ шоферыр къэслъэгъуащ. Ар угъурлы нэкIу гуэрт. ЛIы хэкIуэтат, гъащIэ зыщIэ цIыхуу фэ есплъащ. Ди тэрмэшым сыкъеджащ:
- Си ныбжьэгъу, уэ дэнэ сыпхьыжын. Илъэс щэщIым щIигъуауэ зэи сымылъэгъуа си адэр Хьэмус къалэм дэсу жаIэри, дыдэгъэхьи, зэ сыIугъаплъэ. Си лъэIур шоферым схужеIэ.
Тэрмэшым си лъэIур игъэзэщIащ. Шоферым щхьэусыгъуэ гуэрхэр ищIри, Хьэмус къалэмкIэ иунэтIащ. Сэ Мыхьмуд къызита телефоныр, хасэм и тхьэмадэм ейр, сIыгъти, ар Мухьэмэд щестым, екIэпсауэри, дакъикъэ зытхух нэхъ дэмыкIауэ машинэ цIыкIу къыIулъэдащ. ДрегъэтIысхьэри, куэд мыщIэу МуIэед деж дынос. Дызышар, щIалэ зыщыплIыр дрегъэувыкIри, МуIэедым йоупщI:
- Дэра мыбыхэм уи щIалэр?
Си адэр къыдоплъри:
- Уэлэхьи, мырауэ щытын хуеймэ, - жеIэри, и Iэпэр си дежкIэ къещI. Сэ абы заншщIэу сыбгъэдохьэри IэплIэ хузощI.
Апхуэдизу къару гуэрым сиIыгъти, мы щIым сытету си гугъэжтэкъым. Си Iэпщэ сыхьэтыр къызохри хузоший. Си адэм и щхьэгъусэм, куэдрэ мыгупсысэу, и Iэлъыныр зыIэрехри къызет…
ИкIи си гъащIэ псокIэ си анэм и фIэщ схуэщIынтэкъым а хамэ хьэрып къэралым си адэм сыщыхуэзауэ зэрыщытар, а Iэлъыныр мыхъуамэ. Iэлъыным си адэмрэ си анэмрэ я цIэхэр тетт. Ар си анэм дунейм тетыху зрихьащ, иджы си щхьэгъусэм Iэрыгъщ, ди щIалэ нэхъыщIэм къишэмэ, абы и щхьэгъусэм, тхьэм жиIэмэ, зэрихьэнущ.
А зэманым си адэр Къэбэрдейм къыщIэмыкIуэжыфынуми, ар хамэ къэралым къызэрыщыщIидзами щхьэусыгъуэ куэд яIэт. Ар нэгъуэщI хъыбарщи, абы сытепсэлъыхьынкъым…
Си гум къыщIитхъыу Щамым къыщызгъэнауэ щыт Хьэжмусэ, ныбжьэгъуфI къысхуэхъуам, и фIэщу къызжиIэт: «Си псэр пытмэ, сэ Къэбэрдейм сынэкIуэжынщ». ИкIи абы и псалъэхэр игъэпэжащ. Ар хэкум къэкIуэжри и къуэшхэм яхэтIысхьэжащ. Фызи къишэжауэ, быни игъуэтыжауэ уардэ унэжьу мэпсэу.
- Мы дуней фIыгъуэр сиIэщ, си Хэкур къэзгъуэтыжащи. Адэжь лъахэм исыж цIыхум имыIэ фIыгъуэ щыIэкъым. Сэ иджы зыми «ухэхэсщ» къызжиIэжкъым, - жери мэгуфIэ Хьэжмусэ.

Иуан Владимир.
Поделиться: