СылэжьакIуэжьщ

ГукъэкIыж
КъулыкъущIэ унагъуитI зэблагъэ щыхъу хьэгъуэлIыгъуэ гуэрым сыхэтыгъащ адэ нэхъ си щIалэгъуэм. Сарещхьтэкъыми арагъэнт – къекIуэкI псалъэмакъри сигу ирихьыртэкъым. Сэ сыжурналист IэпцIупцI къызэрыгуэкI цIыкIут. Зы упщIэ пыIэ мыхъумэ, зэхэсхэр псори шляпэ защIэт. Ди Къэбэрдей цIыкIур ину зутхыпщIыф къулыкъущIэ нэгъуни къытхэст. Ди Iэнэ тхьэмадэри уей-уей жезыгъэIэ гуэрт.
Арати, фадэр уэрт, хъуэхъур кIыхьт. Зыр адрейм тебзеихьырт. Абы щыгъуэ къежьагъащIэ адыгэ лIы ба зэхуэщIри щыгъунэжт мыбы. Хъуэхъу-псалъэ чэзури гуп тхьэмадэм зэригуэшыр нэхъыжь-нэхъыщIэкIэтэкъым – къулыкъукIэт. Къэпсалъэхэри къапсэлъхэри Крылов и «КIыгуугумрэ адакъэмрэ» басням ещхьыркъэпст. Сыщылажьэ радиокомитетым тIэкIу сигъэсауэ, жьэмей дыдэуи зыкъэслъытэжыртэкъым, итIани, Iэнэр къэзыкъутэ ерыскъы берычэтри сIэщIигъэхуауэ, сызыгуэпсысыр къыслъысмэ, жысIэну хъуэхъурт. Сызэримыгугъауэ, сэ псэлъэныр тыншу сщхьэщыкIри, хуиту сыбэуэжащ.
Гупри зэрегъэшауэ, хъуэхъуэну къэнари нэхъ мащIэ хъуауэ, фызышэ къэкIуахэм я тхьэмадэм псалъэ лъысащ. Абы и цIэр Iэнэм и тхьэмадэм и гум ириубыда къыщIэкIынтэкъыми, «Еуэт-тIэ, УпщIэпыIэ, уэри зыгуэр къыджеIэт…», - жи.
Iэдэбу икIи псалъэншэу щыса лIы тIорысэ къуэгъур, сыным хуэдэу къызэфIэувэри, и Iэ сэмэгур и бгырыпхыбгъуэм дилъхьэжауэ щытщ, дэпым хуэдэу къызэщIэнауэ. Iэнэм пэрысхэр, нетIэ къакъэ-пщIыпщIу щытахэр, ару умыщIэжыну, зэщIэсабырауэ абы Iуроплъыхь. Езыми, абы нэхъей, зыдихьын имыгъуэт и Iэ лъэныкъуэр а и бгырыпхыбгъуэм кIэрыщIа мэлыхъуэсэм трилъхьащи, псэр егъэпIейтей. КIуэ пэтми къызэщIэплъэурэ къыщиудыным нэсащ. И Iупэри зэ къэпIэжьэжьащ, ауэ зыри къыхужьдэмыкIыу «атIэ…» жиIэри жьэдилъэфэжащ. И упщIэ пыIэр щыдригъэкIуэтейм, пщIэнтIэпс ткIуэпс пIащэхэр и натIэм къытелъэдащ.
- ИIэт, а уи Iупэ пIэжьажьэм зэ щIэрыIэт, УпщIэпыIэ, куэдрэ дызэбгъэжьэну?! – тхьэмадэм и псалъэр щыщIикъузэм, хьэщIэм къыгурыIуащ пащIэгъэлыгъуэм джэгу зэрыхэмылъыжыр – и упщIэ пыIэр ауан къызэращIар.
Абы зэхихымрэ и гум илъымрэ хузэгъэзэгъыртэкъым. Фызышэ тхьэмадэ нэхъыжьу, япэ нэмысыр зылъысу къэкIуа хьэщIэр хэгъэрейм я тхьэмадэм ауан къещI. Дауи, Iэнэм пэрысхэм я Iэ хужь щабэ къомым къахэщ и Iэ пхъашэ быркъуэшыркъуэхэми мо шляпэ къомым хэмыгъуащэ и упщIэ пыIэми къагъэлъагъуэрт ар зэрылэжьакIуэжьыр. Ауэ абы и гум IэфIу, гуапэу илът нэгъабэ езы Мэлбахъуэ дыдэр Къущхьэхъу хъупIэм щыдэкIам, зыбгъэдигъэтIысхьэу: «Уэ пхуэдэ лэжьакIуэжьхэрщ цIыхубэр зыгъашхэр, дунейр зэтезыIыгъэр…», - жиIэу къызэрехъуэхъуар, фадэбжьи зэрызэдефар. Догуэ мыбы зэхимыхауэ ара а хъыбарар?! Уэлэхьи, ар мыбы зэхимыхами, мыбы езым афIэкI нэмыс къызэрысхуимыщIар мобы зэхихыжмэ, мыр и къулыкъу къызэрыкъейми и парт билетми пыкIамэ. ИтIанэ, тхьэ соIуэ, мэлыхъуэгъу къудейуэ къэзмыщтэжын…
ХьэщIэр щытщ жиIэнур зрегъэзахуэри: мыбы хуэфащэ жэуап естмэ, гупыр дыутхъуэнущ, дэ гуфIэгъуэщ дыкъыщIежьар. Iэджэ зэригъэзахуэри, Жэбагъы жиIар игу къигъэкIыжащ. Губжьыр ирикъухыурэ къызэрызэщIэплъари щхьэщыкIри, лъы къыщIыхьэжащ. Акъылыр гурбияныгъэм псалъэншэу текIуат.
- ДыщIызэхыхьа Iуэху дахэр Тхьэм махуэ ищI, - жиIэри лэжьакIуэжьыр тIысыжащ. – Сэ сылэжьакIуэжьщ куэд жысIэркъым.
- СлIо-тIэ, жыпIэн щумыщIэкIэ апхуэдизрэ дыщIызэбгъэжьар? – жиIэри, зэрефэIуам къыдэкъеижу, къулыкъущIэжьри къехъурджэуащ…
Абы нэсщ а жэщым слъэгъуам щыщу сигу къинэжари, зикI сщыгъупщэжыркъым.

Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ