Мыхьэнэшхуэ зрат Iуэхут

Сабийр узыншэу, гъэсауэ къэтэджыным адыгэхэр пасэ дыдэу яужь ихьэрт. Мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытэрт сабийр зрапIыкI гущэми, ар къызыхэщIыкIа пхъэм деж къыщыщIэдзауэ зыщIамкIэ иухыжу. Пхъэ угъурлыуэ ябжырт кхъужьейр, бжейр, Iэнейр, псом хуэмыдэу хьэмкIутIейр. Гущэ Iэдий, гущэ лъэгу хуэдэхэр хьэмкIутIейм къыхащIыкIмэ сыт щыгъуи нэхъ къащтэрт. ХьэмкIутIей гущэм ирапIыкI сабийр насыпыфIэ, Iумахуэ хъуну къалъытэрт. ФIыуэ ялъагъуртэкъым бэрэжьейм къыхэщIыкIа гущэ. Иджыри цIыху гъуэлэгъуасэ, тэмакъкIэщI, цIыху екуэкуншэ ирихьэлIамэ, ди нэхъыжьхэм жаIэ: «Уий, лIэун, бэрэжьей гущэ урапIыкIа нэхъей».
Сабий къалъхуагъащIэм адыгэхэм гуфIэгъуэ, тхьэлъэIу иращIэкIыу щытащ. Апхуэдэ унагъуэм щIалэ къралъхуамэ хугу хьэжыгъэ фокIэ пщауэ ягъажьэрти яшхырт, я гъунэгъухэм хурагъэхьырт, ди щIалэр къуэгъу, жыIэщIэ, жыджэр хъуну фытхуэхъуахъуэ, жаIэрти. Дунейм къытехьа дзадзум и гъащIэр кIыхь хъун, узыншэн щхьэкIэ кхъуейплъыжькIэрыщIэ ящIырт, и бынжэр пыхуа нэужькIэ гущэхэпхэ ящIырт.
Мыхьэнэ иIэт сабийм и щхьэкупцIапцIэм деж тIатIий хагъапщIэу зэрыщытами. Абы щхьэкупцIапцIэм хуэсакъ, уемыIусэ, жиIэу къикIыу щытагъэнущ. КъимыдэкIэ, адыгэхэм ядэртэкъым сабийм и гущIыIу дэгъэзеяуэ куэдрэ пIыгъыну. НэхъыфIу къалъытэрт, уеблэмэ, ар уи Iэблэм еупцIэкIа щIыкIэу и гупэр егъэзыхауэ пIыгъмэ. Абы и щхьэр иIыгъыжыфу псынщIэу иригъасэрт. ИтIанэ жаIэрт зи гущIыIу дэгъэзеяуэ куэдрэ яIыгъ сабийм и тхьэмбылыр ин хъууэ, абы жьэн уз нэхъ хуэлъэу. Сабийм и дзэхэр къэкIыу щIидзамэ, абы и анэшхуэм хугу хуигъэпIэнкIырт: «Тхьэм псынщIэ ищI, мыпхуэдэу тхьэм къыхигъэщэщ» жиIэурэ. Дзэ Iyxyap дамащхьэ ижьымкIэ щхьэпрадзу унэм е гуэщым драдзеин хуейуэ къалъытэрт, мы псалъэхэр жиIэурэ: «ГъущI ,фIамыщI, кхъуейм егъэжь, лыжьым IуещIыкI, дзэжьыр узот, дзэщIэ къызэт». Абы щыгъуэми сабийм и дзэ Iухуам щIигъун хуейт фIамыщI тыкъыррэ шыгъу кIанэ цIыкIурэ.
Адыгэхэр сабийр пIыным, гъэсэным зэщхьэщыхауэт зэрыбгъэдыхьэр. Абы щыгъуэми, къалъытэр хъыджэбз цIыкIуу е щIалэ цIыкIуу зэрыщытым и закъуэтэкъым, атIэ я ныбжьымкIи зэхагъэкIырт. Зи ныбжьыр илъэс пщыкIутхум нэмыса сабийм адыгэхэр еджэрт чыцIкIэ, илъэс тIощI зи ныбжь щIалэм щхьэкIэ дыгъужь жаIэрт, илъэс щэщI, щэщIрэ тхур – аслъэнт, илъэс плIыщI, плIыщIрэ тхур выфIым ирагъэщхьырт. Мыбы щIэлъ щIагъыбзэр гурыIуэгъуэщ: чыцIыр темызагъэ, темыпыIэ дрийпсрийщ, дыгъужьыр ихъу-илъ бзаджэщ, къыIэрыхьэр зэпкъреуд, аслъэныр лъэщщ, хузэфIэкIынур ещIэж, выр лэжьакIуэшхуэщ, тралъхьэ и хьэлъэщ. Къару, лъэщагъ гуэшыкIэм нэмыщIауэ, адыгэхэм цIыхум и ныбжьыр нэгъуэщIуи ягуэшырт. Мыбы щыгъуэ нэхъ зытрагъащIэр шыфэлIыфэр, щытыкIэр арт, икIи лIы ныбжьыр зэрыщыту къызэщIиубыдэрт. Апхуэдэу илъэситху-хым нэмыса сабийм щхьэкIэ жаIэрт, ущыдыхьэшхмэ, уи дзэлыр уи дзэм дэлъ лыуэ елъагъу, илъэс пщыкIутхум нэсыху – псынщIэщ, жьым тесу псым йопыдж, тIощI, тIощIрэ тхур – гушхуэщ, щэщI, щэщIрэ тхур – лъэщщ, плIыщI, плIыщIрэ тхур – гъэунэхуащ, уи дзыхь ебгъэз хъунущ, щэ ныкъуэм нэсар – зэпIэзэрытщ, чэнджэщэгъу пщIы хъунущ, хыщI зи ныбжьыр – жыIакIуэщ, гупым я цIэкIэ псалъэми, емыкIу къихьынукъым, илъэс блыщI зи ныбжьым – хасэ къоджэ, илъэс ищIым щхьэдэхамэ – пэщэщэхщ. Дауи, гу лъытапхъэщ мыпхуэдэ гуэшыкIэмкIэ цIыху псоми я зэфIэкIыр зэхагъэкIыу зэрыщытар. А ныбжьым нэсыхункIэ цIыхур зыхуэфIыр, ищIэфыр къащIэу арат. И ныбжьым къемызэгъыу зызыщIхэм щхьэкIэ жаIэрт: е дадэ къуапэ, е и чыцIыбжьыр (танэбжьэр) иджыри фIэкIакъым. Япэр зэхьэлIар сабий зызыгъэакъылыфIэхэрт, етIуанэр – балигъыу сабий хьэлыр зыхэзымына, и ныбжьым къемызэгъ псынщIагъэрэ хьэлэбэлыкъыгъэмрэ хэмыкIырт.

МАФIЭДЗ Сэрэбий.
Поделиться: