ЦIыху минипщIым ялъэгъуащ

Мэзкуу иджыблагъэ щекIуэкIа дунейпсо щIэныгъэ гъэлъэгъуэныгъэм нэхъ щIэупщIэ щызиIахэм, цIыхушхуэ зэкIуэлIахэм ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и плIанэпэр. Абы еплъыну хунэсащ цIыху мини I0-м щIигъу.
«Егъэджэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ» – аращ зэреджэр къалащхьэм щекIуэкIа 54-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм.
УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм, УФ-м Промышленностымрэ сату хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм, Мэзкуу и Правительствэм зэгъусэу къызэрагъэпэщ мы щIэныгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр хуэдэ зэхуэсхэм я нэхъ ин дыдэщ.
«МахуитIым къриубыдэу ди плIанэпэм цIыху минипщIым щIигъу къекIуэлIащ. Гъэлъэгъуэныгъэм дэтхэнэми я еджапIэм къыщIэтIысхьэхэм къаритыну Iэмалыр зыхуэдизым тепсэлъыхьырт, зэрылажьэ программэхэм, зэрыщIэтIысхьэ щIыкIэхэм, узэрыпхыкIыну балл бжыгъэхэр зыхуэдэм, нэгъуэщI куэдми я гугъу ящIырт. IэщIагъэлIхэм я мызакъуэу, гъэлъэгъуэныгъэм адэ-анэ куэди кърихьэлIащ. ЕджакIуэхэм я дежкIэ зэхуэсыр «Бжэ зэIухахэм я махуэт», адэ-анэхэм еджапIэ нэхъыщхьэхэм ятеухуауэ яIэ гурыIуэныгъэхэр зэтес зыщIыж зэIущIапIэт. ЛъэныкъуитIри IэщIагъэ яхуэхъунум теухуауэ Iэмал нэхъыбэ здэщыIэм, еджэныгъэр зэфIэкIа нэужь лэжьапIэ зэрыбгъуэтынум и шэсыпIэу къэув гъуэгухэм хэдэрт», – жеIэ КъБКъУ-м зи еджапIэ щIэтIысхьэгъуэхэмрэ IэнатIэ къыхэхынымкIэ и къудамэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ.
Абы зэрыжиIэмкIэ, мы гъэм куэдым Iэмал яIащ КъБКъУ-р зэрылажьэ щIыкIэр гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэм IупщI икIи нахуэ щащIыну, къыхаха
IэнатIэм хущIемыгъуэжу абыкIэ ехъулIэныгъэ зэрызыгъэгъуэтахэм я псалъэмакъри зэхрагъэхыну.
«Еджэныгъэ Iуэхухэм нэмыщI, тхухаха плIанэпэм деж и гугъу щытщIащ ди щIыналъэм и тхыдэм, дытепсэлъыхьащ ди университетыр илъэс 90 зэрырикъум. Къыщыхэдгъэщащ нобэ здынэсам къыщымыувыIэу университетыр адэкIи зэрыкIуэтэнур, къэралпсо икIи дунейпсо мыхьэнэ зиIэ проектхэм хыхьэну зэрызигъэхьэзырыр. Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу ди закъуэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтар. Абы IэмалыфI къыдитащ пыухыкIауэ дызыхуейхэм, дызыхущIэкъухэм нэхъ щхьэихауэ дытелэжьэну, нэхъ убгъуауэ утыку итлъхьэну. Ди щIыналъэм и дахагъыр, узыIэпызышэу хэлъыр нэIурыт тщIыуэрэ, ди еджапIэм щеджэну хуейхэр е гъэщIэгъуэнагъ гуэрхэр абы дызылъэгъуахэр, ди хэгъэгум студентхэм яритыфынкIэ хъунухэм дытепсэлъыхьурэ къыдэтхьэхыну дыхэтащ», – жеIэ КIэрашэм.
Мы гъэм гъэлъэгъуэныгъэм университетищэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ. Дауи, апхуэдиз утыкум ущызэрымыцIыхункIэ, зэгурыIуэныгъэхэр зумыщIылIэнкIэ, зэпыщIэныгъэхэр къыумыгъэщIэрэщIэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Я щIэныгъэм хагъэхъуэну, магистратурэмрэ аспирантурэмрэ щIэтIысхьэну хуейуэ университетым и лIыкIуэхэм зыхуагъэзащ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт колледжхэм, лицейхэм, бакалавриатыр къэзыухахэм.
«КъБКъУ-м IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэрит программэхэм ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэм дытепсэлъыхькIэрэ, дэ тхузэфIэкIащ ди еджапIэм и пщIэр къэтIэтыным и мызакъуэу, абы цIыху нэхъыбэ къешэлIа хъуным и гъуэгухэр дубзыхун. МахуитIыр, шэч хэмылъу, щIэгъэхуэбжьауэ, зэIущIэрэ псалъэмакъкIэ гъэнщIауэ щытащ. Ауэ абы къытхуихьа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ ди университетым иужьрей илъэс зыбгъупщIым игъуэта зыужьыныгъэр зэрызэпымыунур, атIэ нэхъри зиубгъуу, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм икIыурэ гъунэгъу хэгъэгухэми къыщыщIэупщIэу зэрыщытынур. ЩIэупщIэр куэдмэ, пщэдэкIыжри нэхъыбэж мэхъу. Абы къытхуегъэув гъащIэм къигъэув зэхъуэкIыныгъэхэм далъэщIыхьэу, технологиемрэ дунейм къишэ щIэщыгъуэхэмрэ дапэджэжу, а псом ятещIыхьа программэхэр зэдгъэпэщыфрэ, еджэныгъэмрэ лэжьыгъэмрэ зэзыпх унэтIыныгъэхэмкIэ щIэныгъэ етту дыхъуныр», – жиIащ КIэрашэ Аксанэ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: