Балакирев Милийи «Ислъэмейр»

Балакирев Милий (1837 - 1910) «Гуп лъэщ» («Могучая кучка») жыхуаIэ композитор зыбжанэм ящыщт, уеблэмэ я къызэгъэпэщакIуэу къэп­лъытэ хъуну. Адыгэ пшыналъэхэм зыкIи емыщхь абы и композитор лэжьыгъэхэр ди дежкIэ гъэщIэ­гъуэн зыщIыр абы «Ис­лъэмей» зыфIища и ма­къамэращ.

ЗэрыжаIэжымкIэ, Балакиревыр Кавказым щэнейрэ къэкIуащ, ар зрихьэлIари адыгэм нэхъ гуа­щIэу зыхищIа 1862, 1863, 1868 гъэхэращ. «Ислъэ­мейр» композиторым Мэзкуу игъэзэжа нэужь, 1869 гъэм, зэхилъхьащ. Музыкэ щIэныгъэбзэкIэ абы зэре­джэр мыпхуэдэущ: «фортепианэм папщIэ къухьэпIэ фантазие». А фIэщыгъэм щIэту «МузыкэмкIэ щIэн­гъуазэм» «Ислъэмейм» теу­хуауэ етх:
«Фортепианэм папщIэ ­Балакиревым зэхилъхьа макъамэхэм я лъагапIэу къэп­лъытэ хъуну лэжьыгъэщ «Ислъэмейр». Мыр езы Балакиревыр къозыгъэ­цIы­хухэм ящыщщ. Япэрауэ, ­къуэкIыпIэ щэнхабзэм зэрыдихьэх хьэлымкIэ; етIуа­нэрауэ, и макъамэтх Iэмалхэм зэрызихъуэжар къэзыгъэлъагъуэ щапхъэу. Пье­сэр къуэкIыпIэ темэ дыдэу къэплъытэ хъунущ, IыхьитIу зэхэтщ: япэр - къэбэрдей ­къафэ «Ислъэмейр» аращ (абы пьесэм и цIэр фIащыжащ); етIуанэр - кърым-тэ­тэр бзылъхугъэ уэрэдщ. ТемитIри гукъыдэж къагъэ­лъагъуэмкIэ зэтехуэркъым. Япэрейр кавказ макъамэ IэмэпсымэкIэ ягъэзащIэ, жьы зыщIэт макъамэ псын­щIэщ, «фа» нотэм нэхъ тещIыхьауэ. Ар бгырыс ха­хуагъ уигу къэзыгъэкI ма­къамэ «гуащIэу» плъытэ­нумэ, етIуанэр - щабэу, лан­тIэу, бзылъхугъэ хьэлым нэхъ иупхыу щыт пшыналъэщ. Шопен, Лист сымэ ­ятха макъамэ балладэхэми ещхьщ.
«Ислъэмейр» фортепианэм хуэIэзэ узыщI макъа­-  мэ гъэщIэгъуэнщ: аккордхэр, октавэхэр, нотэ тIуа­щIэхэр, пассажхэр хэту. Мэжэр ­композитор Лист ­Ференц и еджакIуэхэм а ­макъамэр яригъэгъэзэ­щIэну ифIэфI дыдэт, езым зэхилъхьэхэм зэрещхьым къыхэкIыу. Псоми ящIэ Лист урыс композиторхэр фIыуэ илъагъуу зэ­ры­щытар».
Зэ­рыжытIауэ, Балакире­выр Кавказым 1862, 1863, 1868 гъэхэм щыIащ. 1862 гъэм и гъэмахуэм абы ­Стасов Владимир хуигъэхьа тхыгъэм Псыхуабэ къы­зэ­рыщыхъуам щы­теп­сэ­лъыхьырт: «Лермонтовым и хьэуакIэ собауэ… Итхахэр аргуэру зэ щIэзджыкIыжауэ, мыр жызоIэ: уры­сыбзэкIэ ятха псоми Лермонтовым ейхэм хуэдэу си гум лъэIэсыф яхэткъым. Дэ икIи куэдкIэ дызэтохуэ. Сэри, Лермонтовым ещхьу, щIыуэпсыр сфIэфIщ, абы хуэдэ дыдэу ар куууэ зы­хызощIэ, шэрджэсхэри, я фащэм деж щыщIэдзауэ (адыгэ фащэм нэхърэ нэхъыфI щыIэу сщIэркъым) сигу ирохь. Си гум пшынэ Iэпэ куэд иIэщ, Лермонтовыр еIусэху, зыкъызагъащIэу».
1863 гъэм Балакиревыр Железноводск, Нартсанэ, Псыхуабэ пианисту щыIащ, Лермонтовыр здэщыIа щIы­пIэхэм зыщип­лъы­хьащ, ­бгы­рыс макъамэхэм едэ­Iуащ, бгырысхэм къа­гъэщ­­хьэпэ макъамэ Iэмэп­сы­мэхэр зригъэцIыхуащ. Иужь дыдэу ар Кавказым щы­щыIар 1868 гъэращ. Кавказым и дунейм цIыхум зыхригъащIэ хуитыныгъэ ­хъуапсэр абы къыщигъэл­ъэгъуащ «Мцыри» поэ­мэм хузэхилъхьа макъамэм.
Лермонтовым и псалъэхэр къигъэсэбэпурэ, Балакиревым и «КъухьэпIэ Iэрамэм» папщIэ уэрэдищ зэ­хилъхьауэ щытащ. Абы­хэм ящыщщ «Измаил-бей»-м хэт «Адыгэ уэрэдыр», «Мцыри»-м щыщ бдзэ­жьейм теухуа уэрэдыр, нэгъуэщI­хэри. А псоми ящIэ­тыр макъамэ щабэщ.
Макъамэтххэм зэрыжаIэмкIэ, шэч закъуи хэлъкъым Балакиревыр «Ислъэмейм» елэжьыныр абы Рубинштейн Николай ныбжьэгъу къызэрыхуэхъуам зэрепхам. Лист Ференц ещхьу, лъэпкъ макъамэхэр фортепианэм папщIэ щы­зэхилъхьэкIэ, Балакиревым абы лъэпкъ хьэлыр химыгъэкIыу, уеблэмэ нэхъ къы­хэщу къызэригъэнэным ­хущIэкъурт. Апхуэдэщ абы   и къэбэрдей къафэр. Егъэ­леяуэ щIэщыгъуэ «Ислъэмейм» и макъамэм   абы хуэфэщэн пщIэ щригъэгъуэтащ музыкэм елэжь IэщIагъэлIхэм  я  деж.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: