Гугъэри хъуэпсэгъуэ мыухыжщ

Финляндием метеорологиемкIэ и институт нэхъыщхьэм (FMI) и лэжьакIуэ, физик Янхунен Пеккэ къызэрилъытэмкIэ, ЩIы Хъурейм тес цIыхухэм хьэршым псэупIэ нэхъ щаухуэфыну щытыр Юпитерымрэ Марсымрэ я зэхуаку дэт астероид «бгырыпхым» хыхьэ планетэ цIыкIужьейхэм я нэхъ ин Церерэ и къэухьырщ.
АтIэми, къэрал куэдым я астрономхэр зэрегупсысымкIэ, уафэщIхэм ящыщу цIыхухэр нэхъ здэбгъэIэпхъуэ хъунур ЩIы Хъурейм къедза Мазэрщ е ди планетэм хуэдэу Дыгъэм и хъуреягъыр къэзылъэтыхь Марсырщ. Пэжщ, а щIэныгъэлI дыдэхэм я нэхъыбапIэм зэрыжаIэмкIи, зи гугъу ящIа уафэщIхэм – Мазэмрэ Марсымрэ – цIыхухэр щепсых къудей мыхъуу, зэман кIыхьым къриубыдэу щыгъэпсэуныр хуабжьу узытегушхуэ мыхъун Iуэхущ, а «хэгъэгухэм» я IэмыщIэ уихуэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэ дыдэм къыхэкIыу.
    АтIэми, арагъэнущ хьэщIагъэ къызэрыщыдахыным хуэмыхьэзыр уафэщIхэм цIыхухэр щедгъэтIысэх нэхърэ, абыхэм я зэхуаку дэт уэгу нэщIым хэщIапIэ папщIэу базэхэр щыдухуэмэ зэрынэхъыфIым еджагъэшхуэхэр иужьрей зэманым нэхъ егупсысырей щIэхъуари. Дызыхуеину псомкIи къызыхуэтыншэу зэгъэпэща апхуэдэ егъэзыпIэхэм, къызэрабжауэ, цIыху мин бжыгъэхэр щызэгъэфынущ.
Ауэ щыхъукIи, Янхунен Пеккэ и лэжьыгъэм къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, хьэршым апхуэдэ ухуэныгъэ абрагъуэхэр щыухуэнымкIэ мы зэманым нэхъ зэгъыу щытыр ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Церерэ егъэщIылIа и Iэшэлъашэрщ. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, абдежым щаухуэну базэр а уафэщI цIыкIум пыIудзауэ зэрыщытыпхъэр (зэрызыщIишэ гравитацием елъытауэ) километр I000 иримыкъущ.
КъимыдэкIэ, а Iуэхум хэщIапIэ абрагъуэм фIагъ Iэджи къыхудэкIуэнущ: ар зыхуей хуагъэзэн, и кIэм нэсу зэтраухуэн щхьэкIэ зыхуеину пкъыгъуэхэр, ерыскъыпхъэхэм ящыщу нэхъ зэмыкIуэкIхэр, езы Церерэм и гущIыIум щызепсыпсэу гу зыщылъата псыр, къыщахута азотыр, углеродыр, нэгъуэщIхэри, гугъу дыдэ демыхьу, а уафэщI цIыкIум щхьэщытыну базэм къахудэIэтеинущ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: