Къуажэдэсхэр щогуфIыкI

Джэрмэншык дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр зэрагъэпэщыжащ. Абы трагъэкIуэдащ къэрал бюд­жетым къыхэкIыу сом мелуан 20.

Илъэс 50-м нэса унэр, дауи, куэдым къы­хуэтт: псыр къыпхыжу зэпэгъуанэ хъуа унащхьэр, жьы хъуа лъэгухэмрэ бжэ-щхьэгъубжэхэмрэ, къагъэсэбэп псыр унэм зэрыщIашэ, къызэрыщIашыж бжьамийхэр, ток кIапсэхэр… А псом къыщымынэу, пэшхэр къэплъыртэкъыми, сабийхэм уадэлэжьэну гугъут. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Щоджэн Алим зэрыжиIащи, сыткIи зыхуей хуагъэза унэм зэуэ къыщыщIэрэщIэжащ гупжьей зэмылIэужьы­гъуэхэр. Псом хуэмыдэу иджыпсту цIыкIухэр дихьэхыу къокIуалIэ уэрэд жыIэнымрэ къэфэнымкIэ гупхэм. Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлажьэ гъэсакIуэхэм я Iэзагъ псори ирахьэлIэ къыдэкIуэтей щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм зэрыбгъэдалъхьэнымрэ лъэпкъ щэнхабзэм зэрыдрагъэхьэхынымрэ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: