Мэуэт нэрыбгей, синд гуащэ

Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Тыргъэтауэ» пьесэ цIэрыIуэр. Абы къыщыIуэтащ адыгэхэр къызытехъукIа мэуэтхэм ящыщ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ и гъащIэр къызэрекIуэкIар. Къэбэрдей драмэ театрым щагъэуват спектаклыр икIи илъэс куэд щIауэ догъэщIагъуэ а бзылъхугъэм и образ гъуэзэджэр. Куэдым ящIэркъым IутIыжым ар къигупсыса мыхъуу, пэж дыдэу тхыдэм къыхэщыж пащтыхь гуащэм и гъащIэм щыщ пычыгъуэу къызэриIуэтэжар. Ауэ пьесэм къыщыгъэлъэгъуа кIэухым хуэдэкъым Тыргъэтауэ и хъыбарым иIар.
Ди лъэхъэнэм и пэкIэ 388 гъэм къалъхуащ Тыргъэтауэ икIи синдхэм япщ Джэгъэтей и щхьэгъусэу щытащ. Илъэс куэдкIэ зэдэпсэуащ а тIур, фIыуэ зэрылъагъуу, быни зэдагъуэтауэ. А зэман жыжьэм тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм деж къэтIыса алыдж Боспор пащтыхьыгъуэм и тет Щэтир синдхэмрэ мэуэтхэмрэ къезауэрт я щIыр иубыдыну хуейуэ. Тыргъэтауэ и адэм нэгъуэщI бын иIэтэкъым, езыр жьы дыдэ хъуати, ипхъу закъуэр мэуэтыдзэм и пашэу зауэм щыIащ. Тыргъэтауэ джатэр апхуэдизкIэ Iэзэу игъэIэкIуэлъакIуэрт, лIыгъэ игъэлъагъуэу зауэрти, зауэлI нэхъ лъэрызехьэхэм зыкIи къакIэрыхуртэкъым. Иужьрейуэ зекIуэм мэуэтхэм текIуэныгъэр къыщахьауэ, алыджхэм я дзэм щыщу зы зауэлI закъуэ фIэкI къэмынэу (хъыбарегъащIэу Щэтир деж яутIыпщыжауэ арат), зэрыщыткIэ зэтраукIэри, къагъэзэжат. Тыргъэтауэ и адэр игъэгуфIэри, и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ деж кIуэжащ.
Куэд дэмыкIыу, Щэтир дзэ зэхуишэсри синдхэм къатеуащ. «Уи щхьэгъусэр я пашэу мэуэтхэм си дзэр зэтраукIащ. Силъ сщIэжыну сыкъэкIуащи, е уи щхьэгъусэр дыукIынущ, е синдхэм зауэ фыдощIылIэ», — жиIэу, Щэтир щытригъэчыныхьым, и лъэпкъыр ихъумэжу Джэгъэтей и щхьэгъусэр хытIыгум иригъашэу, лIэжыху абы щаIыгъыну гурыIуащ пащтыхьым. Апхуэдэуи ящIащ. Щхьэгъусэншэу къэна Джэгъэтей мамыркIэ зэгурыIуэныгъэ кърищIылIэу, Щэтир и пхъур синдыпщым щхьэгъусэу къритащ. Абдежым Синдикэр Боспорым и дамэгъу хъуащ.
Зи щхьэгъусэр зэпцIыжа, къызыщхьэщымыжа, хейуэ лей къызытехьа Тыргъэтауэ илъэс зыбжанэкIэ хытIыгум щаIыгъауэ, гъэпцIагъэкIэ щIэпхъуэжри, и дыщым игъэзэжащ. И адэр дунейм ехыжауэ ирихьэлIэжри, тетыгъуэр къызылъыса пащтыхьым дэкIуэжащ ар. Тыргъэтауэ илъэс зыбжанэкIэ мэуэтыдзэр къызэригъэпэщщ, Синдикэм теуэри, илI къепцIыжам и дзэр зэтрикъутащ. Абдежи къыщымыувыIэу, и гъащIэр зэхэзыгъэзэрыхьа Щэтир и къэралыгъуэм ебгъэрыкIуэу щIидзащ. Зэуэ къэралыгъуэр хузэтекъутэнутэкъыми, щIэх-щIэхыурэ теуэу арат. Апхуэдэурэ, боспорыдзэр мащIэ щыхъум, Тыргъэтауэ зэрытекIуэнур къащыгурыIуэм, Щэтир и къуэр гъэру къаритащ икIи мамырыгъэ зэращIылIэну къэлъэIуащ. Нэрыбгейр абы арэзы техъуат, ауэ Щэтир аргуэру ебзэджэкIащ - Тыргъэтауэ деж лъэIуакIуэ кIуа хуэдэу, лIыукIитI иутIыпщри. ЛIыукIхэм пщэрылъ къыхуащIа Iуэхур ягъэзащIэу, Тыргъэтауэ теуат, зым и джатэр кърихри цIыхубзым хиIунуи хэ-тат, ауэ нэрыбгейм бгырыпх бгъуэшхуэ щIэпхауэ къыщIэкIри, абы ихъумат. БзаджащIэхэр яубыдри, къэзыгъэкIуари къызыкIэлъыкIуам и пэжыпIэри кърагъэIуэтащ.
Арати, Тыргъэтауэ Боспорым теуэри, Щэтир гуауэмрэ бампIэмрэ ихьыжыху езэуащ. Щэтир дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэ Горгипп пащтыхьыгъуэр къыщылъысым дуней фIыгъуэр саугъэту Тыргъэтауэ къыхуригъашэри, мамырыгъэм щIэлъэIуну къыхуэкIуауэ щытащ икIи абдежыращ зауэм щыщигъэтар.
Тыргъэтауэ зыдэкIуэжам зыпхъу хуигъуэтыжат, ари и анэм хуэдэу зауэм, Iэщэм хуэIэижьу щытауэ жаIэ. Зэанэзэпхъум я кIуэдыжыгъуэ хъуар щIыхъей шынагъуэщ. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэр екIуэкIыу IуилъэсыкIауэ щытащ а щIыхъейм кърикIуа псыдзэм. Бгылъэм нэмысу, псыдзэм ихьахэм ящыщщ Тыргъэтауэ. Ар щыпсэуа щIыпIэр зыхуэзэр иджырей Анапэращ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: