Сурэтхэм псэ къахохьэж

Дэрбзэр, IэпэIэсэ Къущхьэ Iэсият нэгъабэ екIуэкIа «Байкал-202I» зэхуэсым иригъэхьауэ щыта «Ожившие фотографии» проектыр грант зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм нэхъыфIу къалъытащ. Iэсият проектым иджыпсту жыджэру йолэжь. НэхъапэIуэкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэр зыхэта «Мэшыкъуэ-2020» щIалэгъуалэ зэпеуэм Iэсият къыщихьа грантым и фIыгъэкIэ къехъулIащ «Лъэпкъ щэнхабзэм зэпымыууэ зегъэужьын хуейщ» проект щхьэпэр. Iэсият и проектхэр зытеухуар Iуэхур гупыж зыщI ныбжьыщIэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ балигъхэмрэ дыщэидэ, бэзэридэ, дыщэкI пасэрей IэщIагъэ дахэхэм хэгъэгъуэзэнырщ, ахэм яIа пщIэмрэ щIэупщIэмрэ егъэгъуэтыжынырщ, къэгъэщIэрэщIэжынырщ.
Зэрысабийрэ дизайнер хьэпшыпхэм, фэилъхьэгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэм дахьэха пщащэм дэрбзэр IэщIагъэр зригъэхъулIащ. Курыт еджапIэ нэужьым ар КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым щеджащ. Абы щыгъуэ лъэпкъ фащэхэм я тхыдэм дахьэха хъыджэбзым псом хуэмыдэу нэхъ куууэ иджащ ди лъэпкъ фащэм и къекIуэкIыкIар, и зыужьыкIар, игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ иджы ар къызэрагъэщIэрэщIэжа щIыкIэмрэ. Промышленность псынщIэмкIэ колледжым IэпэIэсагъэм щыхуезыгъаджэ Iэсият лъэпкъ фащэхэмрэ махуэ къэс цIыхубзхэм щатIагъэ фэилъхьэгъуэхэмрэ ед, лъэпкъ тхыпхъэхэр хиухуанэурэ.
КъБКъУ-м щыщIэсам дыщэидэмкIэ егъэджакIуэ зэрамыIэм къыхэкIыу, а дерсхэр я программэм хагъэкIат. Дыщэидэм дихьэха зэкурсэгъухэм пщIэкIэ абы зыщыхуагъэсащ Тверь областым хыхьэ Торжок къалэм дыщэидэм и IэпщIэлъапщIэхэр щагъэхьэзыр еджапIэр къэзыуха Дагировэ Маринеттэрэ Шэт Джульетэрэ я деж.
Iэсият и «Ожившие фотографии» проектым щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар адыгэ цIыхубз фэилъхьэгъуэхэр XVIII-XIX-XX лIэщIыгъуэхэм траха сурэтхэмрэ ящIа гравюрэхэмрэ къытрищIыкIыжу къигъэщIэрэщIэжынырщ. Абы
- Проектыр къыщIыхэслъхьар пасэрей адыгэ бзылъхугъэ фащэхэр ди зэманым къызэрымысарщ. Апхуэдэ фащэхэм я кIапэлъапэхэр музейхэм щахъума, сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм къыхэна мыхъумэ, нобэ гъуэтыгъуейщ, - жеIэ Iэсият. – Иджырей пщащэхэр фIыуэ щыгъуазэкъым пасэрей цIыхубз фэилъхьэгъуэмрэ абы щIыгъу цIугъэнэхэмрэ я мыхьэнэм. Проектым хыхьэу, дэрбзэр, дыщэидэ IэщIагъэхэм я мастер-классхэр къызэзгъэпэщынущ. Республикэм и щIалэгъуалэ 50 хуэдиз Iуэхум къыхэсшэу лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр зэгъусэу къэдгъэщIэрэщIэжыну си мурадщ. КъыдэхъулIэмэ, фащэ зыбжанэм делэжьынущ. Проектыр пщIэншэу, грантым къыпэкIуа ахъшэ саугъэтымкIэ дгъэзэщIэнущ. Дызэлэжьа бзылъхугъэ фащэхэр этнографие е лъэпкъ музейм я утыку щыдгъэлъэгъуэнущ. Си хъуэпсапIэщ пасэрей адыгэ фэилъхьэгъуэхэм я тхыдэм, теплъэм зыщыхагъэгъуазэ центр къызэIусхыну.
Дэрбзэрым и хъуэпсапIэщ пасэрей IэщIагъэ дахэм, лъэпкъ фащэхэм я къекIуэкIыкIам, нобэ игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм щIэблэр, псом хуэмыдэу курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэр дригъэхьэхыну, пасэрей фэилъхьэгъуэхэр яригъэцIыхуну. Ар къехъулIэн папщIэ Iэсият адыгэ фащэхэм я тхыдэм ухэзыгъэгъуазэ, дыщэидэм ухуэзыгъасэ видеороликхэр трихыну и мурадщ, сыту жыпIэмэ, интернетым ахэр щыбгъуэтыркъым. Мастер-классхэм хэтыну хуейхэр иджыпсту къыхах, IэпэIэсагъэм ехьэлIа пасэрей IэщIагъэ дахэхэм дихьэххэр Вконтакте социальнэ сайтым фрагъэблагъэ. Хъыджэбзхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ езыр-езыру зыщIыфу, дыщэидэ, уагъэ, хэдыкI IэпэIэсэ IэщIагъэхэр зэзыгъэщIэну щIэхъуэпс дэтхэнэми Iэмал иIэщ абы я зэфIэкI щеплъыжыну.
Къущхьэ Iэсият ехъулIэныгъэхэр иIэу мызэ-мытIэу республикэ, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтащ. Ахэм ящыщщ Налшык къалэм, Лъэпкъ фащэм я махуэхэм ехьэлIауэ республикэм щекIуэкIа зэIущIэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щащI хабзэ «Минги-Тау» выставкэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: