Дэ нэгъуэщI хэкум дыщыгъэгъэнукъым

Адыгэ тхыдэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа хеттолог цIэрыIуэ, Истамбыл щыпсэу адыгэлI щыпхъэ Чурей Алий мызэ-мытIэу дыщыхуэзащ Тыркуми, хэкужьми. И IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ я мызакъуэу, и щхьэкIи, и унагъуэкIи лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэным куэд хэзылъхьэ Алий ди упщIэхэм жэуап къаритащ.
- Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми, щэхуми нахуэми, зэгуэр лъэпкъ уардэу, бжыгъэкIэ куэду щыта адыгэр зэрыгъуэтыжыныр, зы щIыгу итIысхьэжыныр и хъуэпсапIэу къыщIэкIынщ. Уэ куэд плъэгъуащ, куэдым я гупсысэ ущIэдэIуащ, хэхэс гъащIэр бгъэунэхуащ, хэкужьым кIуэж гъуэгум мызэ-мытIэу утетащ. УзэреплъымкIэ, пщIыхьэпIэ дахэм хуэдгъадэ а гупсысэр зэгуэр нахуапIэ хъуну пIэрэ… 
- Нобэ «сэ сыадыгэщ» жиIэу дэнэ щыпсэуми, зы цIыху урихьэлIэнкъым хэкум игъэзэжыныр имыщIасэу. Иджы дунейм лъэпкъыу тетым яIэ гугъуехьым хуэдэ диIэщ дэри, ди щхьэ закъуэ абы дыхэкIыфыну къысщыхъуркъым. Дэ дыкъапщтэмэ, Тыркум дыкъыщалъхуащ, мыбы дыкъыщыхъуащ, дыщеджащ, унагъуэ щыдухуащ, дыщылэжьащ, жьы дыщыхъури, пенси сыкIуащ. Мы къэралым си гъащIэр щысхьащ, щекIуэкI системэм сыщIапIыкIри, абыкIи сыпсэуащ. Иджы си ныбжьыр здынэсам гугъущ а псори зэуэ хыфIэздзэу си дежкIэ мыцIыху псэукIэм сыкIуэу сыхэтIысхьэныр. Хэхэсыным нэхърэ нэхъыфIщ гугъу уехьми, хэкум уисыжыныр жыдоIэ дэ. А гупсысэращ къызыхэсхыр я щIалэгъуэ щIыкIэ ди бынхэр хэкум гъэкIуэжын зэрыхуейр. Къапщтэмэ, хэкум укIуэжыным сыт хуэдиз гугъуехь пымыщIами, ди адэжьхэр абы къыщрахум ирагъэшэча бэлыхьым ауи пэхъунукъым. Аращи, ди щIалэгъуалэр куэду нэдгъэкIуэжын хуейщ ди адэшхуэхэр къыздикIа жэнэт щIыпIэм. 
Лъэпкъыр дызэрыгъуэтыжмэ, лъэщ дыхъужынущ. Лъэщ дыхъумэ, зыгуэрым дезэуэну, ищI къытетхыну, и цIыху дукIыну аракъым, атIэ ди бзэмрэ ди щхьэмрэ мыкIуэдын, лъэпкъышхуэхэм дахэмышыпсыхьын папщIэ дызэрыгъуэтыжу ди щэнхабзэм зедгъэужьыжыну ди хъуэпсапIэу аращ. Нобэ Тыркум щыIэ къалэхэм зы хасэ цIыкIу щызэхэпшэкIэ, абы цIыху зыбжанэ къекIуалIэкIэ, щэнхабзэр яхуэгъэпсэунукъым. Удз гъэгъар зыпытым къыпыпчмэ, хуэлэнущ. Дэ нэгъуэщI хэкум дыщыгъэгъэнукъым, адыгэу дыкъыщынэфынукъым. ДыкъызыхэкIыкIар Кавказ щIыналъэращи, щIым къыхэна жыг лъэхъыцыр къэлэжьэжу, хэкум дыкъыщыдэжыжын хуейщ.
- Фэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъ гъунэгъу зэхуэхъуным, зыми хуэмыдэжу, къару куэд епхьэлIащ уэ. А псом я щхьэу къызолъытэ, шыпхъу пэлъытэ тхуэхъуа уи хъыджэбзыр хэкужьым нэбгъэкIуэжу зэрыщебгъэджар, абы щыпсэуну къызэрыбгъэнэжар. Дыжьын Налшык накIуэу щеджэным, иужькIэ IэнатIэ щыпэрыувэным, щыпсэуным дауэ хуэкIуат уи унагъуэр? Ар пщащэм къыхиха гъуэгут, хьэмэрэ, уи жьэгур зэрыпхуэмыгъэIэпхъуэжыныр къыщыбгурыIуэм, зы гъэгъа адэжь лъахэм щыбгъэкIыныр нэхъ къапщтэу тебгъэгушхуа? 
- Сэ сызэрыцIыкIурэ ди къуажэми ди унагъуэми щызэхэсхырт «Хэку», «Кавказ» псалъэхэр. Ар ди адэшхуэхэм, анэшхуэхэм яжьэ жьэдэкIыртэкъым, ягу ихуртэкъым. СыщIалэ цIыкIуу сыщегупсыс щыIэт а псалъэхэм къикIым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы теухуа хъыбар куэд зэхэсхырт. Си адэм и адэ шыпхъуиплI IэплIэкIэ кърахащ абы. Мис абыхэм сащIэдэIуурэ сыкъэхъуащ. Пэжым ухуеймэ, нэхъапэхэм сипхъу згъэкIуэжыну е си щIалэ згъэIэпхъуэну сегупсысыртэкъым, си щхьэкIэ сыкIуэжыну си хъуэпсапIэт. Ар къызэхъулIакъым. Хъыджэбзыр балигъ щыхъум, а Iуэхум теухуауэ дызэакъылэгъуу къыщIэкIащ, и анэри арэзы тщIыри нэдгъэкIуащ.
Абы иужькIэ куэдрэ сегупсысырт: Тыркум ис адыгэ унагъуэхэм ящыщ дэтхэнэ зыми зы цIыху закъуэ игъэкIуэжрэ дэIэпыкъуурэ хэкум лъэ быдэкIэ щигъэувыжтэмэ, ар лъэмыж тхуэхъунут. ЩIалэхэр дзэм ягъакIуэ, пщащэхэр унагъуэ ират - абы нэхърэ нэхъыкIэ, ди адэжьхэр залымыгъэкIэ къызрахуа жэнэт щIыналъэм ди щIэблэр дгъэкIуэжыну? Сыт абы пщэдей къытхуихьынур? «Уэлэхьи, си шыпхъу абы щопсэури, сыкIуэнщи, сыщIэупщIэнмэ», - жиIэнти дэлъхур кIэлъыкIуэнт. Зи къуэш кIуэжам и деж щIалэр лъагъунлъагъу кIуэнт. Апхуэдэурэ дихьэхыжынти, зэрыбыну Iэпхъуэжынт.
- Iэмал хъарзынэт ар, хэхэсхэм къахуэгъэсэбэпамэ…
- Къызыхуэмыгъэсэбэпхэми си губгъэн ятехуэркъым. Псоми зрачу кIуэжын хуейуэ къэзгъэувыркъым, Замирэ, ар зэрыгугъур сощIэри. Ар хуэм-хуэмурэ зэдгъэхъулIэн хуейуэ аращ. АпщIондэху адыгэхэр зыр зым и тIасхъэщIэхыу дыщымыту, лъэпкъ зэхэгъэж дымыщIу, унагъуэ зэхэдз димыIэу дыпсэун хуейщ. А зэхущытыкIэ мыфэмыцым мыгъуагъэщ къытхуихьынур. ЦIыхур дэнэ щалъхуами щапIами зыхэсхэм заригъэкIуу ядэпсэун хуейщ, ауэ гурэ псэкIэ зыщигъэгъупщэ хъунукъым къызыхэкIа лъэпкъыр, и анэдэлъхубзэр. Ар адыгэхэм ехьэлIамэ, ди лъэпкъэгъухэр дэни щызэкъуэтын хуейщ. Дызэкъуэмытмэ, дыкIуэдынущ. 
Нобэ дэ хэку щIыжытIэри, абы дыныщIэкIуэри, лъахэм къина фэ адыгэжь тIэкIуращ. Абыхэм я хьэтырщ ди зэпыщIэныгъэр щIефIакIуэр. ФэрыщIагъи политикэ Iуэхуи хэслъхьэркъым мыбы – ди адэжь щIыналъэм къинэжа мащIэ тIэкIум дахуэсакъын хуейщ, дызэрыутIыпщ хъунукъым. Уи благъэр бий пщIымэ, уи бийм благъэ хуэхъунщ, жеIэ псалъэжьым. Ди благъэхэр бий дывмыгъэщI, Iэ къытхуэзышийм IэштIым едывмыгъэгъэлъагъу, зы лъэбакъуэ къытхуэзычым лъэбакъуипщI хуэдывгъэчыж. Аращ адыгагъэми хабзэми лъабжьэ яхуэхъур, ди лъэпкъым и уардагъэр зыгъэлъэгъуэнур, ди къэкIуэнур фIы зыщIынур. 
- Тхьэм уигъэпсэу, Алий. НэхъыжьыфI зиIэм нэхъыщIэфI иIэщ, жеIэ адыгэм. Уи дуней тетыкIэкIи, уи гупсысэкIэкIи щапхъэ узыхуэхъун щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэну, ди жьантIэр бгъэбжьыфIэу куэдрэ ди япэ уитыну Тхьэм жиIэ!
 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: