Ди бзэм и къулеягъым и нэщэнэхэр

Адыгэм и хьэгъуэлIыгъуэр сыт щыгъуи Iэтауэ ищIу щытащ. Ар игъэдахэрт лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэрэ зэфIэува адыгэ хабзэм тету, зы Iуэхум адрейр къыкIэлъыкIуэурэ нэгузыужьу зэрекIуэкIым. ХьэгъуэлIыгъуэр зейм и зэфIэкIыр, хьэблэр, благъэхэр зэрызэрыIыгъыр къэзыгъэлъагъуэ, унагъуэмрэ лъэпкъымрэ жылагъуэм щаIэ пщIэр нэрылъагъу зыщI Iуэхут. Абы къыдэкIуэу, цIыху зэхэтыкIэм нэIуасэ зыщыхуэпщI хъу, уи гъэсэныгъэр здынэсри щыбгъэлъагъуэ щIыпIэт. ИкIэм-икIэжым, адыгэ хьэгъуэлIыгъуэр щауэр щагъэгушхуэ, нысащIэ цIыкIур зыхаIэтыкI, зыхагъэфIыкI дауэдапщэт. Абы къыхэкIыуи гукъыдэж дахэрэ дэрэжэгъуэ инрэ хэлъу зэрырагъэкIуэкIыным хущIэкъурт.
ХьэгъуэлIыгъуэ къыдэхыныр нэхъыбэм къыщежьэр ныбжьыщIитIым я дежт. Ауэ къэхъурт сабийхэм я гущэкъу ирабзэу, къыдэкIуэтейрэ я ныбжь нэсмэ, я хьэгъуэлIыгъуэр щыдахи, адэр нысэу зэхъуэпсар и къуэм къыщригъаши. Апхуэдэхэр нэхъ мащIэт, хабзэщ жаIэ щхьэкIи, куэдрэ урихьэлIэртэкъым. Къэхъумэ, нэхъыбэу къэхъур щIалэгъуалэр зэхуэзэрэ зэгуакIуэу, зэпсалъэрэ зэгурыIуамэ, нэхъыжьхэр щIагъэупщIэу арат. ХьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэ щекIуэкIкIэ, къупщхьэ къута, е уIэгъэ зиIэм щIэпщакIуэ щыхуащIкIэ, щIалэгъуалэр зэхуэсу жэщщыс щащIкIэ (псалъэм щхьэкIэ, и благъэхэм я деж хьэщIапIэ кIуа пщащэм папщIэ), мэракIуэщыпэ щыкIуэкIэ е джэгум щызэхуэзэкIэ зи шэгъуэ, зи къэшэгъуэ хъуа ныбжьыщIэхэм Iэмал ягъуэтырт зэдэгушыIэну, зэпсэлъылIэну. ХэкIыпIэфIт хъыджэбз лэгъунэхэри. Зи шэгъуэ хъуа пщащэхэм апхуэдэ лэгъунэхэр яIэт я псэлъыхъухэм щахуэзэу. Ауэ апхуэдэхэм деж пщащэм и лъэныкъуэкIэ е и шыпхъу, е и ныбжьэгъу, е и гъунэгъу, е и дэлъху нэхъыщIэ, щIалэм и лъэныкъуэкIэ и ныбжьэгъу Iэмал имыIэу ягъусэн хуейт.
Пщащэ лэгъунэм къекIуалIэ щIалэм «псэлъыхъукIэ» еджэрт. Ауэ къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, утIыпщауэ ныбжьыщIэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр зэхуаIуатэртэкъым. Мыхьэнэшхуэ иIэт хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ джэгу щыхыхьэм абыхэм я зэIущIэкIэм, зэпсэлъэкIэм, лъагъуныгъэр зэрырагъажьэм. Я гурылъхэр нэхъыбэу къызэрагъэнаIуэри хъуэрыбзэ-щIагъыбзэкIэт. Адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, уи гухэлъхэр утIыпщауэ пIуэтэныр «къекIукъым» жыхуаIэ Iуэхухэм ящыщти, ныбжьыщIитIым дэлэли къагъэсэбэпырт. Ауэ сыт щыгъуи псалъэр мащIэрэ гупсысэр ебэкIыу щытын хуейт. Апхуэдэ гъэпсыкIэр я нэщэнэ нэхъыщхьэт щIагъыбзэмрэ хъуэрыбзэмрэ.
 ЩIагъыбзэр – зи мыхьэнэр занщIэу къэзымыIуатэ, ауэ къыбгурызыгъаIуэ, къозыгъащIэ жыIэкIэщ. Хъуэрыбзэм къыщхьэщыкIыу, ар диалог щIыкIэу гъэпсакъым. Сытым щыгъуи и мыхьэнэр IупщIу къыбгурыIуэуи щыткъым, щIыжаIам и щхьэусыгъуэм ущымыгъуазэмэ.
Хъуэрыбзэр – диалог щIыкIэу гъэпса псалъэ зэпэдзыжщ, ныбжьыщIитIым я гухэлъхэр зэрызэхуаIуатэ, зэрызэдэгушыIэ бзэщ. Хъуэрыбзэм теухуауэ Шортэн Аскэрбий мыпхуэдэу етх: «Ар езыр диалогическэу зэхэлъщ, драматическэ щыхъужи къыхэхуэу. Мы усэкIэр къызэрежьэрэ куэд щIащ… Хъуэрыбзэр зыгъафIэр сатирэрщ, гушыIэрщ, ауанырщ. Хъуэрыбзэр зылъэмыIэсрэ зытемыIэбэрэ щыIэкъым. Абы и бзэр дыджщ, ауэ шэрыуэщ, гухэщIщ, ауэ гушыIэщ».
 Хъуэрыбзэмрэ щIагъыбзэмрэ адыгэ IуэрыIуатэм и жанр хьэлэмэтхэм ящыщщ. Ахэр ди бзэм и къулеягъым и зы нэщэнэщ, ди щэнхабзэм и зы Iыхьэщ, ди япэ итахэм я гурыгъу-гурыщIэхэм дыхэзыгъаплъэ, я гупсысэкIэм, я дуней ухуэкIэ-къэIуэтэкIэхэм я зы кIапэм щыгъуазэ дыхуэзыщI бзэщ. Хабзэм и сыт хуэдэ зы Iыхьэми хуэдэу, ахэри лIэщIыгъуэ IэджэкIэ зэфIэуващ, загъэпсу, запсыхьу. Абы къыхэкIыу щIагъыбзэми хъуэрыбзэми зэманыжь куэдым я нэпкъыжьэ телъщ.
ЦIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я зэхущытыкIэм псори щыубзыхуат, я лэжьыгъэм деж къыщыщIидзэрэ, я псэлъэкIэм деж щиухыжу. Акъыл жаным, IуэрыIуэдзым сыт щыгъуи пщIэ лей хуищIырт адыгэм. Абы къыхэкIкIи псалъэ хъуэр зэпэдзыжым гулъытэ хэха игъуэтырт. Хъуэрыбзэм ауан, гушыIэ дахэ халъхьэрти, ар зыми щхьэжи уэими ищIыртэкъым. Псалъэ хъуэр зрадзам и къалэнт къыжраIам и мыхьэнэр зэхигъэкIыу хуэфэщэн жэуап итыжыну. ИкIэм-икIэжым псори зыхуэкIуэжырати – дауэ имыщIами, щIалэм пщащэм хуиIэ мурадыр къыгуригъаIуэрт. Пщащэми, хабзэм къызэригъэувти, къыгурымыIуафэ зытригъауэурэ, щIалэм дэгушыIэрт:
ЩIалэм: УнапщIэ мыщтэщ,
Укъэщтэгъуейщ.
Ууэлбанэ дыгъэщи, укъуокI, укъуохьэ
Ужэщ мазэхэщи, хэпкIэжащ.
 Пщащэм: Бжьыхьэ мылыфым зумыгъэлъахъэ,
Щэлъахъэ зэвыр зэпумыуд,
Сызэгуэуду щытми, укъэзгъуэтынщ.
ЩIалэм: Мазэ ныкъуэ дамэху,
Дуней нэхум щыщуэ зы мазэ,
УигукIэ уарэзыуэ зы псалъэ…
Пщащэм: Къырыщхьэ укъыщымыфэ,
 Къыр лъапэ ущымыджэгу,
Уи щхьэ джэгупIэ куэдрэ умыщIыж
ЩIалэм: Зи нэ фIыцIитIыр пыжьынэ,
Зи нэкIущхьитIыр пкъы нэплъ,
СызэрыпIуплъэу сыптхьэкъури,
Уджым укъыхэсшащи,
Зумыусыгъуэджэу дызэгъэпсалъэ.
Пщащэм: Сыномыпсэлъэнуи сыбзагуэкъым,
Удж бдэзмыхьынуи сыпагэкъым,
УуэршэракIуэмэ, шэщIэхум кIуэ,
Ухъыджэбзаплъэмэ, укъысхэкIыжащ!
 ………………………………….
ЩIалэм: УIуэрбжэрылэу хэт ищIэнт?!
Уд фызыжь цIыкIуу щIыкIей,
Къаз къурмакъейуэ пщэ псыгъуэ,
УдахэкIейуэ зыкъыпщымыхъуж,
 «Дахэщ» жыхуаIэр уэрамэ,
Бахъсэн мывэншэу солъытэ.
Дыдей уахуэсшэу сыкIуэжмэ,
СащIынщ дыдейхэм щхьэпылъэ.

Поделиться:

Читать также: