ЩIым и лъынтхуэ

– И-и-пчхи-и! И-и-и-пчхи-и!

Жей псыIэм хэт мэз лъахэр къыдэскIэу зыгуэр къепсащ. Мэз адакъэр щIэлъэтщ, и щхьэ псыгъуэ цIыкIур игъэкIри, бзииху щхьэукъуам и къудамэ нэхъ лъагэм зыдридзейуэрэ:

– Теурэзыр зыхуэмыкIуэн бэлацэжь! Нэху мыщым дэни ущыхэпщт?! Зеплъыхь мэз адакъэм, и щхьэ папцIэр Iушэ ищIурэ: ихъуреягъыр нэщIщ, ауэ ищIэркъэ абы – мы мэзым зы псэущхьи щызекIуэркъым апхуэдэ къепсыкIэ зиIэ. «Быдэ и анэ гъыркъым»,– жи, пщIэнукъым иджыпсту МэзылIыр къыздыкъуэщэтынур. Ар зэ къеджэдэжьамэ, жыги псэущхьи тыншыпIэ яриткъым. Адрейм и деж, иныжь жей ещI. И нэ чы тегъэхуауэ тэлайкIэ зэIуплъа нэужь, адакъэм къилъэгъуащ и щхьэ бэлацэ зэпэплIимэр щIэIуауэ екIэпцIэ пабжьалъэм къыпхырыущыкI МэзылIыр. Езыр пщэ кIэщI хъужарэ и

шхулъащхьэм1 уэщ тIыгур  къыдэплъу къыпхищIыкIырт абы мэз пабжьэр. ЖейкIэ зызэримыгъэнщIар нэрылъагъуу, нэщхъыцэт ар, нэхъу-нэплъ хъужауэ жыг дакъэхэр зэпиплъыхьурэ папщэрт.

«Хуоп-хуоп», – жиIэу и дамэ къуэлэнхэр щэтегъауэ ещ1ри, мэз адакъэр бзииху къудамэм къобзэрэбзэх:

– Уи пщэдджыжь дахэу, бэлацэкъуэ! Е жейм уемызэгърэ, е пщIыхь жагъуэ

уи нэгу щIэкIарэ? Ужьырытэджи-тIэ нышэдибэ!

МэзылI щхьэхынэу жыг къуэрэщхьэпэм  дэнэцIейуэрэ хохущхьыкI:

– А уи къабзий къуэлэныр цырыцу къыпхуэсфыщIынщ, джэд пIэрэпIарэ!

ЛIо, цIэфIэщ джанэ къысщыптIэгъа?

Уэрат иджы бэлацэкъуэкIэ къызэмыщыжар!

Ар мэз адакъэм къыпхуидэнт?!

– Сэра джэдыр-тIэ? Уи нэр къэдыхьа? Уи щхьэм тIэкIу хущыщIэрэ? Сэ

сыадакъэщ, пщIэну ухуеймэ! Ар нэхъ хьэдыгъуэдахэти.

Арати, зы нокIуэ – тIу къокIуэж жыхуаIэу, МэзылI напщIэуфэмрэ адакъэ

щхьэ папцIэмрэ зызэпэщIасэри, абы я хъуэрыбзэ хъурджауэм жыгхэри

къигъэушыпащ.

– Ныжэбэрей жьапщэри нэхъ Iэсэти, мы фи зэдауэм нэхърэ,– зигъафIэурэ

зиукъуэдиящ пхъэхуей лантIэм.

– Щыблэ кIапцIэр къыщыстегъуагъуэми, апхуэдэ Iэуэлъауэ ищIатэкъыми,– хэщэтыкIащ чэщей щхъуантIэр.

– Къэвгъанэт иджы фи псалъэ мышур. Дотэ фIэфI хъунукъым ахэр,– къэхущхьащ уэздыгъей гъумыщIэр, жыгеипщ Дотэ дежкIэ и къудамэр

ишийуэрэ.

АрщхьэкIэ Дотэ Iэджджэ щIауэ мо зэпсалъэхэм щыму къахэдэIухьырт.

– ФIохъус апщий, мэзбын еIуящIэ! Сыт фыщIызэрызехьэр?

Псоми зэуэзэпсэу заущэхужащ.

МэзылIым Дотэ гъунэгъу зыхуищIыурэ:

– Зэрыщытыращ, Дотэ,– сэ си пщэдджыжь IуэхукIэ сыкъежьати, мес мо

цыпэплъым, имыIуэху зэрихуэу, къыспилъэтыхьри… дзы къысфIищурэ…

– Уа, Бэлацэкъуэ, Iуэху зи куэдым урещхькъым уэ. Мазэ нэблэгъауэ уэлбанэщ, лIэун. Щыблэ уапIэм дищтэри, итырыгъури  бэгъуащ. Мыдрейуэ, щыблэ лыгъэ зэпхъуар кIагъуэм  игъэуфIыцIауэ мэзыр фейцейщ. Уи уэщымрэ уэрэ махуибл лэжьыгъэ къыфпэщылъщ. Уэращи, мыбдеж уиувыкIауэ фыз уэршэр ибошэкI. Сыт уи гугъэр… итырыгъумрэ уэшхырылъэсымрэ мэз адакъэ пщхьэщихын уфIэщIыжауэ ара?! КIуэи уи къалэн зехьэ! Уэри, къуэлэн цIыкIу, кIадащхьэр къыумыгъавэу уи щхьэ Iуэху зехуэ, – кIэщIт Дотэ и псалъэр.

Псори щIэукIытыхьыжри щым хъуащи щIым хоплъэ. Дотэ и лъэдий гъумыщIэр а щIым хохьэри лъапэ лъынтхуэ абрагъуэхэмкIэ мэз лъахэр къепэщэщыхь. Жыгей Дотэ IитIэлъитIэу хэумэзыхьащ уэшх угъурлым къригъэбла щIы къэуатым. Абы и лъабжьэ лъынтхуабэхэм «къухь», жаIэурэ загъэнщIыжащи, йофэ-йофэ псы псэхэлъхьэжым и щIыпцIэ къарум. Абы и къудамэ Iэгъуапэхэм уардэу уафэ купсэм зрашие. Абы и тхьэмпэ псыIафэхэм

тхъэжыгъуэу дыгъэ бзийхэм зыхашытIэ. Мыдэ зэ фымыпIащIэт! Уэлбанэм иуфэкъа мэз лъахэр МэзылI и уэщыжьымкIэ зэ иригъэкъэбзыкIмэ, Дотэ арэзыуэ псысэ пхъэмбылъэр къытхузэIуихынущ. Мыдэ зэ шыIэныгъэ зыхэвгъэлъыт! Мазэ зэблэкIыгъуэм ирихьэлIэу къытедгъэзэнти мыбы и Iэгъуапэ жьауэм. О-о-оу, гъэщIэгъуэныщэу зыми емыщхь псысэ Iущхэр и куэдщ а жыгей Дотэ. Абы и жагъуэщ къэвэрейхэр. Абы и щIасэщ жыIэдаIуэ Iущ цIыкIухэр. Аращи, мазэ зэблэкIыгъуэр зэхудипIалъэщ. Щэху дахэ Iэджэ тхуегъэтIыгъуэ Дотэ. Жыг хъыбар зыфIэфIхэм зыкъревгъэхьэлIэ. ЩIым и лъынтхуэр зэрыбауэм дедэIуэнщ зэгъусэу.

 

 

Къармэ Iэсият
Поделиться:

Читать также: