Сабийхэм я нэкIэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Тка­ченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм бэрэжьейм къыщызэ­Iуахащ «Дунейр сабийхэм я нэ­кIэ» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэ­гъуэ­ныгъэ-зэпеуэ. КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, су­рэтыщI цIэрыIуэ Ткаченкэ Анд­рей и цIэкIэ зэхашэ а Iуэху дахэр илъэс пщыкIуплI хъуауэ ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI.

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и ми­нистр Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къыщызэIуихым, ар къы­зэзыгъэпэщахэм, адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ.
- Сурэт щIыным дихьэхыу, ар къайхъулIэу сабий нэхъыбэ диIэхукIэ нэхъыфIщ, дэ зэрытхузэфIэкIкIэ абыхэм защIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ,- жиIащ Къу­махуэм.
КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч сурэтыщI ныбжьыщIэхэм ехъуэхъури,  сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм мып­хуэдэ Iуэху дахэкIэ зэрыпе­жьар зэригуапэр къыхигъэщащ.
- Сэ Ткаченкэ Андрей гъунэгъуу сцIыхуакъым, ауэ абы и къуэ Александр си ныбжьэгъу пэжщи, срогушхуэ, - жиIащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз.
КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэ­щэгъу Уянаевэ Iэминат гъэлъэ­гъуэныгъэм утыку къыщрахьа сурэтхэр къызэрымыкIуэу игу зэрырихьар ибзыщIакъым.
- Балигъхэм сабийхэр тхъумэу къытщыхъуж щхьэкIэ, езы сабийхэращ дунейр зэтезыIыгъэри дыкъэзыхъумэри. А гупсысэм сэ сыхуашащ мы сурэтхэм,- жиIащ Уянаевэм.
Зэпеуэм щытекIуахэр пшыхьым щагъэлъэпIащ.
Къумахуэ Мухьэдин къызэ­хуэса­хэм яригъэцIыхуащ уэрэ­д­жыIакIуэ ныбжьыщIэ Куэцэ Идар. Абы накъыгъэм и 9-м, ди къэралым и уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэхэм я гъусэу, Ут плъыжьым деж уэрэд щыжиIат. КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр министрым щIалэщIэм иритыжащ.
Ткаченкэ Андрей ипхъу Маринэ, мы гъэлъэгъуэныгъэм хэ­тын щхьэкIэ, щIыпIэ жыжьэ къикIыжри къэкIуэжат.
- Ди унагъуэм дежкIэ хуабжьу гуапэщ ди адэм апхуэдэ пщIэ зэрыхуащIыр, зэралъытэр. Ар зыщIэжхэм я фIыгъэ хэлъщ и цIэр зэрыжаIэрейм, ар цIыхухэм зэращымыгъупщэм, - жиIащ Маринэ. Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ лэжьа Фырэ Руслан. Арат зэпеуэ-гъэлъэ­гъуэныгъэм и зэхэублакIуэу щытар.
Гъэлъэгъуэныгъэм щыплъа­гъур­ гукъыдэжыр къэзыIэт, фIым ущызыгъэгугъ, плъыфэкIэ бей сурэтхэт. Сыт хуэдэ сабийхэм ­ялъагъур, жыпIэмэ, телъыджэщ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэкIэ, ды­хьэшх макърэ гу­щIэгъукIэ, гуп­сысэщIэрэ къабзагъэкIэ гъэнщIа дунейщ. Я псэ ­къабзагъыр мыкIуэщIу, нэш­хуэ­гушхуэу а цIыкIухэм я зэфIэкI адэкIи хагъэхъуэну ди гуапэщ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: