Нэпсыншэ хъуа

Ди хьэблэ дэсащ Жалдузхъан зи цIэ фызыжь. Ар Балъкъэрхэ я нысэт. И Iыхьлыхэри сабийхэри абы дызэреджэр ТIасцIыкIут. Пасэу фызабэу къанэри, ТIасцIыкIу икъукIэ гугъу ехьу ипIат быниплI: къуищрэ зыпхъурэ. Ахэр Iэдэбу, гъэсауэ къигъэхъуат, къуажэ школым щригъэджат. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям нэхъыжьищыр – ТIыбыш, Данунэ, Темыркъан сымэ – лэжьэн щIадзауэ IэнатIэ зырыз Iутт, нэхъыщIэ дыдэр, Iэбузер, епщIанэ классым щIэст.

Япэу зауэм яшащ ТIыбыш. Яшащ, и анэжьыр, и шыпхъур, и щхьэгъусэ Чэзибан сымэ кIэлъыгъыу, къэхъуар къызыгурымыIуэ и бын цIыкIуитIыр – Леонидрэ ФатIимэрэ – кIэлъыплъу. Абдеж щыщIидзащ ТIасцIыкIу нэпс щIигъэкIын. Унэм щIэсхэм закъримыгъэлъагъун щхьэкIэ е хадэм, е Iуэм ихьэрти абы щыгъырт, и гур пэщыху. ИтIанэ, и нэпсхэр илъэщIыжырти, «Ялыхь, зауэм кIуа си быныр къысхуэхъумэ», - жиIэу Iущащэурэ, унэм щIыхьэжырт.

ИтIанэ ираджащ къуэ курытыр – Темыркъан. «А-а-а, соунэхъу мыгъуэри! – жиIэри фызыжьым и гур фIэкIуэдыпащ. – Ялыхь, си къуитIыр хыумыгъэкIуадэу, узыншэу къысхуэхьыж...»

Куэд мыщIэу зыр зым кIэлъыкIуэу зэуапIэм къокIри анэм къыIэрохьэ щхьэкIуэ тхылъитI. Iыхьлы-благъэхэр щIыгъуу ТIасцIыкIу егъеиж и щIалэ нэхъыжьитIыр. Иджы ар тегужьеикIыпат школыр къэзыух и къуэ нэхъыщIэм – Iэбузер. «Умыгузавэ, ТIасцIыкIу, - къыжраIэрт абы гъунэгъу фызхэм, - нэхъыщIэм и гугъу, дауи, къащIынкъым, укъагъэнэнкъым уи хьэдэр щIэзылъхьэжын уимыIэу».

Гугъэрт фызыжьри. Хабзэ гуэр щыIэххэмэ, нэхъыщIэр дашынкъым, и ныбжьри абы нэсакъым. Къуажэ Советым кIуэри щIэупщIати, нэхъыщIэр зауэм ямыгъэкIуэн хуэдэу къыжраIат.

АрщхьэкIэ, зауэм щIидзэри илъэситI иримыкъуауэ, ираджащ нэхъыщIэри. Анэр гужьеяуэ Советым жати, ауи хъымпIар къащIакъым. «Нэмыцэр хэкум къизэрыхьащ. Хэт абы пэувынур, щIалэхэр анэ кIэ къуагъхэм къыкъуэднэмэ?!» – къыжраIащ. «Си къуитIыр фэстащ, ещанэм и гугъу фымыщI, Алыхь фиIэмэ», - лъаIуэрт фызыжьыр, арщхьэкIэ зыри къикIакъым. Яшащ Iэбузери зауэм, щIалэ дыдэу, и пащIэ-жьакIэр зэщIэува къудейуэ, гъащIэм и IэфIыр зыхимыщIауэ.

Къуажэм щызекIуэрт псалъэмакъ гуэрхэр. Зыкъомым жаIэрт Iэбузер езым фIэфIу зэуапIэм кIуауэ, и къуэшхэм ялъ ищIэжын папщIэ. НэгъуэщIхэм щэхуу зэраIуатэмкIэ, щIалэр унафэщIхэм ящыщ гуэрым и Iыхьлым и пIэкIэ ягъэкIуат. Дэтхэнэра пэжыр? СыткIэ къэпщIэн? Зыбзри зыдри къуажэ Советымрэ военкоматымрэт...

ТIасцIыкIу къыхуэнар пыхьэныращи, тхьэмыщкIэм уэру щIегъэкI нэпсыр. «Ялыхь, сыкъыумыужэгъужыпамэ, си нэхъыщIэр къысхуэхьыж, мы зауэ гущIэгъуншэм хыумыгъэкIуадэу!» – арат иджы тхьэ зэрелъэIур. Унагъуэм исхэми Iыхьлыхэми сыт жраIэми зэхихыркъым. И гур ешхыж, и къарур макIуэ, и фэм итыжкъым фызыжьыр. ЩIэхуэжыркъым унэм, дэхуэжыркъым пщIантIэм. ДокIри тетщ уэрам щхьэIум. Маплъэ и къуэхэр здэкIуа лъэныкъуэмкIэ, и IитIыр и бгъэм щызэридзауэ. И фIэщ хуэщIыркъым я щIалэгъуэу, я узыншыгъуэу, я псэугъуэ дахэу дэкIа и щIалэхэр дунейм темытыжу, мо уафэр, мы щIылъэр ямылъагъужу. КъыфIощI ахэр къэкIуэжу гъуэгу тету. Маплъэ ищхъэрэкIэ. Маплъэ и нэкIи игукIи.

Фызыжьыр зылъагъу и къуажэгъухэм я гур мэкъутэ, псалъэ дахэ къыжраIэ. КъыхуаIуатэ, уеблэмэ Iэбузер псэууэ, узыншэу зыгуэрым илъэгъуауэ...

Ауэ, мазэ зыкъом дэкIауэ, ТIасцIыкIу къыхуахь абы и щхьэкIуэ тхылъри. Уо, Алыхь, апхуэдиз хуэшэчыну-тIэ цIыхум?! Апхуэдиз дэхуэну фызыжь тхьэмыщкIэм и фэм?! Зэгуиудынукъэ абы и гур гуауэм?!

Игъеижащ и къуэ ещанэри ТIасцIыкIу. Игъеижащи – иджы нэпс иIэжкъым. ИIэжкъым зы нэпс ткIуэпс. Арагъэнщ «Нэпс щIегъэкI» жыхуаIэр. ЩIэкIащ и нэпсыр. Гъущащ и нитIыр. Хьэуэ – гъущIащ, игъащIэкIэ къэмыпсыIэжыну, игъащIэкIэ апхуэдэу щытыну…

Иджы ТIасцIыкIу щигъэтат гъыни. Гъыжыфыртэкъым. Хьэдагъэ кIуамэ, нэпс щIагъэжу, гъыуэ щыт цIыхубзхэм ябгъэдэувэрти еплъырт щыму. ИтIанэ яжриIэрт: «Зи насыпхэ, фэ иджыри нэпс фиIэщ, иджыри фогъыф. Куэд нэхърэ нэхъ къэсщтэнти нэпс къысхущIэкIыжу, сыгъыфу щытыжамэ… СлъэкIыж мыгъуэркъыми си къуэхэр згъеижыну…»

Зауэ нэужьым илъэс зыбжанэкIэ псэужащ Балъкъэр Жалдузхъан – ТIасцIыкIу. ЩIэхуэжыртэкъым ар я унэ, дэхуэжыртэкъым я пщIантIэ. Тетт, джэрэзу, уэрам щхьэIум. Пэплъэрт зауэм кIуа и къуэхэм. И фIэщ хъуртэкъым ахэр къэкIуэжу гъуэгу темыту.

ИтIанэ нэф хъупащ ТIасцIыкIу. КъытеункIыфIащ дунейр. Иджы, и псэр пытми, ар лIа пэлъытэт. «Язалыхь, псынщIэIуэу си увыпIэр къызэтыж! – елъэIурт ар Тхьэм. – Ялыхь, си къуэхэм щIэх ахърэтым сащыIугъэщIэж!»

Апхуэдэурэ и ажалыр къэсри, ТIасцIыкIу мащэм ирахьэхыжащ. А мащэри кIыфIт, абы и дунейм ещхьу.

Къагъырмэс Борис.
Поделиться:

Читать также: