МыIэрысэ хущхъуэхэр

Ди хьэблэ дэсащ щIалэ цIыкIуитI: Къумыкъу Болэрэ Шагъыр Мышэрэ. Ахэр зэныбжьэгъуфIт, зы махуэ зэхуэмызамэ, зэхуэзэшу. Болэ Iэпсыгъуэлъэпсыгъуэт, нэбжьыц кIырт, Iупэ Iувт. Мышэ нэхъ зэIэщIэлът, и Iэ-и-лъэхэр инт, езыр къарууфIэт. НыбжькIи зэрагъэхь щыIэтэкъым, тIури зыгъэшкIэт, мазэ бжыгъэкIэ Мышэ нэхъыжьу. Илъэс пщыкIутI-пщыкIущым итхэу арати, я джэгугъуэт, бзаджэгъуэт. Зауэ нэужьти, псэукIэр хьэлъэт, ауэ цIыкIухэм ар зыхамыщIэ хуэдэт, зэрызытрагъэуни ящIэни ягъуэтырт.
Болэрэ Мышэрэ зэрызэгъунэгъу къудейратэкъым зэныбжьэгъу зыщIар. Зэрыгъэунэхуауэ, тIуми шынэ жыхуаIэр ящIэртэкъым, дэтхэнэри я нэхъ жэщ кIыфIми къуажэкхъэм ихьэфырт и закъуэу. Адрей щIалэ цIыкIухэу абыхэм я ныбжьэгъухэм ар ялъэкIыртэкъым. Арати, Болэрэ Мышэрэ, я псэр зы чысэм илъщ, жыхуаIэм хуэдэу, къызэдэхъурт.
Зэгуэрым, гъэмахуэр щиух лъэхъэнэу, Болэ сымаджэ хъуат. Мышэ къакIуэри абы и пIэ лъапэм деж зыкъомрэ щысащ щыму, нэщхъейуэ.
- ЛIо, Мышэ, пфIэгуэныхь сыхъурэ? – еупщIащ абы Болэ.
- Ахьейми ухъурэ, - жиIащ Мышэ.
- НтIэ сыхъужыну ухуей?
- Ахьей сыхуей. Си закъуэщи созэш.
- НтIэ, ухуеймэ, мыдэ къэдаIуэ: занщIэу сыхъужыну къысфIощI, ЗакIуий Быбэхэ я мыIэрысэ пасэм щыщ сшхымэ. КъыбгурыIуа?
- КъызгурыIуащ, - жиIащ Мышэ. – СыкIуэнщи Быбэ селъэIунщ.    
ТIури щIэдыхьэшхыкIащ, нащхьэ зэхуащIри.
ЗэрыжиIам хуэдэу, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, Мышэ ипщэ хьэблэм кIуащ, Быбэ мыIэрысэ къыIрихыу Болэ къыхуихьыну.
Куэбжэм Iуту джэурэ, сытми зы зэман Быбэ зэхихри къыщIэкIащ. Ар лIышхуэт, набдзэ Iуву, нэкIу тхъуэплъ хъужауэ.
- ЛIо узыхуейр? – къеупщIащ ар Мышэ, бжыхьым къыщхьэпрыплъурэ.
- Быбэ, - жиIащ Мышэ, - Къумыкъу Машэ и къуэ Болэ сымаджэ хъуащи, фи мыIэрысэ пасэм щыщ ишхамэ, хъужыну жеIэри, кхъыIэ, къызэти, хуэзгъэхь.
- А, хьэмэ къилъхуа, абы сыткIэ ищIэрэ дэ мыIэрысэ пасэ диIэу?
- Модэ Елей Мурид сымэ къыжраIащ… - пцIы иупсащ Мышэ. Армырамэ, дауэ жриIэнт Болэрэ абырэ хэтхэ я хадэ сыт итми фIыуэ зэращIэр…
- ЛIо, ди мыIэрысэхэр хущхъуэ хъуа и гугъэ абы? – жиIащ Быбэ. – Хьэмэрэ фи хьэблэ щимыгъуэту ара? Зегъэхь адэ, сэ мыIэрысэ згуэшыркъым.
Пэжыр жыпIэнумэ, Мышэ щыгугъыщэртэкъым Быбэ мыIэрысэ къритыну, итIани елъэIуу къыжриIэнум еплъыну хуейти арат щIэкIуар.
Мышэ Быбэхэ я куэбжэм къыIукIыжри къежьэжащ. Пшапэр зэхэуэу хуежьат. Мышэ уэрамым щыджэгу цIыкIухэм зыкъомрэ яхэтащ, итIанэ къежьэжащ псоми ялъагъуу: «сокIуэж» жиIэри.
АрщхьэкIэ абы и мурадтэкъым IэнэщIу Болэ къыхуэкIуэжыну. ИкIи къыхуэкIуэжакъым, къыхуихьащ мор зыщIэхъуэпс мыIэрысэ пасэхэм щыщу и гуфIакIэм дэз…
Пщэдджыжьым Быбэ я жыг хадэм зэрихьэу къилъэгъуащ мыIэрысэ куэд жыг щIагъым зэрыщIэлъыр, зыгуэр теувэурэ зырызхэри ипIытIауэ. «Ядыгъуащ, - игу къэкIащ Быбэ. - Дыгъуэпшыхьрей щIалэ цIыкIур армырауэ пIэрэ?» Уэрамым дыхьэри, хьэблэ щIалэ цIыкIухэм еупщIащ: «Дыгъуэпшыхь ищхъэрэ хьэблэм щыщу мыпхуэдэ флъэгъуа?» - жиIэри. «НтIэ, къыддэджэгури тлъагъуу ехыжащ», - жаIащ цIыкIухэм. «Пэжынущ,- жиIэрт Быбэ, и пщIантIэ къыдыхьэжурэ. - Апхуэдэ цIыкIу мышынэу хадэм къихьэфынукъым. Хэту пIэрэ-тIэ?»
Быбэ сыткIэ ищIэнт дыгъуэпшыхьрей щIалэ цIыкIур, хадэ дэнэ къэна, жэщ ныкъуэм кхъэм ихьэфу?..
Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Болэрэ Мышэрэ жыжьэу блэкIыу Быбэ ялъэгъуати, «мес мыIэрысэ хущхъуэ зиIэр!» - жаIэри, дыхьэшхыу щIэпхъуэжахэщ.

КЪАГЪЫРМЭС Борис.
Поделиться:

Читать также: