Нобэ

Зэныбжьэгъухэм я дунейпсо махуэщ
Аккредитацэм и дунейпсо махуэщ

1719 гъэм Пётр Езанэм урысей губерниехэр щIыналъэ щхьэхуэ-щхьэхуэу зэпыудыным теухуа унафэ къыдигъэкIащ.
1737 гъэм Москва мафIэсышхуэ къыщыхъуащ. Ар а къалэм къыщыхъуа лыгъей нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы зэщIищтат къалэкур, уеблэмэ Кремль Уардэунэри исат.
1883 гъэм Москва тхыдэ музей къыщызэIуахащ.
1904 гъэм и япэ концертыр итащ Инджылызым и къалащхьэ лондон и симфоническэ оркестрым.
1935 гъэм СССР-м къыщащтащ нэгъуэщI къэрал щтапIэ щихьэжахэм я судыр укIкIэ щIэным теухуа законыр.
1935 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум япэ дыдэу гупышхуэ дэкIащ.
1945 гъэм СССР-м щагъэуващ «Берлин къызэращтам папщIэ», «Будапешт къызэращтам папщIэ», «Венэ къызэращтам папщIэ», «Кёнигсберг къызэращтам папщIэ», «Белград хуит къызэращIыжам папщIэ», «Варшавэ хуит къызэращIыжам папщIэ», «Прагэ хуит къызэращIыжам папщIэ» медалхэр.
1995 гъэм Урысейм и Президент Ельцин Борисрэ Украинэм и президент Кучмэ Леонидрэ Сочэ Iэ щытрадзащ тенджыз ФIыцIэ флотыр зэрагуэшым теухуа зэгурыIуэныгъэм.
1661 гъэм къалъхуащ урысей пащтыхь Фёдор Ещанэр, Петр Езанэм и къуэш нэхъыжьыр.
1672 гъэм къалъхуащ япэ урыс император Пётр Езанэр.
1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Чым Агнессэ.
1964 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и член-корреспондент Блахъуэ Хьэзрэт.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 25-рэ, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Шу хьэщIэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщIэр пщIантIэм дашыж.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ