Памукъ и романыщIэм теухуауэ

ТхакIуэм и макъыр зэхамыхыж хъуми,
тхэн щызгъэтынукъым.

(Памукъ Орхьан)

«Чумные ночи» фIэщыгъэм щIэту гъэ кIуам Памукъ Орхьан и романыщIэ дунейм къытехьар бзэ зыбжанэкIэ (урысыбзэри хэту) зэрадзэкIри цIыхухэм зэIэпахыу еджащ.
Ар теухуащ 1901 гъэм Мингер хы тIыгу цIыкIум (Уэсмэн къэралыгъуэм хохьэ) къыщыхъеяуэ щыта емынэ уз зэрыцIалэм (чума). Абы хэт лIыхъужьхэр, Iуэхугъуэхэр, щIыпIэр тхакIуэм къызэригупсысамкIэ зыщеумысыж тырку журналист, тхакIуэ Сабунжу Мурат дищIа интервьюм.
-Ауэ щыхъукIэ, романым и етIуанэ Iыхьэм щыщIэдзауэ сэ сыхущIэкъуащ тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ гуэрхэр си гупсысэм лъабжьэ зэрахуэсщIынум. А Iыхьэм щIэджыкIакIуэм яфIэтелъыджэу къыщыхъухэм сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым. Ауэ жысIэфынур зыщ. Абы къыщыхьа Iуэхугъуэ куэд нэрынэ - нэрынэу зэхуэсхьэсу илъэс бжыгъэкIэ езгъэкIуэкIа къэхутэныгъэм щыщщ. Ауэ таурыхъым хуэдэу зэхэслъхьари щымащIэкъым абы.
- «Таурыхъым хуэдэу» жыпIэ щхьэкIэ, романым политикэ щIагъыбзэ щIэлъу гу лъыстащ. Езыр ущыпсалъэкIэ, политикэм пэгъунэгъу лъэпкъи хэмыту жыпIэ щхьэкIэ, тхылъым сыздеджэм сэ нобэрей гъащIэм щыщ куэд хэту къэзубыдащ.
- Пэжщ, нобэкIэ дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм, политикэ щIагъыбзэм сыкъыпекIуэкIакъым. Иджырей гъащIэм а романыр езыгъэщхьыну хуейхэм сапэрыуэнукъым. Ауэ аракъым си тхылъым гупсысэ нэхъыщхьэ хуэсщIар. Илъэс 35-кIэ узэгупсысу зэбгъэзэхуа романыр правительствэм утехъущIыхьын къудейкIэ бгъэкIуэдыжынут?
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, иджыри 2019 гъэм а романыр нэбгъэсат. АрщхьэкIэ, къыкIэлъыкIуэ гъэм, пандемием дунейр зэщIиубыдэу уэ абы и курыкупсэм укъыхэхута иужькIэ, нэхъапэм тхылъымпIэкIэ фIэкIа умылъэгъуа гузэвэгъуэр уи щхьэкIэ бгъэунэхури, зэхъуэкIыныгъэ хэплъхьэжащ.
- Пэж дыдэщ жыпIэр. Сэ си закъуэ илъэс куэдкIэ зджащ уз зэрыцIалэм и «зыщIыкIэр», абы и Iэужьыр, а гузэвэгъуэм зэрызыщахъумэ Iэмалхэм. Апхуэдиз илъэскIэ си щхьэм къыщыпщIа дунейм сыкъыхэхутат. Телъыджэт ар сэркIэ. ИужькIэ сэ тхыгъэ ин згъэхьэзыращ си романым, узым хузиIэ еплъыкIэм теухуауэ.
А тхыгъэм сэ сыщыхущIэкъуащ нэхъыбэ дыдэрэ къызат упщIэхэм жэуап щестыну. Уз зэрыцIалэр гузэвэгъуэшхуэщ, ар къыщыхъу лъэхъэнэм емылъытауэ, цIыхухэм я зыщIыкIэм зэщхь куэд хэлъщ.
ЯпэщIыкIэ къэралыгъуэ къэс хущIокъу апхуэдэ гузэвэгъуэ щымыIэу цIыхухэм я фIэщ ящIыну. АпщIондэху уз зэрыцIалэм цIыху куэд дыдэ зэщIеубыдэ. Япэрауэ, жылагъуэр кIэлъоплъ сымаджэщхэм цIыхухэр щIэз зэрыхъум, лIахэр щIыпIэ хэхахэм зэрыщыщIалъхьэм. КъыкIэлъыкIуэу, хъыбархэр куэд къохъу, (пцIыи пэжи), цIыхухэм зэрогъэшынэж, зым адрейр игъэкъуаншэу. ИужькIэ узыр зэрызэбгырыкIар цIыхубэм и ягъэ ящIыж, уеблэмэ, ахэр ягъэкъуаншэ узым гъуэгу зэыратамкIэ. 
- Уи тхылъым а Iуэхугъуэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэр гурыIуэгъуэу къыщептхэкIащ.
- ЗэрысхузэфIэкIкIэ яужь ситащ, ауэ сэ къызэрызгъэлъэгъуам нэхърэ куэдкIэ нэхъ щызэхэзэрыхьи къохъу. Сэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзгъэувыжар, лIыхъужь нэхъыщхьэхэр зэрыт щытыкIэм, псэукIэм и гугъуагъым емылъытауэ, я гурыгъу-гурыщIэхэр, псэкупсэ дунейр, хъуэпсапIэхэр, зэхущытыкIэр зэрахъумэфыр къэзгъэлъэгъуэнырщ.
- ЗэрыжыпIащи, уз зэрыцIалэм теухуауэ тхылъ, дэфтэр куэд дыдэ уеджащ. Коронавирусыр езым къоузащ. А тIум сыт хуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэу къэплъытэрэ?
- Уз зэрыцIалэр къызыпкъырыхьахэм ящыщу цIыхуитI къэс ещанэр йолIыкI. Сымаджэщым апхуэдэхэм зэрыщеIэзэр сэбэп яхуэхъуркъым, узыр нэхъ цIыкIу ящIри, тыншу ягъалIэ армыхъу. Коронавирус къызэуз 20-м щыщу зыращ сымаджэщым ягъэгъуэлъыр. Сымаджэщым щIэлъхэм я нэхъыбэр яхуогъэхъуж. Ауэ щыхъукIи, тIуми уащышынэн хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыху шынэращ зызыхуэхъумэжынур. 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: