Лъостэхъанрэ Хьудрэ

Зи IэфIыр зэи щIэмыкI уэрэдыжьхэм я бзэм тхьэкIумэр зэригъафIэм нэмыщI, лъабжьэ яхуэхъуа хъыбархэми Iэнкуну укъагъанэ. ПщыхьэщIэ Джумхьэ къиIуэтэжа, Лъостэхъанрэ Хьудрэ ятеухуари апхуэдэ зы щапхъэщ.

Я зэхуаку дэлъ гурыщIэм текIуэдэжа щIалэмрэ хъыджэбзымрэщ уэрэдыр зытепсэлъыхьыр. Лъостэхъан и дыщым Хьуд зыхуагъэфащэртэкъым.

А зегъэшэрашэ мыгъуэри а зегъэшэрэзи,

А Шэрыш и къаз мыгъуэу, Лъостэхъан зэрыжьэгъухуи,

А Къумыху и бжьэ мыгъуэу, Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIи.

- Мы уэрэдыр куэдым зэхащIыкIыркъым, псалъэ хэтхэм апхуэдизкIэ ухуэкIэ гъэщIэгъуэн яIэщи, - Джумхьэ зэгъэпщэныгъэхэм тхутопсэлъыхь. - Езыр щаусар Хэкуращ. «Уэ зегъэшэрашэри уэ зегъэшэрэз. Уэ Шэрэш и къазу, Лъостэхъан зэрыжьэгъуху», - жи. «Уэ Къумыху и бжьэу, Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIэ», - жи. Бжьэм и лъэтэкIэм ирегъэщхь хъыджэбзым и зекIуэкIэр. ЩIалэм и цIэр Хьудщ, хъыджэбзым - Лъостэхъанщ. ЩIалэм пщащэр къегъэкIуасэри, мэзым щIохьэж.

Данагъуэу си щхьэцыгъуэшхуэ мыгъуэри

Хьудми и дзажэ щIэдзи,

Iэдиихуу си блэ хужьитIхэ мыгъуэри

Хьудми и пщэрыдзэни.

Арати, Лъостэхъан и дыщ Бабыгуейхэр мэтэдж, къамэ яIыгъыу бзылъхугъэр къытрахыжри, нэгъуей гуэрым ират. Ар зи гум темыхуэ Лъостэхъаным еус а уэрэдыр.

Бабыгуейм лIыщхьэурэ дэсхэ мыгъуэми

Къамэпэ къыздрашэхи,

ИщхъэрэкIэ срашэхыж мыгъуэри,

Нэгъуейми сыныратыжи.

Уо нарынэ хьай рай

Сыту мыгъуэу сыкIуэдыкIей!

Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан!

 

Хьудми и щIакIуэ гъуабжэ мыгъуэри

МащIэрэ зэрыкъэбыфи,

Бабыгуейм фэ фи тIэкIу мыгъуэри

Лъостэхъан къыфтрихаи.

Уо нарынэ хьай-рай

Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан!

Хьудми и щхьэц зэтелъхэр мыгъуэри

А си дзажэ щIэдзти,

Хьудми и щIакIуэ гъуабжэ мыгъуэри

А си жэщ тепIэнти.

Хьудми и шухьэ бащлъыкъхэр мыгъуэри

А си щхьэфIэпхыкIти.

Сэ Хьуд хуэдэ щIалэ мыгъуэ

Дэнэ мыгъуэм укъисхыжыни.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: