Гупсысэр сурэту

ЦIыху щыIэщ, и псэм зыщIиша гуапагъэр зэтрихьа нэужь, дахагъэу ар гъащIэм хэзылъхьэ, телъыджэ гуэр къэзыгъэщI. Абы иIэжщ езым и дуней, псэм и лъахэм щытIыгъуа гупсысэхэр. А псом къыхих гурыфIыгъуэр зэтрехьэри, зегъэнщIыж. Апхуэдэщ сурэтыщIым и гъащIэр. Абы и IуэхукIэ щIэщыгъуэщ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Абей Iэсият и гупсысэхэр. Ахэм щIэдзапIэ яхуэхъури сабиигъуэм епха гукъэкIыжхэрщ.
- Си сабиигъуэм сынасыпыфIащ. Аращ абы теухуа гукъэкIыжхэр гум щIехуэбылIэр. СышколакIуэу сыдихьэхащ сурэт щIыным. Си адэмрэ си анэмрэ сурэтыщIти, сэри ар IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ схуэхъуащ. Си анэм и зэманыр унагъуэр зехьэным ихьырти, сурэт щIыным апхуэдэ дыдэу егугъужакъым. Ауэ си адэм куэдым сыхигъэгъуэзащ. Сыту сыхуэзэшрэ абы иджы… сыту сыхуэныкъуэ… ЗызгъэнщIакъым и чэнджэщхэмкIэ, и макъымкIэ, и гуапагъэмкIэ. Абы жиIэу щытахэр иджыри си тхьэкIумэм итщ, щыуагъэхэм сыщахъумэу, фIым сыхуашэу.
- Iэсият, дэнэ щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтар?
- Ебгъуанэ классыр къэзуха нэужь, гъуазджэмкIэ Налшык дэт еджапIэм сыщIэтIысхьащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзгъэгъуэтар Владикавказщ. Налшык сыщыщеджэм апхуэдэуи гугъу сехьатэкъым, пэжым ухуеймэ, IэщIагъэу къыхэсхам и мыхьэнэри къызгурыIуэпауи къыщIэкIынутэкъым. Владикавказ сыщыкIуам гъащIэм и кууупIэм сыхэуващ. Гугъут, ауэ телъыджэт а кууупIэм ущыпсэуну. КъызгурIуат си IэщIагъэм гугъуехь куэд зэрыпыщIар, ауэ абыхэм сазэрыпэлъэщынури зыхэсщIэрт. ЗэрыпхузэфIэкIынуIар зэпымыууэ бгъэлъэгъуэн хуей хъурт.
    Ещанэ курсым сыщIэсу зэпеуэхэм сыхыхьэу щIэздзащ. Пэжщ, нэхъапэхэм Налшыки сыщыхэтат щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ цIыкIухэм. Ахэри сэбэп къысхуэхъуащ, гъуэгу гуэр схухашащ. Ауэ урысейпсо зэпеуэр нэгъуэщIщ, дауи, нэхъ гугъущ. Абыхэм сызэрыхэтым, ехъулIэныгъэхэр къызэрыщысхьым дамэ къыстрагъакIэрт, си IэщIагъэм нэхъри пэгъунэгъу сахуищIырт.
Урысей зэпеуэшхуэхэм мызэ-мытIэу сыхэтащ. Куэдым я гугъэт си адэр зэрысурэтыщI Iэзэр, зэпеуэхэр къэзыпщытэхэм языныкъуэхэми зэрахэтыр ехъулIэныгъэ сиIэнымкIэ къысхуэсэбэпу. Абыхэм дэнэ щащIэнт си адэм апхуэдэ хьэл зэрыхэмылъыр, уеблэмэ зэгуэр си лэжьыгъэр зэпеуэм пхимыгъэкIыу Iэ иIэтауэ зэрыщытар…
    Ар къыщыхъуар еджапIэр къыщызух зэманым ирихьэлIэу екIуэкIа зэпеуэрт. Адэм ищIар си жагъуэ хъущати, зыри сыхуеижтэкъым. ИужькIэщ апхуэдэу щIищIар къыщызгурыIуэжар: сипсыхьу арат, гугъуехьхэм сапэщIэтыфын хуэдэу.
-Сурэт пщIыхэр сытхэм нэхъ тебухуэрэ?
- Бгыхэм… Ахэр сыт щыгъуи си нэгум щIэтщ. Сурэт щIыным сыкъыхуагъэуш, псэщIэ къысхалъхьэ. СфIэфIщ бгыхэм сеплъыну. ЩыIэщ, псалъэм папщIэ, тенджызым и цIыху е къумым и цIыху. Сэ бгым срицIыхущ. Пэжщ, нэгъуэщI куэдми сыдахьэх. Мис иджыпсту къумым сытепсэлъыхьри, абы и теплъэр сурэту пщIыну узригъэхъуапсэу си нэгум къыщIэуващ…
    Сохъуапсэ Японием, Индием сыкIуэну, абыхэм зыщысплъыхьыну. Къысщохъу ахэр зэзгъэлъагъумэ, гупсысэ телъыджэхэм сыхуашэну, си Iэдакъэм щIэ гуэрхэр къыщIэкIыну. НэгъуэщI щIыпIэхэр зэзгъэлъэгъуну сфIэфIщ, ауэ сыщыпсэуну си гум къыхихыр си Хэкурщ. Абы хуэдэу гъунэгъу нэгъуэщI къысхуэхъунукъым.
- Сурэту пщIыну уи жагъуэ щыIэ?
- СщIыну си жагъуэри? Нэщхъеягъуэм теухуа сурэтхэр… СщIыуэ щытми, абы сросымэджэж.
Сурэтхэр куэду зэхедз, плъыфэ куэд яIэщ. ЩыIэщ музейм щIэлъын хуей сурэти, уи унэ блыным фIэбдзэ хъуни. Псалъэм папщIэ, сэ нэщхъеяхъуэ къызыхэщ сурэт унэм щызесхьэнукъым.
- Махуэм хуэзэу зэман куэд тебгъэкIуадэрэ уи IэщIагъэм - сурэт щIыным?
- Апхуэмыдэуи хъунукъым. Псалъэм папщIэ, гугъуехь хэслъагъуэркъым сыхьэтиплIым сыкъэтэджу сурэт сщIыным. Пщэдджыжьыр егъэлеяуэ сфIэфIщ, гъащIэм и щIэдзапIэ хуэдэу къысщохъури.
- Уи IэдакъэщIэкIыр уигу щримыхьыж къэхъурэ?
- Дауи. Нэхъыбэу апхуэдэу хъур гупсысэ куу зыщIэлъ сурэтхэрщ. Гупсысэшхуэр зы сурэту къэбгъэлъэгъуэну гугъущ. Е хэплъхьэн хуея гуэр къыпщыгъупщауэ къыщIедзыж, е гум илъар сурэтымкIэ къыпхуэIуэтакъым. Апхуэдэ лэжьыгъэр къызогъажьэ, согъэтIылъыжри, тхьэмахуэ зы-тIукIэ и гугъу сщIыркъым. АпщIондэху ар нэхъ пыухыкIауэ си нэгу къыщIохьэ. Е а къезгъэжьар Iузохыжыпэри, нэгъуэщIым и ужь сохьэ.
- СурэтыщI Iэзэхэм ящыщу хэт уи гум нэхъ дыхьэр?
- Сигу ирохь Микеланджелэ, Пикассо, Врубель сымэ.
- Уи IэщIагъэм дэрэжэгъуэ къуиту улэжьэну си гуапэщ.

Епсэлъар Гугъут Заремэщ.
Поделиться: