И гур адыгагъэм хузэIухат

Адыгэ литературэмрэ щэнхабзэмрэ я тхыдэм КIурашын БетIал и цIэр къыхэнащ литературэдж гумызагъэу, критик гъуэзэджэу. Абы щIэныгъэ хъарзынэ зригъэгъуэтащ, къэбэрдей пединститутыр къиуха нэужьи езыр-езыру еджэн зэпигъэуакъым. Ар псэухуи еджащ, зы махуи димыгъэхуу. 
Къэбэрдей театрым къэзыгъэзэжыну щIалэгъуалэ гуп I950 гъэм театральнэ институтым щIагъэтIысхьэну щагъакIуэм, ахэр адыгэбзэм хуригъэджэну КIурашыныр гъусэ хуащIащ. ЩIэныгъэм гу хуэзыщIа щIалэ губзыгъэм и пщэ къралъхьа Iуэхур - щIалэгъуалэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным псэемыблэжу зэрытелажьэм къыдэкIуэу, езыми и къэухьым зригъэужьыну, и щIэныгъэм хигъэхъуэну мурад быдэ ищIащ. Ар здэмыкIуа музейрэ щэнхабзэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэрэ а лъэхъэнэм Мэзкуу щыгъуэтыгъуейт. Театр зэмылIэужьыгъуэхэм ягъэува нэхъ спектакль гъэщIэгъуэнхэм иригъаджэ щIалэгъуалэр щIыгъуу мызэ-мытIэу зэреплъам къыщымынэу, езым къытригъэзэжурэ тIэуней, щэней зэплъа театр гъэлъэгъуэныгъэ Iэджэ щыIэт. А псом и щIыIужкIэ, зы сыхьэт нэхъ мыхъуми хущIыхьэгъуэ тIэкIу къыхудэхуамэ, Лениным и цIэр зезыхьэ библиотекэм и архив хъумапIэм адыгэ тхыдэм теухуауэ иджыри цIыхухэр зыщымыгъуазэ напэкIуэцI гъэщIэгъуэнхэр къыщилъыхъуэрт икIи къыщигъуэтырт. БетIал езым Мэзкуу щызэригъэпэщыжауэ архив бэлыхь иIэ хъуат. Абы къыхихыурэ итхыжми, газетхэм статьяхэр къытрыригъадзэми, телевиденэм нэтын щигъэхьэзырми илъэс куэдкIэ газет щIэджыкIакIуэхэмрэ телевизореплъхэмрэ щIэщыгъуэ ящыхъуу, акъыл къызыхахын куэд я пащхьэм ирилъхьащ. Ар лъэпкъым хуищIэр фIэмащIэу псэуа цIыхухэм ящыщт. Абы итхыр къызыхуэтыншэу хьэзыр имыщIауэ, игу хуэмызэгъауэ газетми иритынукъым, телевиденэми хуит яхуищIынутэкъым. 
КIурашыныр тхылъ щащэ тыкуэн хуэзамэ, абы щIэмыхьэу зэрыблэпшыфын щыIэтэкъым. ЗэрыщIыхьэуи, ди лъэпкъым, тхыдэм теухуа тхылъыр миным къахилъагъукIырт. КъызыхэкIар, зи хэкур фIыуэ зылъагъу щIалэм и гур хуитхьэщIыкIат и лъэпкъым. НэхъыфIу дунейм тетыр - ар щэнхабзэуи щрырет, ар лIыгъэ ехьэжьа ирехъу, зыми имыщIэ, иджыри къэс зыщымыгъуазэ гуэр абы къигъуэтыжамэ, ар гуфIэгъуэ мыкIуэщIт. 
Хэти ещIэ усэм нэхърэ прозэр гукIэ зэбгъэщIэну зэрынэхъ гугъур. ИтIани, напэкIуэцIитI-щы хъу тхылъ адыгэ гъащIэм, адыгэ псэукIэм, адыгэ тхыдэм ятеухуа Iыхьэхэр КIурашыным гукIэ ищIэрт - Пришвиным, Лебединскэм е нэгъуэщI хамэ къэрал тхакIуэ, дунеяплъэ къежьэу Къэбэрдейм къэкIуа, ди псэукIэм зыщызыгъэгъуазэу тетхыхьыжа журналистхэм я IэдакъэщIэкI куэд емызэшу къыбжиIэжыфынут. 
Ефэ-ешхэ Iэнэми БетIал адыгагъэм, адыгэ тхыдэм, адыгэ Iуэхум щытепсэлъыхь къудейтэкъым, атIэ ахэрат нэхъапэр, нэхъыщхьэр, Iэнэм и кIэм нэсыхункIэ псалъэмакъ мыухыжу щыIэр. Абдеж щысхэм зэхамыха, ямыщIэ гуэр яригъэщIамэ, захригъэхамэ, езыр насыпыфIэу зилъытэжу Iэнэр зэхуищIыжырт. 
КIурашыным мылъкум я нэхъ лъапIэу ибжыр тхылърати, укъыщалъхуа махуэу е нэгъуэщI гуфIэгъуэ щхьэусыгъуэ гуэр уиIэу БетIал укъищIарэ а и тхылъ къомым хэплъэу, и гум къыщIитхъми зыкъуимыгъащIэу, зы тхылъ къыхихрэ къуитамэ, ар къыпхуэарэзы дыдэу арат.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, адыгэ лъабжьэ зиIэ цIыху цIэрыIуэхэр дэнэ щыIэми БетIал ищIэ къудейтэкъым, атIэ абыхэм я гъащIэ къекIуэкIыкIам, я IуэхущIафэхэм, я ехъулIэныгъэхэм къанэ щымыIэу щыгъуазэт. Франджы литературэм и классик Шарлоттэ ХьэIишэт (мадемуазель Аиссе) и тхылъыр Ленинград урысыбзэкIэ къызэрыщыдагъэкIыр къищIати, ар къыдэзыгъэкI тхылъ тедзапIэм БетIал письмо хуитхыу и лъэIукIэ тхылъипщI къыщыхурагъэхьым и ныбжьэгъухэм яхуигуэшащ. Сэри къыслъысат абыхэм ящыщ зы. 
Ди къуэш республикэхэу Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ куэд ныбжьэгъу хуэхъуат КIурашыным. Ахэр ди лъахэм къихьауэ зэи икIыжакъым БетIал ямылъагъуу. Езыри абыхэм я деж щIэх-щIэхыурэ щыхьэщIэрт. А республикитIми я тхакIуэхэм, усакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм, сурэтыщIхэм ятеухуа тхыгъэ куэдыкIей ди республикэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм щIэх-щIэхыурэ тридзэрт, радиокIэ, телевизоркIэ къригъэтырт. Псом хуэмыдэу тхыгъэ куэд ятриухуащ МэшбащIэ Исхьэкърэ КIэрашэ Темботрэ я IэдакъэщIэкIхэм. 
КIурашын БетIал адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр фIы дыдэу ищIэ къудейтэкъым, атIэ ахэр зымыщIэр, зыфIэмыгъэщIэгъуэныр ныбжьэгъу ищIын дэнэ къэна, ауэ кIуэгъужэгъу къудей хуэхъункIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы и унэр цIыху кIуапIэти, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр, уэрэджыIакIуэхэр, артистхэр, литературэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр куэдрэ щызэхуэсырт. Ахэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр адыгэхэмрэ адыгагъэмрэт, лъэпкъым и гъащIэмрэ и къэкIуэнумрэт. 
БетIал зэи къулыкъущIэкъуу щытакъым. Къулыкъуу щыIэм я нэхъ лъапIэу ибжыр литературэмрэ щэнхабзэмрэ лъэужь дахэ къыхинэнырт. Аращ псэухункIэ зыхуэлэжьари зыхуэпсэуари. 

Жылэтеж Сэлэдин.
Поделиться: