Дахагъэмрэ узыншагъэмрэ

 

Дахэу щытыну хуэмей цIыхубз щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ ар псоми къазэремыхъулIэр уэрамым узэрыдыхьэу плъагъунщ. Е и зыхуэпэкIэкIэ, е и зекIуэкIэкIэ, е и сэхусэплъ зэхэлъыкIэкIэ дагъуэ зыхуумыщIын ущрихьэлIэр закъуэтIакъуэххэщ.

Дахагъэр Алыхь Iуэхущ, ар зритам и насыпщ. Ауэ нэхъыщхьэр аракъым, ар куэд и уасэкъым, гуакIуагъэр щIымыгъумэ. Дапщэрэ урихьэлIэрэ и IэпкълъэпкъкIи хэбдзын хэмылъу цIыхур дахэу, ауэ удимыхьэхыу, узыIэпимышэу. Апхуэдэхэм яхущыщIэр гуакIуагъэрщ.

Аращи, дахэхэри мыдахэхэри хуэныкъуэщ гуакIуагъэм. Дауэ иджы ар зэрызэбгъэхъулIэнур? Абы хуэныкъуэхэм къыфхуэщхьэпэн ди гугъэщ мы тхыгъэхэр.

ГуфIэри… дахащэ хъуащ!

ЩIэдмыдзэ щIыкIэ мы зыр зэвгъащIэ: гуфIэгъуэр къызэрыщ нэгу зэлъыIухам нэхъ Iэщэ лъэщ цIыхубзым бгъэдэлъкъым. Гуапэу, гуфIэжу ущытыныр дахагъэм, щIалэгъуэм, узыншагъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. УщыгуфIэкIэ уи нитIым хъуаскIэ къыщIех, макъыр къабзэ мэхъу, нэгур дахэ, гуакIуэ ещI. ГуфIэм дыгъэм хуэдэу цIыхур зыIэпешэ.

Дохутырхэм къызэралъытэмкIэ, гукъыдэжыр, гуфIэр, дыхьэшхыр хущхъуэшхуэщ. Iэпкълъэпкъыр узыфэ куэдым пэлъэщынымкIэ ахэр сэбэпщ. КъызэрахутамкIэ, гуфIэрейхэр, гукъыдэж зиIэхэр сыт хуэдэ узыфэми нэхъ полъэщ, нэхъ щIэхи мэхъуж.

ГуфIэу зегъэсэн хуейщ. Зы гукъыдэжи зы гуфIэгъуи уимыIэми, уи нэгум гуфIэ къищу ущытыныр фIыщ. ТIэкIу зэрыдэкIыу умыщIэххэу уи жэрдэмым зыкъиIэтынущ, езыр-езыру угуфIэнущ.

Псом хуэмыдэу хъыджэбз щIалэхэм загъэсэн хуейщ гуфIэу. Абыхэм загъэсэн хуейщ я губжьыр ягъэпщкIуу, гуфIэр къагъэсэбэпкIэрэ.

ЗекIуэкIэмрэ зыIыгъыкIэмрэ

Сыт зекIуэкIэр зищIысыр? ЗекIуэкIэр зекIуэкIэщ, сыт абы гурыIуэгъуейуэ хэлъыр, жывмыIэ. Дахэу, тэмэму зекIуэным куэд хэлъщ. ЦIыхум и зекIуэкIэм теухуауэ томитху хъууэ XIV лIэщIыгъуэм и кIэм тхылъ къыдэкIащ «ЦIыхумрэ абы и зекIуэкIэмрэ» ф1эщыгъэр и1эу. Аращи, лIэщIыгъуэ куэд лъандэрэ цIыхум и зекIуэкIэм мыхьэнэшхуэ ирату къокIуэкI.

ЦIыхубзым дахэу, екIуу зекIуэу зигъэсэн хуейщ. Сыт хуэдэ езыр зекIуэкIэ, зыIыгъыкIэ дахэр? Япэрауэ, уи щхьэр лъагэу Iэтауэ, уафэри, дыгъэри, мазэри плъагъун хуэдэу щытын хуейщ. Уи пл1эр зэкIэщIэхауэ щытын хуейщ, фыхущIэкъу блыпкъхэр щIыбагъымкIэ зэпэгъунэгъуным, итIанэ, фи бгъэхэм нэхъ заIэтынущ, ныбэм зишэщIынущ.

Уи щхьэр щIэIуауэ къэпкIухь хъунукъым. Лъакъуэр Iушэу гъэувыныр, лъэгуажьэр щIэщIэу къэкIухьыныр дахэкъым. Апхуэдэу нэхъыбэу зыдэплъагъур лъэдакъэ лъагэ тетхэрщ. КъыщыпкIухькIэ уи Iэхэр зэрытыпIэм деж тIэкIу щызэфIэгъэщIауэ Iыгъын, лъакъуэхэр захуэу гъэувын хуейщ, лъэбакъуэ щыпчкIэ нэхъапэ щIым гъэувыпхъэр лъэдакъэрщ. Шхужьыр бгъэджэгущэ хъунукъым, ауэ, зэрыжаIэу, зэрызекIуэн хуейр «шхужькIэщ», лъакъуэхэр зэфIумыгъэуащэу, шхужьхэр мащIэу дэкIуей-къехыжу. КъыщыпкIухькIэ уи Iэхэр щIэбупцIыкI, уи тхыр къэбгъэш, узебыршэ, уи щхьэр, Iи Iэхэр епхьэх хъунукъым. Абыхэм жьыфэ къыптрагъауэ.

ЦIыхухэм гу къыплъатэу, къыпкIэлъыплъу, къыпхуеплъэкIыу узекIуэн хуейщ. Мы зыри зыщывмыгъэгъупщэ: сумкэ хьэлъэм зы Iэ лъэныкъуэр иришэхыу пIыгъ хъунукъым, абы дамагуэ, тхышэ уещI. Хьэлъэр зэ зы Iэм, зэм адрейм етын хуейщ, зэхуэдитIу бгуэшрэ IитIри «бгъэлажьэмэ», нэхъыфIыжщ.

Лъэбакъуэр псынщIэу, узелъатэ щIыкIэу щытын хуейщ. Лъэдакъэ лъагэр зэзэмызэ фIэкIа щумытIагъэмэ нэхъыфIщ.

Лъакъуэхэм дахэ-дахэу якIэлъыплъыныр зекIуэкIэм епхащ. Тхьэмахуэм зэ ахэр псы хуабэфIым хэгъэтыпхъэщ, вэгъухэр тегъэкъэбзыкIауэ крем е шыгъу зыхэмылъ дагъэ гуэр щыхуэн хуейщ.

Фи лъакъуэр Iейуэ щешам деж апхуэдэу фщIыи феплъыт, етIуанэу фыкъалъхуауэ къыфщыхъунущ.

Сыт ящIэн хуейр зи зекIуэкIэр, зыIыгъыкIэр зигу иримыхьхэм? Пщэдджыжь гимнастикэм къэкIухьыкIэр езыгъэфIакIуэ упражненэхэр хэгъэхьэн хуейщ: фи щхьэм зы тхылъ тевгъэзагъи унэ кIуэцIым къыщыфкIухь, фи зекIуэкIэр псынщIэ, дахэ хъуху, занщIэу зыфIыгъыу зевгъэсэху. Тхылъыр фи щхьэм тезагъэмэ, ар къывэхъулIауэ аращ. Фыщыщысми фи Iэпкълъэпкъыр «хуит фщIыуэ» щIэвмыгъалIэ, фи тхыр фымыухуэ, фи щхьэри щIэвмыгуэ.

ЦIыхубзхэм ящIэн хуейщ абыхэм лы лейр нэхъ зэрахуэлъэр. ЦIыхубз пшэрхэр нэхъ щысырейщ, шхэрейщ. Ар узыфэ куэдым я къежьапIэщ. «Уи ныбэр уи узыфэщ», - жаIэ дохутырхэм. ТIэкIу «зыбгъэхъеймэ», узыкIэлъыплъыжмэ, лы лейм «уебэныфынущ». Псалъэм папщIэ, махуэ къэс сыхьэт ныкъуэ лъакъуэрыгъажэкIэ къэбжыхьмэ е лъэсу къэпкIухьмэ, лы лейр пкIэроху.

 

 

Насып Данэ.
Поделиться: