НасыпыщIэ

Новеллэ

Гъатхэ жэщыр хуэмурэ хокIуатэ, ауэ сэ иджыри сыгъуэлъыжакъым. «Ромеорэ Джульеттэрэ» трагедием ныщхьэбэ щитIрэ епщIанэу седжэжри, си нэпсхэр еслъэщIэкIыурэ тхылъыр зэгуэспIэжащ. ГъэщIэгъуэныракъэ, дапщэрэ семыджэми, сужэгъуркъым. Лъагъуныгъэм, пэжыгъэм, дахагъэм я щыхьэту зи фэеплъ къытхуэна ныбжьыщIитIым еджэгъуэ къэс нэхъ пэгъунэгъу сахуэхъуу къысщохъу. 
Тхылъыр стIолым теслъхьэжри сыгъуэлъыжащ. Мазэр си щхьэгъубжэ IухамкIэ къыдэплъурэ къысхуогуфIэ. ДэнэкIи гъатхэмэ щыIэщ. Жыг баринэхэм нысащIэм хуэдэу хужьыбзэу захуэпащ. НысащIэм хуэдэу… А гупсысэм аргуэру си нэгум гуфIэгъуэр ирещIыхь. Сэ схуэдэу… Нэжэгужагъэ си гур зыIыгъым, гъуэлъыпIэм сримыгъэлъу, аргуэру сыкъотэдж. Си щыгъынхэр зыдэлъ шкафыр Iузохри, бостей хужьым си Iэр ирызогъажэ. Мис ар – хъыджэбзу дунейм тету хъуам я хъуэпсапIэр! Лъагъуныгъэм и къабзагъэмрэ и дахагъэмрэ я щыхьэту ар хужьыбзэщ! Насыпым и фащэщ! 
Бостейр шкафым къыдызохри, щызотIагъэ! Абы нэхъ щыгъын дахэ си гъащIэм симыIауэ къысщохъу. ЩэкI хужьым къыхэщIыкIарэ щыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ягъэщIэращIэу! Ар сщыгъыу гъуджэм сыщиплъэкIэ, къысфIощI си сабиигъуэм къызжаIэжу щыта таурыхъхэм язым сыхэту. СыгуфIэурэ зызогъэкIэрахъуэ. Си бостейри къыздофэ! 
ГуфIэгъуэ нэпсхэр къысфIекIуащ! Ярэби, зи хьэгъуэлIыгъуэр къэблагъэ нысащIэ псори апхуэдэу щыту пIэрэ?! Щытгъэнщ! Апхуэдизрэ узыпэплъа насыпыр къыщысым деж умыпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. А насыпращ дэ дунейм дыкъытохьэри, дытекIыжыху дызэхъуапсэр. Щыуагъэ длэжьми, IуэхуфI тщIэми, дызыщIэкъур зыщ: насыпыфIэ дыхъуну!
Сэ а насыпыр къызэзыта цIыхум согупсысри, си гур хуабагъэ гуэрым зэщIещтэ. ГъащIэм куэдрэ къыхохуэ зэман, зыри тфIэмыгъэщIэгъуэныжу. Ди гур зыми игъэгуфIэркъым, псори зэшыгъуэу тфIощI. Мы дунейм зы фIыгъуэ темытыжу къыщыпщыхъу дакъикъэхэм деж, уи гъащIэм къыхохьэ цIыху гуэр, абы игъащIэкIи къыхэнэн хуэдэу. Апхуэдэ цIыхум уи гур къыдощIэрэщIэж, зэгуэр уиIа гукъыдэжым къегъэзэж. Абы и гъусэу гу лъыптэн щIыбодзэж дыгъэм и къепсыкIэми, розэм и гъэгъэкIэми, гъатхэм и дахагъэми. Дауэ апхуэдэ цIыхухэм узэреджэнур?! Насыпщ…
Сэри си гъащIэм къыхыхьащ апхуэдэ цIыху. Семыжьэххэу, сыщымыгугъыжу къэкIуащ лъагъуныгъэр. Нэпсу щIэзгъэкIам и уасэу насыпыр си бжэм къытеуIуащ. Абы и хуабэм къигъэткIужащ щIыIэм иса си гур. ФIыуэ слъагъум и нитIым сыщыщIэплъэкIэ, согупсыс: сытым щыщ сэ япэм лъагъуныгъэу сыбжари, сызыщIэхъуэпса насыпри?! Дэнэ иджы ахэр здэщыIэр?! Гухэлъ мышыухэм нэф ящIа си нэхэм ялъэгъуакъым насып къэслъыхъуэр си гъунэгъуу зэрыщытыр.
 Ауэ гъащIэм псори и пIэ ирегъэувэж. «Уи щхьэм хуэсакъыж», къызжезыIэ цIыху къомым къахэкIащ зы, «сэ игъащIэкIи сыпхуэсакъынущ» жиIэу. Иджы сэ сынысащIэщ! Зи хьэгъуэлIыгъуэр къэблагъэ пщащэщ! НасыпыщIэм къыдэщIэрэщIэжа псэщ! 
ФIыуэ зэрылъагъухэм я МелыIыч, кхъыIэ, сынолъэIу лъагъуныгъэм и дэтхэнэ дакъикъэри нэхъ кIыхь щIы. ФIыуэ зэрылъагъухэм я гъуэгур зэхуэшэ. Зи закъуэу дунейм тет дэтхэнэ Джульеттэми и Ромео къегъэгъуэтыж. ФIыуэ зэрылъагъу псом я хьэтыркIэ сынолъэIу: ди лъагъуныгъэр уи дамэ лъабжьэм ухуэсакъыу щыхъумэ! 
Си лъэIухэр зэхиха хуэдэ, лъагъуныгъэр зищIысыр псом нэхърэ нэхъыфIу зыщIэ Джульеттэ тхылъ напэкIуэцIхэм къиплъурэ къысхуогуфIэ. 
 

 

ГъукIэ Маринэ.
Поделиться:

Читать также: