Мы гъэм и еплIанэ медальЧелябинск къалэм дэт Елесинэ Еленэ и цIэр зезыхьэ атлетикэ псынщIэмкIэ комлексым мэкъуауэгъуэм и 23-м щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Нечеухин Георгий фэеплъ хуащIа зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 33-м къикIа спортсмен 400-м щIигъу. Абы етIуанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ диск дзынымкIэ атлет цIэрыIуэ Добренький Александр. И бгъэдыхьэгъуэ нэхъыфIхэм ящыщ зым метр 58,27-кIэ спорт Iэмэпсымэр зыгъэлъэта Прохландэ щыщ спортсменым жэз медалыр къылъысащ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|