Зи гъащIэри гуащIэри сабийхэм анэдэлъхубзэр яIурылъхьэным, ар фIыуэ егъэлъагъуным, гъэсэныгъэ дахэ егъэгъуэтыным тегъэпсыхьауэ псэу цIыхум «бзэм и хъумакIуэ» хужыIапхъэщ. А псом ящIыIужкIэ, щIэныгъэфI бгъэдэлъмэ, пэжыгъэр и гъуазэу, и псэр къабзэу, зыхэтым къахэщу псэумэ - ар фIым я фIыжщ. Апхуэдэ цIыхущ адыгэ-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт езанэ курыт еджапIэм щезыгъэдж Бей Жансурэт Хьуд и пхъур.
Куэд щIащ ар егъэджакIуэ IэщIагъэм зэрыпэрыувэрэ икIи фIыщIэрэ щытхъурэ пылъу и къалэныр ирехьэкI. Хуабжьу егъэджакIуэ хэгъэзыхьащ, и гъэсэнхэм папщIэ имыщIэнрэ имылэжьынрэ щымыIэу. Лэжьыгъэм пэрыхьагъащIэ егъэджакIуэхэми я гъуэгугъэлъагъуэщ, хулъэкIымкIэ ядэгуашэу, сыткIи щапхъэ яхуэхъуу. ЕджапIэм сыт хуэдэ Iуэху къыщрахьэжьэми, Жансурэт жыджэру хэтщ; екIуу, удихьэхыу утыку кърехьэри щегъэлъагъуэ. И дерсхэри хэплъхьэн щымыIэу еухуэ, Федеральнэ къэрал стандартым ипкъ иткIэ къащта IэмалыщIэхэр Iэзагъ хэлъу къегъэсэбэп. ЖыпIэнурамэ, зи къалэнхэр гурэ псэкIэ зыгъэзащIэ, зи лэжьыгъэм хуэIэижь лэжьакIуэшхуэщ Жансурэт. ЕгъэджакIуэ нэфIэгуфIэм гушыIэ дахи хэлъщ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжщ. Абы и лэжьыгъэм къежьапIэ хуэхъуар пэщIэдзэ классхэм щылэжьэн щыщIидза илъэсхэрщ. Мыбдеж япэу нэрылъагъу щыхъуащ Жансурэт и зэфIэкIым и инагъыр, щIэныгъэ куур сабийхэм Iэзэу зэрабгъэдилъхьэр.
Ещанэ классыр къэзыух и еджакIуэ цIыкIухэм ящыщ куэд етхуанэ классым «ягъэпкIащ», еплIанэр къыдрагъанэри, я щIэныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ зэрылъагэр къалъытэри. Апхуэдэ зэфIэкI уиIэн папщIэ, сабийхэм я гум, я псэм удыхьэфу, уи лъагъуныгъэр зыхебгъащIэрэ ардыдэмкIэ къотэжыфу щытын хуейщ. «ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», жи адыгэ псалъэжьым. ЕджакIуэхэм, адэ-анэхэм, жылэдэсхэм я пащхьэ Жансурэт щиIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ лъагэщ, фIыуэ къалъагъу.
Щыпкъагъэ зыдэплъагъу цIыхубзыр къыщыхъуар адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щытепщэ унагъуэ дахэщ: и адэр анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэт, и анэм и гумащIагъымрэ и хьэлэлагъымрэ щымыгъуазэ жылэм дэстэкъым. Абыхэм я быным бгъэдалъхьа гъэсэныгъэр дэнэ кIуэнт-тIэ? Жансурэт и бынитIри щапхъэ зытрахыу гъэсащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, зыхэс лъэпкъхэм я щытхъу къахьу мэпсэу.
ЕгъэджакIуэ гумызагъэр сыт хуэдэ Iуэху бгъэдыхьэми, жэуаплыныгъэ хэлъу, пыплъхьэн щымыIэу егъэзащIэ. А псом я щыхьэтщ щIыналъэм щрагъэкIуэкI олимпиадэхэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэрагъэпэщ зэпеуэхэм Жансурэт и еджакIуэхэм илъэс къэс увыпIэ лъагэ къызэрыщахьыр. Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу КъБКъУ-м иджыблагъэ иригъэкIуэкIа олимпиадэми Жансурэт и еджакIуэхэм япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ. УвыпIитI олимпиадэм зэуэ къыхэпхын папщIэ, сыт хуэдиз къару бгъэкIуэщIын хуейр? ГъэщIэгъуэныращи, и лэжьыгъэр сыт хуэдизкIэ дэгъуэу къызэгъэпэщами, езыр зыхуэарэзыжу зэи плъагъунукъым: зыхунэмыса гуэр щыIэу, ар зэрызэригъэзэхуэжын Iэмал къилъыхъуэу апхуэдэщ.
И лэжьыгъэфIым къыхэкIкIэ Жансурэт егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIыу мызэ-мытIэу щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Абыхэм яхэтщ Урысейм къыбгъэдэкIыу къыхуагъэфэща «ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник» цIэ лъагэри абы щIыгъу дамыгъэри.
Дрогушхуэ икIи дропагэ апхуэдэ егъэджакIуэ ди еджапIэм зэрыщылажьэм.
Зи зэфIэкIри щIэныгъэри щIэблэм ябгъэдэзылъхьэ егъэджакIуэм дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, гурыфIыгъуэр и гущIэм щыблэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ щымыщIэу куэдрэ псэуну!