ШэджыхьэщIэ Марьянэ:Къафэм цIыхур куэдым хуегъасэ

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и солисткэ, адыгэ пщащэ тхьэIухуд  ШэджыхьэщIэ (Чыл) Марьянэ ущыIуплъэкIэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я бзэм IэфIу телъыр зыхужаIэ адыгэ пщащэм и теплъэрщ плъагъур.
Налшык дэт курыт еджапIэ №12-р къиуха иужькIэ, Марьянэ экономико-правовой лицейм юрист IэщIагъэм щыхуеджащ, къыкIэлъыкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. 2009 - 2011 гъэхэм КъБКъУ-м и «Къафэ» гупым хэтащ (абы щыгъуэ ансамблым и унафэщIыр Атэбий Игорт). 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ Пионерхэм я унэм сабийхэр къафэм щыхуигъасэу лэжьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым «Кабардинка» ансамблым щрагъэблэгъам къызэрымыкIуэу абы зэрыщыгуфIыкIар ибзыщIыркъым.
ШэджыхьэщIэм и мурадхэм, и Iуэху еплъыкIэхэм ятеухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзати, къыджиIахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
- Марьянэ, къафэм узэрыдихьэха щIыкIэм, иужькIэ «Кабардинка» ансамблым узэрыхыхьам и гугъу къытхуэпщIамэ арат.
- «Кабардинка» ансамблым Иорданием щагъэзэщIа къафэр тету ди анэм видеокассетэ иIэти, зэпыу имыIэу еплъырт, еплъыхукIи, и гур зэрыхэхъуэр умылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым. А лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ а «унагъуэ къафэр» сэркIэ щапхъэ, плъапIэ схуэхъуат. Сабий садым сыкIуэу къафэмкIэ гупжьейм сыхыхьэри, къафэм япэ лъэбакъуэхэр хуэсчащ. ЗэрысщIэжрэ къафэр си Iэпэгъущ. Нэхъ сыкъэжэпхъа иужькIэ «Кавказ пшэплъхэр» ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупым сыхыхьащ.
Илъэс I6 сыхъуу арат «Кабардинка»-м сыхагъэхьэмэ сеплъыну сыщыкIуам. Си фIэщи хъуртэкъым сыкъащтэну, ауэ апхуэдизкIэ абы сехъуапсэрти, нэхъыбэрэ зысхуэIэжьакъым. Атэбий Игорь а унагъуэ дахэм сыхигъэхьам и мызакъуэу, къафэм и дуней телъыджэм нэхъри сыдригъэхьэхащ. СэркIэ ар ехъулIэныгъэшхуэм и закъуэтэкъым, атIэ дзыхьт. А лъэхъэнэм сымыщIэ куэд къэсщIащ, ансамблым а зэманым щылэжьа дэтхэнэми фIы гуэр къысхилъхьащ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. ИужькIэ, пIалъэ гуэркIэ ансамблыр къэзгъэнэн хуей хъуами, 20I3 гъэ лъандэрэ къэзгъэзэжауэ сыхэтщ.
- Зэ нэхъ мыхъуми утыкум уиту зылъэгъуа дэтхэнэми уэркIэ къафэр лэжьыгъэ къудейуэ зэрыщымытыр къыгурыIуэнущ.
- Пэж дыдэу гу лъыптащ. Къафэр си дуней еплъыкIэщ, лъагъукIэщ, си хьэлщ, си гъащIэщ жысIэмэ, езгъэлеинукъым. Ар хэмыту си гъащIэр си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым.
Къафэр лъэпкъым и псэщ. Ар псом хуэмыдэу хьэкъ сщохъу гупыр дыщежьэхэм и деж, хамэ къэрал утыку дыщихьэкIэ. Псом япэрауэ, дыкъызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэрщ, хабзэжьхэрщ, гъэсэныгъэрщ дгъэлъагъуэр. Абы жэуаплыныгъэшхуэ ди пщэ къыделъхьэ, ауэ ар дэркIи пщIэщ.
- Къафэ къэс и щIагъыбзэ щIэлъыжщ. Уэ уи щытыкIэр, гупсысэкIэр сыт хуэдэ къафэ лIэужьыгъуэхэра къэзыгъэлъагъуэр?
- Къафэ псори дахэщ, ауэ, шэч хэмылъу, цIыху къэс езым нэхъ пэгъунэгъу, зыкъыщицIыхуж лIэужьыгъуэхэр щыIэщ. СэркIэ апхуэдэщ гупсысэ пыухыкIа зыщIэлъхэр е дыкъэзыухъуреихь дунейм къытращIыкIа къафэхэр. Си гур лъэтэным хуэдэщ ахэр щызгъэзащIэкIэ.
- Къафэм и бзэм и дахагъэм хуэдиз и гугъуагъщ, ауэ щыхъукIи, аращ абы ущIызыIэпишэр. Къафэм и дунейм сыт нэхъ къогугъуэкIыу хэлъыр?
- Узахуэщ, къафэм и бзэр къызэрымыкIуэу гугъущ. Куэд дыдэ елъытащ укъыздэфэм. А бзэр къэфакIуэхэм я закъуэкъым къызыгурыIуэн хуейр, ар еплъхэми «гъэныщкIуж» лей хэмыту зыхащIэн, ялъэгъун хуейщ. Къыхэзгъэщынут къафэм и лIэужьыгъуэхэм сэ згъэзэщIэну къызэхьэлъэкI зыри зэрахэмытыр.
Къафэм и бзэр фащэщ, фащэр зипкъ илъ псоми бзэгъу яхуэхъуркъым.
- Зы унагъуэ дахэшхуэу псэу «Кабардинка» ансамблым уи гъащIэм щиубыда увыпIэм и гугъу къытхуэщIыт.
- Нэхъ ипэкIэ зэрыщыжысIащи, «Кабардинка»-р унэ, унагъуэ етIуанэ схуэхъуащ, нэгъуэщIуи щытыфынукъым. Си закъуэкъым, псори зы унагъуэшхуэм хуэдэу дызэгурыIуэрэ дызэдэIуэжу дызэхэтщ. А унагъуэр игъэдахэрэ зэгуригъаIуэу илъэс куэд щIауэ и нэIэ щIэтщ ди унафэщI Iэзэ Атэбий Игорь. Абы ансамблыр фIыуэ дигъэлъэгъуам и мызакъуэу, ар ди гъащIэм къыпхухэмычыжыну хиящ.
- ФыздэщыIа щIыпIэхэм ящыщу нэхъ уигу къинэжахэм къытхутепсэлъыхьыт.
-ЗекIуэ къэс щхьэхуэныгъэ гуэр яIэщ, шэч хэмылъу, аращ ахэр щIэщыгъуэ зыщIыжри. Къэралу дыздэщыIам цIыхухэм икъукIэ гуапэу драгъэблагъэурэ дагъэхьэщIащ. Псом хуэмыдэу Тыркум, Сыбырым дызэрыщыIар сигу къинэжащ. Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я псэр тхэлъым ярейуэ къытпежьат. Гъуэгум хуэдэу цIыхур къыщыпцIыху щымыIэу жеIэ адыгэ псалъэжьым. Аращи, ансамблым и ежьэгъуэ къэс нэхъ зэпэгъунэгъу дызэрызэхуэхъур си щхьэкIэ зыхэсщIэрт.
Адыгэхэр я хабзэ дахэмкIэ, зэфIэкI лъагэмкIэ, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэрызэхущытымкIэ, бын зэрагъасэмкIэ, нэхъыжьым хуащI пщIэмкIэ дунейм щыцIэрыIуэщ. Дэ дыхуагъэсащ дэнэ щIыпIэ дыщымыIэми, а лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр тщIэжу абы дызэрытетыным.
- Марьянэ, уи щхьэгъусэ ШэджыхьэщIэ Русланрэ (къэфакIуэ Iэзэщ, Налшык дэт курыт еджапIэ №2-м географиемкIэ щрегъаджэ) уэрэ иджыблагъэ «Namis» фIэщыгъэм щIэт ныбжьыщIэ къэфакIуэ гуп къызэрызэвгъэпэщам сыщыгъуазэщ. Абы фызэрытегушхуам, зэрызэвгъэхъулIам щыгъуазэ дыпщIамэ арат.
- Си щхьэгъусэмрэ сэрэ илъэс куэд щIауэ дызыхуэплъа хъуэпсапIэр къыдэхъулIащ. Пэжщ, «Namis»-р иджыри гуп щIалэ дыдэщ, ауэ гугъапIэ дахэхэр зиIэщ. ЯпэщIыкIэ къэфэкIэ зезыгъэсэну хуейхэр зэхуэтшэсащ, иужькIэ адэ-анэхэр къедгъэблагъэурэ я бынхэм я ехъулIэныгъэхэр, а цIыкIухэм я утыку итыкIэ дахэр едгъэлъэгъуащ. ИтIанэ ансамбль щхьэхуэ зэхэтшэну дытегушхуащ. Иджыпсту къызэрымыкIуэу лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI, къафэ гъэщIэгъуэнхэр догъэув, фащэхэр идогъэд. КъыдэхъулIэмэ,  концерт къызэдгъэпэщынущ. Пэжщ, къэфакIуэ гуп зэхэпшэну утегушхуэныр Iуэху цIыкIукъым, ауэ уи гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэр щыплъагъукIэ, ахэр зытебгъэува гъуэгум зэрыщыгуфIыкIыр, нэхъыфIыж зэрыхъуным зэрыщIэхъуэпсыр уи нэгу щыщIэкIкIэ, къикIуэтыжыпIэ уиIэкъым. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ, зэгуэр ансамблыр сэ унагъуэ зэрысхуэхъуам хуэдэу, а цIыкIухэр зэкъуэувэн зэрыхуейр.
 Къафэм цIыхум зыхуигъасэм къыщымынэу, абы езы цIыхури Iэджэм хуегъасэ. Ар пщIэщ, щIыхьщ, зэхущытыкIэ дахэщ. Мис ахэращ ди деж къекIуалIэ сабийхэр зыщIэтпIыкIыр.

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: