Зэкъуажэгъут, зэгъунэгъут

1990 гъэ лъандэрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ музейм и унафэщIщ ЩакIуэ Марьянэ. 
Бзылъхугъэр къыщыхъуа унагъуэр лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. ЩакIуэхэрэ Куржыхэрэ (и анэмкIэ) къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм зэремыбэкъуэным, адыгэ напэр зэримыгъэулъииным щIапIыкIащ. 
«ЗэдэлъхуитIрэ зэшыпхъуитIрэ дохъури, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным дыхуэнэхъуеиншэу дыкъагъэхъуащ ди адэ-анэм, абы щхьэкIэ сыт щыгъуи фIыщIэ яхузощI. Псом нэхъапэ цIыхугъэ пхэлъын зэрыхуейм, гуп ухыхьамэ узэрыхэтыпхъэм, нэгъуэщI куэдми зэпымыууэ абыхэм гу лъыдагъатэрти, ахэр ди гъуазэу дыкъэтэджащ», - жеIэ абы.
Дыщэ медалкIэ Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №3-р къиуха нэужь, ехъулIэныгъэ иIэу ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым нэмыцэбзэмкIэ и къудамэм (I966-I97I гъэхэм). I985 гъэм абы Тбилиси щыпхигъэкIащ и диссертацэ лэжьыгъэр икIи филологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. 200I-2004 гъэхэм ар щеджащ КъБКъУ-м «УФ-м ис лъэпкъхэм я литературэ» щIэныгъэмкIэ и докторантурэм. ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ (I97I-I980 гъэхэм) ЩакIуэм нэмыцэбзэмкIэ иригъэджащ, Налшык политехническэ техникумым методисту щылэжьащ. 
ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу ар зыщIэса унэ-фэтэрыр музей ящIыну республикэ унафэщIхэм къыщыхалъхьэм, ЩакIуэр илъэс еханэ хъуауэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм (абы щыгъуэм КъБР-м и Къэрал зэгуэт музейт) и литературэ къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэу щыIэт. IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Мыд Кларэ тригъэгушхуэри, ЩоджэнцIыкIум и музейм и унафэщIу лэжьэну Марьянэ игъэкIуат, музей Iуэхум фIыуэ зэрыхэгъуэзам трищIыхьри. Марьянэ ящыщт Долинск дэт Литературэ музейми Кулиев Къайсын и музейуэ Шэджэм къалэм къыщызэIуахами елэжьахэм.
- Си адэшхуэ-анэшхуэхэм ящыщу псэууэ слъагъуну си насып къихьар си анэм и адэращ. Си адэшхуэ Куржы Гъузеррэ адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алийрэ зэкъуажэгъут, зэгъунэгъуу псэуат. УнагъуитIыр зэблагъэм хуэдэу къызэрызэдэгъуэгурыкIуам сригушхуэрт сыщыцIыкIуми. Аращ ЩоджэнцIыкIу Алий и музейр къыщызэрагъэпэщым мы лэжьыгъэм гурэ псэкIэ сыщIыбгъэдыхьар, уеблэмэ нобэр къыздэсым сыщIыпэрытыфыр. Алий и цIэр нэхъыбэрэ згъэIуну сфIэфIщ, сыту жыпIэмэ, абы лъэпкъым хуилэжьар игъащIэкIэ мыкIуэдыжын Iуэхущ, - жеIэ Марьянэ. 
ЩакIуэм Цагъуэ Нурий, Дым Iэдэм, ЛIыгъур Ибрэхьим сымэ я цIэм епха гукъэкIыжхэри иIэщ. Абыхэмрэ и адэшхуэ Гъузеррэ я гуащIэ халъхьат Кушмэзыкъуей япэ дыдэу къыщызэIуахауэ щыта еджапIэм. Хьэлэмэтракъэ, ЩоджэнцIыкIу Алий ипхъу нэхъыжь Нэлжанрэ Марьянэ и анэмри зэныбжьэгъуу зэкIэлъыкIуэу щытащ. Иджы Нэлжан ипхъу ХьэкIуащэ Мадинэрэ езымрэ зэхуэзэжащи, ахэри гуапэу къызэдогъуэгурыкIуэ. «Мадинэрэ сэрэ дыщызэхуэзэкIэ: «Классикым и пхъурылъхум сэламышхуэ», жысIэу щесхкIэ, езыми: «УзэщIакIуэм и пхъурылъхум!» - жиIэу жэуап къызитыжу дызэдогушыIэ», - жеIэ ЩакIуэм. 
ЩоджэнцIыкIу Алий и музейм зэриунафэщIым хуэдэу, ЩакIуэ Марьянэ I990 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 25-кIэ щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым. А IуэхущIапIэм Iуту, цIыхубзыр япэу елэжьащ къэбэрдей тхакIуэхэм я гъащIэмрэ гуащIэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ зэхэгъэувэным, ар I997 гъэм къыдэкIащ. Абы ихуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и музейр къызэIухыным щелэжьым зэхуихьэсыжа лэжьыгъэхэр. Абы къыкIэлъыкIуащ Шортэн Аскэрбий теухуа тхылъыр. ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси II0-рэ щрикъум, ЩакIуэм къыдигъэкIащ «Си ЩоджэнцIыкIу Алий» зыфIища и тхылъыр. А гъэ дыдэм Марьянэ дунейм къытригъэхьащ еджакIуэхэм папщIэ Налшык къалэм япэу щекIуэкIа «Он создал мир и он велик» зыфIаща литературэ фестиваль-зэпеуэм щIалэгъуалэм ЩоджэнцIыкIу Алий теухуауэ ятхахэр щызэхуэхьэса тхылъ. Къапщтэмэ, ЩакIуэм и щIэныгъэ лэжьыгъэм и нэхъыбапIэр зытриухуар классикращ.
Бзылъхугъэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ лъэпкъ театрми. 20I2 гъэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Къэбэрдей драмэм и антологие» тхылъыр. Абы ихуащ КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, Тубай Мухьэмэд, ШэджыхьэщIэ Пщыкъан, Акъсырэ Залымхъан сымэ я драматургиер. КъищынэмыщIауэ, ЩакIуэм игъэхьэзыращ Мыд Хьэжмусэ и лэжьыгъэм теухуауэ архив зэхуихьэсар зэрыт тхылъыр. Илъэс куэдкIэ институтым и зы къудамэм и унафэщIу ар зыдэлэжьа Хьэщхъуэжь Раисэ теухуа лэжьыгъэ зыбжани абы дунейм къытригъэхьащ. Марьянэ Хьэщхъуэжьым псалъэ гуапэ куэд хужеIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ и лъэныкъуэкIэ ар щапхъэ зэрыхуэхъуар къыхегъэщ. 
«ИкъукIэ си гуапэщ ди музейм ЩоджэнцIыкIу Алий теухуауэ нэхъыбэ къыщрагъэщIэн мурадкIэ егъэджакIуэхэми адэ-анэхэми щIэблэр къызэрашэр. ФIыщIэ ин яхузощI адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ езыгъэджхэм, - жеIэ бзылъхугъэм. - ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэ псор зытриухуар иджыпсту диIэ щIэблэм хуэдэ къэхъунрат икIи ар лъэпкъым зэрыхуэлэжьам тхупыщэмэ, ди бзэр кIуэдынукъым», - дыщIегъу Марьянэ.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: