Нэгъаплъэ Аскэрбий и лэжьыгъэщIэ

Нэхъ пасэу и гугъу фхуэтщIауэ щытащ Абхъаз республикэм щыщ Джапуа Батал и проекткIэ пасэрей адыгэ-абхъаз кхъухь зэфIагъэувэжауэ зэрыщытам. Хъыбар щыIэщ адыгэхэм я щэнхабзэм теухуауэ документальнэ фильм зыбжанэ зыгъэува Нэгъаплъэ Аскэрбий ар и лэжьыгъэщIэм хигъэхьауэ. 
Абхъаз щIыналъэм хыхьэ Рицэ гуэлым щытрех Нэгъаплъэм и иджырей фильмыр. Адыгэхэм я дзэ хуэIухуэщIэхэр, уэркъ щэнхабзэр Урысейм щыпсэу цIыхубэм я нэгу къыщIигъэхьэн щхьэкIэ зэлэжь иджырей теплъэгъуэми хэтынущ КъБР-м фIыуэ къыщацIыху тхыдэдж Мэрзей Аслъэнбэч. 
Ди адэжьхэм кхъухь зэрахуэу икIи ящIу зэрыщытам теухуа хъыбар куэд къыхощыж тхыдэм. 
«Адыгэхэр кхъухь 24-м ису къакIуэхэри, миль 300-кIэ хы Iуфэм Iут псори зэтрагъэсхьащ, - етхыж Венецием щыщ лIыкIуэ Винченцэ ди Алессандро I572 гъэм. – Хьэпшыпхэри унэхэм щIэлъа псори зэщIакъуащ. Иджы псори мэшынэ абыхэм къагъэзэжынкIэ». 
Мы жыIэгъуэм къыхощ урысыбзэкIэ «пират» жыхуаIэ хытет хъунщIакIуэхэм я хуэмэбжьэмэ адыгэхэми къазэрыщIихуар. Ауэ ар нобэ къызэрытщыхъум хуэдэу, щIэпхъаджагъэ зэфэзэщу къалъытэртэкъым. 
«Пират Iуэхур Кавказ Ищхъэрэм щыщ зауэлIхэм я закъуэтэкъым зи хабзэр, - етхыж Мэрзей Аслъэнбэч. – Хым пэгъунэгъуу псэуа лъэпкъ псоми яIащ ар. Хытет хъунщIакIуэхэр зытеуэр я лъэпкъым къебий къэралхэм я кхъухьхэрт, езыхэм ящыщ къыщхьэщыжакIуэ зимыIэхэрт. Гу лъытапхъэщ Испанием, Франджым хуэдэ къэралышхуэхэм пиратхэр бийхэм зэрезауэ Iэмалхэм хабжэу зэрыщытам». 
«Абыхэм (адыгэ-абхъазхэм) яIэщ цIыху 25-рэ зэрыхуэ кхъухь бгъузэ кIыхьхэр», - итхыжырт Страбон. Джапуа Батал тхыдэ тхылъхэр къигъэщхьэпэурэ зэфIигъэувэжа апхуэдэ адыгэ-абхъаз кхъухьыр Нэгъаплъэм и фильмыщIэм щытлъагъуну Iэмал диIэнущ. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: