ЗауэлI гъуэгуанэ

Iуэтэж

1947 гъэм и гъатхэт. Зауэ лыгъейм и лъэужьыр иджыри хэгъуэщэжатэкъым. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, сэлэтыр зауэм зэрыхэкIуэдамкIэ е хъыбарыншэу зэрыкIуэдамкIэ тхыгъэхэр къакIуэрт. Ауэ ахэр зейхэм я гугъэ хахыжыртэкъым... ИлъэситI дэкIами, иджыри сэлэт куэд къэкIуэжырт. Ахэр хэти госпиталым щIэлъат, хэти зыпэрыта IэнатIэм щыгувауэ арат. Сэ зауэр имыухыу уIэгъэ сыхъури, зыкъомрэ сымаджэщым сыщIэлъа нэужь унэм къэзгъэзэжат.

А зауэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэр ныбжьэгъу дызэхуищIат. Зауэ нэужьым письмокIэ дызэрыщIэрт, зыр зым и унагъуэ иригъэблагъэрт. Псом хуэмыдэжу гъэщIэгъуэн икIи гуапэ сщыхъуат антифашист Зукко Франц и письмор. Ар си унагъуэм, си лэжьыгъэм къыщIэупщIэрт, апхуэдэу гуапэу сригъэблагъэрт.

Зауэ нэужьым Германиер тIууэ гуэша хъуат. Си ныбжьэгъу антифашист Зукко Франц Германе демократическэ республикэм, Чехословакием пэмыжыжьэу щыIэ Ауэ къалэ цIыкIум щыпсэурт. Ар мамырыгъэм и телъхьэт, ди къэралым фIыуэ къыхущытт, сыткIи дзыхь зыхудигъэщIырт. Ауэ, Iуэхуракъэ, си адэ-анэми, си щхьэгъусэми, си бынхэми письмор ягу ирихьакъым, сыту жыпIэмэ ФРГ-м и ныкъуэкъуэныр зэпыуатэкъым, абы, ди къэралым къыщинэмыщIауэ, ГДР-ми адрей демократическэ къэралитI къэунэхуахэми я бийуэ пропагандэхэр хуабжьу иригъэкIуэкIырт. Абы къыхэкIыу шынагъуэ щыIэт НКВД-м уамыгъэкIуэныр. Арати, унагъуэр дегупсысри, Германием (ГДР) кIуэн Iуэхур къэдгъэнащ.

Апхуэдэурэ илъэс зыбжанэ дэкIащ, ФРГ-мрэ ГДР-мрэ зэгуагъэхьэжащ. Урысеймрэ Германиемрэ яку политикэ, экономикэ, сату зэпыщIэныгъэхэр къыдэхъуащ, къэралитIым я цIыхухэр зэкIэлъыкIуэну хуит зыщI унафи къыдэкIащ.

Махуэ гуэрым си ныбжьэгъу нэмыцэм и письмо къысIэрыхьащ. «Ди посольствэм сыщыщIэупщIэурэ уи хэщIапIэр къэзгъуэтыжащ, иджы си гуфIэгъуэшхуэу мы письмор нызотх, - итт абы. – Си къуэрылъхум и хьэгъуэлIыгъуэм зэрыунагъуэу фыкъыдогъэблагъэ...» Си щхьэгъусэ Варварэ сэрэ абы хуабжьу дыщыгуфIыкIащ, куэд дэмыкIыуи гъуэгу дытехьащ. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужьи занщIэу дыкърагъэжьэжакъым, зы тхьэмахуэкIэ дагъэхьэщIэжащ. Абы щыгъуэм Франц и благъэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ нэхъ гъунэгъуу дакъригъэцIыхуащ. Махуэ гуэрым апхуэдэу Iэнэ къытхуищтауэ дыздэщысым, хьэщIэхэм ящыщ зым зыкъысхуигъэзащ: «Ныбжьэгъу фызэрызэхуэхъуа щIыкIэм и хъыбарым дыщыгъэгъуазэт», – жиIэри.

- Абы лъандэрэ зэман куэд дэкIащ, - къыщIэздзащ сэ, - зыгуэрхэри сщыгъупщэжагъэнкIи мэхъу, ауэ дауэ мыхъуми, Iуэхур зэрекIуэкIам вжес1эжынщ. Сэ Сыбырым сыщыщщ, си цIэр Давидщ, си унэцIэр Сорокинщ. 1942 гъэм и гъатхэм Сыбыр фочауэ полкым сыхэту Сталинград зэхэуэм дыIуашащ. Жей, зыгъэпсэху жыхуаIэр дымыщIэу, уеблэмэ щIыIэ уаер зыхэдмыщIэу зы быдапIэр зэ нэмыцэхэм зэ Дзэ Плъыжьым къытIэрыхьэу дызэзауэрт. Нэмыцэ бомбэзехьэхэр ди щхьэщыгум икIыртэкъым. Нэмыцэ танкхэр къытхуэкIуэрт. Жыжьэрыуэ топхэр къытхэуэрт. Ракетэ драгъэуейхэмрэ мафIэ лыгъэхэмрэ жэщ кIыфIыр махуэу къыпщагъэхъурт. Ди топауэ, фочауэ ротэхэри къикIуэтыртэкъым. Сталинград зэхэуэр иуха нэужь дызыхэт дивизэм КъуэкIыпIэ фронтымкIэ иунэтIащ. КъуэкIыпIэ УкраинэмкIэ дынэсауэ, хьэпшып къызэрырашэкI мафIэгум дису дыздэкIуэм, нэмыцэ бомбэзехьэхэр къыттеуащ. Ди мафIэгум зы бомбэ къытехуэри дызэтрикъутащ. ЗэрыгъэкIий, щэIу макъхэр дэнэкIи щызэхэпхырт, медсестрахэм уIэгъэ хъуахэр къалъыхъуэу зэхэзежэрт. Нэху сыкъыщекIам, губгъуэ сымаджэщым сыщIэлът, си лъакъуитIыр згъэхъей хъуртэкъым. Сытми, тIэкIу нэхъыфI сыкъэхъужа нэужь, унэм сыкIуэжыну хуит сащIащ, адэкIэ зауэм сыхэтыну си узыншагъэмкIэ зэрыхуэмыхъум къыхэкIыу.

Арати, щIакъуэ башыр сIыгъыу, си хьэпшып тIэкIур зэрылъ къэлътмакъ цIыкIур си щIыбым илъу лъэсу гъуэгу сыкъытеувэжащ.  Хуэмурэ си гъуэгур хэзгъэщIурэ сыкъакIуэрт. Махуэм и зэхуэдитI хъуат жыжьэу зы шыгу къыщыслъэгъуам. Уэлэхьи, мис иджым си насып къыщикIар, жысIэри сыкъыпыгуфIыкIащ. Сынэсмэ, шитIым я зыр щIэукIыкIат. Гум сиплъэмэ, зы сэлэт илъщ. Ар жейуэ къысфIэщIащ, арщхьэкIэ, мылым хуэдэу, дият. Гум мэкъу тIэкIу, бел, гуахъуэ, шэмэдж илът. Мэкъу лъабжьэм джыди щIэлът. АдэкIэ сыплъэмэ, зы жыг лъагэ щыту къэслъэгъуащ. Гум щIэлIыкIа шым и Iэпслъэпсыр зэпызупщIщ, адрей шым и IумпIэр субыдри къизгъэкIуэтыжащ, ар зыхуей хуэзгъэзэжри, гъуэгу сытехьэжащ. А жыг закъуэм деж сынэсри, гур къэзгъэувыIащ. Хьэдэр гум къисхри, жыг щIагъым деж щыщIэслъхьащ, ар хэтми къозыгъащIэ тхылъ сэлэтым и жыпхэм щызгъуэтакъым, пхъэбгъу хэстIам зыгуэрхэр тестхэри, си гъуэгу сытеувэжащ.

ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ губгъуэшхуэ сихьащ. Губгъуэ нэщIым къуаргъхэр щыуфэразэрт, нэм къиплъыхьыр нэмыцэ хьэдэт. Хэт ищIэрэ, псэууэ ди сэлэт хэтмэ, жысIэри гур къэзгъэувыIащ, и хьэдэхэр зэпэсплъыхьу щIэздзащ. Ди сэлэт хэзмылъагъуэу сыкъыщыхэкIыжым, щэIу макъ къэIуащ. Сыбгъэдыхьэмэ, нэмыцэ сэлэтт. Абы урысыбзэ тIэкIу ищIэу къыщIэкIащ. Ар къызэлъэIуащ сеуэу сукIыну. «Уэ уфашист?» - сеупщIащ абы. «Хьэуэ, сэ сыантифашистщ, Гитлер и зэранкIэ зауэм сыхэхуащ, сэ зыри сукIакъым», - жиIащ абы хуэм дыдэу. Абы жиIа псалъэхэм семыгупсысу, сэлэтыр гум изгъэгъуалъхьэри, гъуэгу сытеувэжащ. Гъуэгу дыздытетым абы къызжиIащ дзэм ирамыджэ щIыкIэ егъэджакIуэу зэрылэжьар, гъащ1эм хуи1э еплъык1эхэми сыщигъэгъуэзащ. Гъуэгу дыздытетым, кIыфI къыттехъуащ. Аддэ жыжьэу зы мафIэ цIу гуэр къэслъэгъуащ. Псы Iуфэм Iут унэм зы лIыжь-фызыжь япхъу закъуэр я гъусэу щыпсэурт. Абы нэху сыкъыщекIащ, гури сэлэтри абы къахуэзгъэнащ, зызэман дызэрихьэлIэ хъумэ, жысIэри си хэщIапIэми щызгъэгъуэзащ...

Мис апхуэдэ зэныбжьэгъугъэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм къыхэтхащ урыс сэлэтымрэ нэмыцэ сэлэтымрэ...

Пщыбий СулътIан.
Поделиться:

Читать также: