Япэ щытхъухэр

Нэхущ Чэрим, артист:
    Ещанэ классым сыщIэсу район зэпеуэ гуэрым сыхэтт. Абы гу къыщыслъызытауэ щыта ГъукIэлI Исуф дежщ щытхъу псалъэ япэу щызэхэсхар, нобэми сыхуэарэзыщ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) зыгуэр зэрысхузэфIэкIынур япэу къызыгурыIуахэм ящыщ зыуэ щыт Исуф. Абы телевиденэми сригъэблагъэри, класс нэхъыжьхэм щеджэ щIалэхэр си щIыбагъым къыдэту адыгэ уэрэдыжьхэр жызигъэIауэ щытат.
    ИужькIэ, цIыхухэм нэхъ сыкъащIэ хъуауэ апхуэдэ псалъэхэр утыкум щыжиIат КъБР-м и Президенту илъэс куэдкIэ щыта КIуэкIуэ Валерий. Мис ахэр нэхъ си гум къинэжащ, зым си щIалэгъуэ дыдэу, адрейм – зыгуэрхэр сщIэ си гугъэу утыку сыкъихьэ-сикIыжу сыщыщыт зэманхэм къызжаIати.

УэрэджыIакIуэ сымыхъуамэ…
    Школым сыщыщIэс зэманым дзэм елэжь дохутырхэм я IэщIагъэр сигу ирихьу, си хъуэпсапIэу щытащ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр, сигу ирихь къудей мыхъуу, ар схузэфIэкIыну си къарум сыкъызэригъэгугъэрт. Нобэми согупсыс апхуэдэу.

ГъащIэм щапхъэ щысхуэхъуахэр
    Зы цIыху щхьэхуэ мыхъуу, си къуэш нэхъыжьищри си дежкIэ щапхъэщ. Абыхэм къакIэлъыкIуэ я ныбжьэгъухэм си къуэшхэр зэрахущытыр, зэрабгъэдэтыр си нэгу щIэкIырт, нэхъ пэжри арауэ къысщыхъурти, садэплъейуэ нобэм сыкъэсащ. Уи унагъуэм ущытхъужыныр адыгэхэм ди хабзэкъым, ауэ нобэ симыIэж си адэ-анэр сэркIэ щапхъэшхуэу зэрыщытар къыхэзмыгъэщын слъэкIынукъым. Абыхэм цIыхур фIыуэ ялъагъурт, дэтхэнэ зы цIыхуми бгъэдыхьэкIэ, бгъэдэтыкIэ дахэ хуаIэу апхуэдэт.

Ущие
    Си ущиер къабыл ящIу къащтэну щытмэ, си щхьэм еспэсыр аращи, укъэзылъхуахэр пщыгъупщэ зэрымыхъунур, укъызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуэпщIын, пхузэфIэкIыу уи къарум къыдэкIымкIэ уи лъэпкъым сэбэп ухуэхъун зэрыхуейр сабийми балигъми я гум илъыну захузогъазэ. Нэхъыжьхэм я деж къыщемыжьэ нэхъыщIэм зыхалъхьэнукъыми, щапхъэ нэс щIэблэм Тхьэм дахуищI.

Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: