Къытхыхьэжахэри адыгэщ, зыхузэфIэмыкIахэри адыгэу къонэж

Илъэси 10 ипэ СХьР-м зауэ къызэрыщыхъейрэ, адыгэ зэрыс республикищым къэкIуэжа щыIэхэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэми къы­дэтIысхьэжри, лъахэм щыщыIэ псэукIэм хэсыхьыжащ, абы емысэу нэ­гъуэщI къэралхэм Iэпхъуэжаи щыIэхэщ. Дэ мызэ-мытIэу дыщыIащ Дуней­псо Адыгэ Хасэм унэ къахуищэхуу Кременчуг-Константиновкэ, Благовещенкэ, Урыху, Аргудан, Ерокъуэ, Жэмтхьэлэ, нэгъуэщI жылэхэм дэтIысхьэжа унагъуэхэм я деж. Хьэрыпхэм яхэсу еса цIыхухэр гурэ-псэкIэ адыгэу къы­щIэкIащ икIи адыгэ гъащIэм техьэжыным гугъу дехьауэ пхужыIэнукъым. Ахэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ цIыху щхьэхуэхэри ядэ­Iэпыкъуащ, зыхэтIысхьахэрати, гъунэгъу гумащIэу къыщIэкIри, куэдкIэ сэбэп къахуэхъуащ. Иджы абыхэм былымхэр, джэдкъазхэр ягъашхэ, хадэ ящIэ, гъавэ ягъэкI, IэнатIэ пэрытщ. Сабийхэр хъарзынэу гъэсапIэхэм, еджапIэхэм щIэзэгъащ, бзэхэр зрагъэщIащ, ныбжьэгъухэр яIэ хъуащ. 

КъэкIуэжар мащIэми, махуэ хэха яIэщ. А махуэр Адыгэ Республикэм къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр ­къапщтэмэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, 2010 гъэ лъандэрэ егъэлъапIэ, апхуэдэщ Къэрэшей-Шэрджэсри. НобэкIэ къапщтэу щытмэ, Тыркум, Си­рием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм къикIыжауэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым - цIыху 3000-м нэблагъэ, Адыгэ Республикэм цIыху 2000 щопсэу, Къэрэшей-Шэрджэсми щыпсэуну къэкIуэжа щыIэхэщ. 
Куэдкъым, бжыгъэхэм уеплъмэ. ГущIыхьэщ хамэ хэку куэдрэ узэрыщы­мы­адыгэфынур. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэхъапэм къалэшхуэхэм епха вилайетхэм адыгэ къуажэ цIыкIухэр щаухуауэ, зэлъэпкъэгъухэм фIэкIа дэмысу щытамэ, иджы еджэн, лэжьэн щхьэкIэ цIыхухэр къалэхэм Iэпхъуэурэ къыдэнэжаIакъым. Ауэ си ныбжьэгъухэм, цIыхугъэхэм жаIэу зэрызэхэсхамкIэ, а къуажэхэм дэ­кIахэм я щIэблэм унэхэр къащэхужурэ ягъэув, е псэупIэ нэхъ ин иращIыхьри, гъэмахуэхэм кIуэжурэ абы щопсэу, зыщагъэпсэху. А хъыбарыр щызэхэсхым ­сигу къэкIащ: къуажэм зыгъэзэжыну зыфIэфIым хэкум къигъэзэжыну дапщэ­-щу пIэрэ игу къыщихьэнур? Тырку адэжь лъапсэр къэзыщэхужыр Кавказым, адэшхуэм и хэкум, къыхуеIэну пIэрэ? Я лъым хэмыжэбзыкIауэ хэтыжу пIэрэ адыгэлъыр?! Хэту си фIэщ сщIыну сыхуейщ, зэман дэкIын хуей къудейуэ аращ. Хэхэс лIыжь гуэрым жиIэу зэхэсхащ адыгэ дунейр илъэс бжыгъэ куэдкIэ зэры­зэтещэхар, ар зэфIэувэжынми апхуэдиз пIалъэ зэрихьынур. Абы къикIыр упэплъэн, угугъэн хуейуэ аращ. 
ГъащIэм зэманым зыдихъуэжурэ макIуэ. А Тырку дыдэр къапщтэмэ, куэд ­щIакъым абы лъэпкъыу исыр тыркуу ялъытэу зэрыщытрэ. Абы тыркухэмрэ ­курдхэмрэ зэпэщIигъэуващ, лъыи ягъэжащ, ауэ Тыркум и унафэщIхэр ирагъэкIуэкI лъэпкъ политикэм хэплъэжри, курдхэми, адыгэхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми я анэдэлъхубзэр яджыжыну хуиту унафэ къащтэн хуей хъуащ. Иджы абы и телевиденэми нэгъуэщIыбзэкIэ укъыщыпсалъэ, нэтынхэр къы­щыпт мэхъу. Университетхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэр щрагъэдж, абы щыщщ адыгэбзэри. 
Нобэ Тыркум хуит щыхъуа а Iуэхухэм щхьэкIэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм цIыху ягъэтIысу щытащ. Зы лъэхъэнэ тырку аскэрхэр (полицэм, дзэм и лэ­жьакIуэхэр) хабзэр къызэпызыудхэм я деж кIуэрэ дашу, я унэхэм щIэлъхэр ­щIахыу щытащ. Курдхэм я закъуэтэкъым лей къызытехьэр, атIэ адыгэхэри хьэзаб куэд хагъэтащ. Мис абы щыгъуэ адыгэ унагъуэхэм я адэжьхэм я щIэину, ­хэкум и фэеплъу яхъумэу щыта хьэпшып лъапIэ куэд щIагъэкъэбзыкIащ - дыщэ, дыжьын бгырыпххэр, къамэхэр, сэшхуэхэр, уанэхэр, нэгъуэщIхэри. Хьэпшыпхэм я Iуэху зомыхуи, лъэпкъ пашэу щыт лъэпкъылI нэсхэр хьэпсым ирадзэрт, я лъэпкъ Iуэху зэрызэрахуэм щхьэкIэ, апхуэдэ хъыбархэр яIэщ дэ фIыуэ тцIыху Къущхьэ Догъэн, Хъуажь Фахъри, Нэгъуей Яшар, Едыдж Мэмэт, Едыдж Нихьаи сымэ, нэгъуэщIхэми. Ауэ ахэр екIуэкIа политикэм зыкIи нэхъ гуащIэмащIэ ­ищIакъым, я лъэпкъым, я хэкум, я бзэм, я адыгагъэм хуэпэжу къэнэжауэ мэпсэу, хэкур я унэ етIуанэу. 
Нобэ екIуэкI гъащIэр нэгъуэщIщ, дэнэ щыпсэу адыгэми зыми къыпиубыдыркъым нэхъ мыхъуми и бзэр зригъэщIэну, абы и унагъуэм щрипсэлъэну, щIэблэм яIурилъхьэну. ДыщIохъуэпс а зэхэщIыкIыр мыкIуэду нобэрей хэхэс щIэблэм ­къадекIуэкIыну икIи адэжь Хэкум ди лъэпкъэгъухэр къэзышэж гъуэгур нэхъ тынш хъуну. 
 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: