ХадэхэкIыр кърахьэлIэжКъэбэрдей - Балъкъэрым и консерв заводхэм я гъэмахуэ лэжьыгъэр сыт щыгъуи зэраублэр джэш щхъуантIэрщ. Мы Iуэхум япэу пэрыхьащ Тэрч, Аруан щIыналъэхэм я заводхэр. Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэми мы илъэсым джэш щхъуантIэу гектар 500 - нэс хасащ. Абы и Iухыжыным ноби пэрытщ. Районым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и Управленэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, зы гектарым хуэзэу тонни 5 - м щIигъу къытрах. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, 2022 гъэм ар тонн 2645 - м нэсынущ. Комбайным къихыр занщIэу консерв заводхэм ирагъашэ. ХадэхэкIым елэжь IуэхущIапIэхэм мы гъэм джэш щхъуантIэу гектар мини 5 хасащ. Ар 2021 гъэм яIам хуэдиз дыдэ мэхъу. ФIэIугъэр къыщIэзыгъэкI заводхэм я нэхъыбэм щIадзауэ езыхэр гъэм зэлэжьыфынум хуэдиз хасэ. Ар хэкIыпIэ хъарзынэщ Урысейм и сату щIапIэ утыкухэм и чэзум ихьэнымкIэ. Ауэ щыхъукIэ, ди фIэIугъэхэм я щIыуэпс къабзагъкIэ нэхъыфI дыдэхэм хабжэ, щIэупщIэшхуи яIэщ. Къапщтэмэ, илъэс кIуам Къэбэрдей - Балъкъэрым джэш щхъуантIэ гъэфIэIуауэ банкI мелуан 57 - м щIигъу къыщыщIагъэкIащ икIи абы еубыд ди республикэм фIэIугъэу щащIам и процент 20 - р.
Поделиться:
Читать также:
19.08.2022 - 19:12 →
Лэжьыгъэр фIэкIуэдынкIэ мэхъу
19.08.2022 - 16:01 →
Хущхъуэ лъапIэмкIэ къызэрагъэпэщ
19.08.2022 - 15:58 →
И зэфIэкIыр нэхъ ин хъуащ
19.08.2022 - 14:55 →
Зызыгъэпсэху сабийхэм я хьэщIащ
19.08.2022 - 09:20 →
ПсэупIэм ехьэлIа Iуэхухэр
|